Лъэпкъым и къекIуэкIыкIар
Къэбэрдеишхуэм щыпсэуа адыгэхэм я иужьрей пщы уэлийуэ щытащ Бэчмырзэ Жанхъуэт и къуэ Кушыку. Бэчмырзэ унагъуэцIэр къэзыщтауэ щытахэр Пщыапщокъуэ Къазий къытепщIыкIахэращ. Къазий и къуэрылъху Жамболэт щIалих къыщIэхъуауэ щытащ: Тэтэрхъан, Щолэхъу, Долэт –Джэрий, Бэтокъуэ, Къайсын, Елмырзэ сымэ.
Тхыдэтххэм къызэраIуатэмкIэ, Бэчмырзэ (Бекмурза) унагъуэцIэр япэ къэзыщтар Тэтэрхъанщ. Урысейм къулыкъу хуэзыщIа Бэчмырзэ зэкъуэшхэр Православнэ члисэм и тхылъми Урысей уэркъхэм я тхылъми «Бекович-Черкасский» жэуэ иратхащ. Бэчмырзэ и щIалэхэм Урысей къэралым къулыкъу щрахьэкIыным генералиссимус Михаил Алегукович Черкасскэр хэмыпсэлъауэ фIэщ щIыгъуейщ. Къетыкъуэ Бэчмырзэ и щIалэ нэхъыжь Тэтэрхъан къыщыхъуа гъэр щыгъэнэхуа тхыгъэ нобэкIэ убзыхуауэ щыIэкъым, ауэ и гъащIэм и къекIуэкIыкIам теухуа тхыгъэхэр урысей тхыдэм къыхахыжащ. А тхыгъэжьхэм Тэтэрхъан и гъащIэм и къекIуэкIыкIа псор къаIуатэу щымытми, зэфIиха Iуэху куэдым дыщагъэгъуазэ.
Псалъэм папщIэ, тхыгъэжьхэм къытхуаубзыху 1711 гъэм адыгэхэм Кърым хъаным и дзэр Псыжь адрыщI деж щызэтракъутам, Тэтэрхъан адыгэ шуудзэм зэрыхэтар. 1732 гъэм Къэбэрдеишхуэм и пщы уэлий Мысост и къуэ Ислъамбэч дунейр щибгынэжым, Тэтэрхъан Къэбэрдеишхуэм я пщы уэлий хъуащ. 1736 гъэм Урысей къэралымрэ Тыркумрэ я зэпэщIэтыныгъэр къыщыхъейм, Тэтэрхъан урысхэм я дэIэпыкъуэгъуу шу минитI игъэкIуауэ щытащ. АдэкIэ 1737 гъэм Тэтэрхъан и унэкъуэщ Къетыкъуэ Аслъэнбэч урыс пащтыхьым тхьэусыхэ тхыгъэ хуригъэхьауэ щытащ и къуэшым Тыркум и лъэныкъуэр къызэрищтамкIэ.
А лъэхъэнэм Урысейм и быдапIэ Тарки мафIэсышхуэ къыщыхъеяуэ щытащ. Урыс быдапIэм мафIэсыр Тэтэрхъан и унафэкIэ ирадзауэ Аслъэнбэч пащтыхьым тхыгъэ щыIэщIигъэхьэм, пщы уэлийр шынэри Ащтырхъан (Астрахань) зыгъэпщкIупIэкIэ Iэпхъуэжащ. Аслъэнбэч а лъэхъэнэм Мысостхэ IупэфIэгъу къищIри Къэбэрдеишхуэм и пщы уэлий яфIэхъуащ. Куэд темыкIыу урыс Правительствэм лIыкIуэ къигъакIуэри Тэтэрхъан и къуэш Аслъэнбэчым ирагъэкIужауэ щытащ.
Тэтэрхъан и къуэшым екIужа иужь, и лъахэм къигъэзэжри, куэд темыкIыу дунейм ехыжащ. Ауэ и унагъуэцIэм адэкIэ къыпащэну щIалищ къигъэнащ: Кургъуокъуэ, Жанхъуэт, Мысост жэуэ. АдэкIэ Бэчмырзэ Тэтэрхъан и къуэш нэхъыщIэ Долэт-Джэрий, Кавказым и мызакъуэу, Урысей псом а унагъуэцIэр цIэрыIуэ ищIын хузэфIэкIащ. Долэт-Джэрий Урысейм къэхута зэрыхъуар нобэр къыздэсым убзыхуауэ щыткъым, ауэ Бэчмырзэхэ я мызакъуэу, лъэпкъ псор дызэрыгушхуэн, дызэрыинын лъэужь дахэ абы дунейм къытринащ. Бэчмырзэ унагъуэцIэр зезыхьахэм Долэт-Джэрийщ псом япэ Урысейм я члисэ тхылъми, уэркъышхуэхэм я тхылъми Бекович-Черкасский унагъуэцIэр зрату, Александр и цIэу иратхар.
