ЗыгъэпскIыпIэхэр яхъумэ

Къэрэшей-Черкесым и «хытIыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм иIэ зыгъэпскIыпIэхэм я къабзагъкIэ экспертхэм нагъыщэфI хуагъэуващ. Абдежхэм къегъэлакIуэхэм, медицинэм и лэжьакIуэхэм я IуэхущIапIэхэр щытщ. Ахэр цIыхум япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырагъэгъуэтыну IэмэпсымэхэмкIэ, зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ къызэгъэпэщащ. ПсыщIагъхэр щIэх-щIэхыурэ щIаплъыкI.

КъинэмыщIауэ, зыздэпхуэпэжыну пыщIыкI цIыкIухэр ягъэуващ. Къэрэшей-Черкесым гигиенэмрэ эпидемиологиемрэкIэ и Купсэм и IэщIагъэлIхэм илъэс къэс, накъыгъэ мазэм (май) къы щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм (октябрым) нэс, уз зэрыцIалэхэр къыхэмыкIын папщIэ, псым щыщ къащтэурэ, лабораторэм щыщIа плъыкI.

УзэрыщыгуфIыкIынщи, уз зэрыцIалэр къэзыгъэхъеинкIэ шынагъуэ щыIэу зыри къыщIагъэщакъым. Абы къыдэкIуэуи, псы IущIахэм (пруды) ярыт псым я щытыкIэри Роспотребнадзорым и КъЧР-м Управленэм и нэIэм щIэтщ. Апхуэдэу, 2017 гъэм псы Iуфэхэм щылъ пшахъуэхэр тIэунейрэ щIаплъыкIащ. ЩIэплъыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ар ягъэнэIуа мардэм тетщ. Урысейм и МЧС-м и Управленэ Нэхъыщхьэу Къэрэшей-Черкесым щыIэм псыхэм деж цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и инспекторхэм «хытIыгу ЩхъуантIэм» деж иIэ псы IущIахэм зыщыбгъэпскI хъуну къалъытащ.

К ъ ы х э г ъ э щ ы п х ъ э щ , МЧС-м и лэжьакIуэхэм щIэплъыкIыныгъэ ирагъэкIуэкIахэм къегъэлакIуэхэм я лэжьыгъэм, зыгъэпскIыпIэхэр уэздыгъэкIэ къызэрыгъэнэхуам, къегъэлыныгъэ лэжьыгъэхэм кхъухьхэр зэрыхуэхьэзырым гулъытэ нэс зэрыхуащIар. КъинэмыщIауэ, МЧС-м и лэжьакIуэхэм фIыкIэ къыхагъэщащ зыздэбгъэпскI мыхъуну щIыпIэхэм нагъыщэхэр зэрыщытыр. ЗыгъэпскIыпIэ щIыпIэхэм «Аварийно-спасательное формирование на водных объектах» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр щыплъырщ. Апхуэдэщи, жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр яхъумэ икIи псы Iуфэхэм деж чэф зиIэ зэрыIумыхьэным кIэлъоплъ Черкесск къалэм и полицэм и лэжьакIуэхэр.

ДЗЭМЫХЬ Маринэ 

еджэн

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.