АдэкIэ Александр Бекович-Черкасский и цIэм ущрехьэлIэ 1708- 1709 гъэхэм пащтыхь Петр езанэм кхъухьхэр хым щызегъэкIуэным хурагъэджэну уэркъ щIалэщIэ гуп Италием, Голладием ягъэкIуахэр щагъэбелджылам. Черкасский Александр Бекович еджэныр къызэриухыу, пащтыхь Петр езанэм и унафэкIэ, Преображенскэ полкым и къулыкъур щрегъажьэ. 1714 гъэм мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм и 2-м капитан-поручик Черкасскэр пащтыхьым иреджэри хъыбарыщIэ зэхихам щыгъуазэ щещI.
Пащтыхьым къыхуахьат убзыхун хуей хъыбар Каспий гуэлым узэпрыкIмэ, Амударья псым и жапIэжьым Хива къэралым я хъаным дыщэ пшахъуэ къыщыхущIахыу. А пщэрылъ хьэлъэр зыгъэзэщIэфыну пащтыхьым дзэпщ иIэхэм яхилъэгъуар Долэт-Джэрий — Александр Бекович-Черкасский закъуэщ. Дзэзешэ щIалэщIэр здэкIуэн хуей щIыналъэм а лъэхъэнэм урысхэр мащIэ дыдэт зэрыщыгъуазэр. Дыщэ къыщIэхыпIэм нэмыщIу, Долэт-Джэрий Индием хуэзышэ гъуэгужьыр къигъуэтыжынри и пщэрылът. 1715 гъэм Черкасский Александр Бекович Ащтырхъан деж щопсыхри, и къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу щIедзэ. Псом япэ къретхэкI Каспий гуэлым деж Иран къэралым бгъэдэлъу щаухуа быдапIэхэр, гуэлым и кхъухь зекIуапIэхэр, кхъухьхэм я тедзапIэхэр. Абдеж Александр къызэрегъэпэщ Каспий гуэлым и япэ географие картэр, фэеплъ мыкIуэдыжу Урысей къэралым къыхуигъэнар. 1717 гъэм Александр Хива хъаным иригъэблагъэри, хьэщIэр щыжейм, и гъуса нэрыбгэ щитхури къыдэкIуэу, зэтраукIащ. Александр и щхьэгъусэу щытащ Урысейм и дзэпщышхуэ, фельдмаршал Галицин Борис ипхъу Марфэ.
Александр иужь кIэщIу иту Марфи дунейм ехыжащ. Марфэ и хьэдэр Каспий хым къыхахыжащ, ауэ бзылъхугъэр хым итхьэлэн щIэхъуа щхьэусыгъуар убзыхуауэ тхыгъэхэм къыхэщкъым. Урысей дзэпщ щIэныгъэлI Бекович-Черкасскэмрэ Марфэрэ щIалитI къащIэнауэ щытащ. Нэхъыжь Александр Александрович быныншэу Урысейм и дзэм и полковникыу дунейм ехыжащ. И адэм и фэеплъу Пензэ областым хыхьэ зы къуажэм Беково фIаригъэщауэ щытащ.
Къуажэр нэхъ ин хъуауэ, нэхъ зиужьауэ ди нобэми щыIэщ. Александр Александрович Бекович-Черкасский нэхъыщIэр Урысейм и дзэм бригадиру къулыкъу щрихьэкIащ. Александр Александрович нэхъыщIэм Бытырбыху и губернатор Мильгунов и пщащэр щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ. Александррэ Наталье Петровнэрэ щIалитху къащIэхъуащ. Нэхъыжь дыдэмрэ нэхъыщIэмрэ офицерхэу дзэм къулыкъу щрахьэкIащ. Александр Александрович и щIалэ етIуанэ Петр Александрович Бекович-Черкасский полковник нагъыщэр иIэу быныншэу дунейм ехыжащ. Александр Александрович Бекович-Черкасский и щIалэ ещанэ Дмитрий Александрович Симбирск хэгъуэгум и губернатору щытащ.
Действительный Стаский Советник (генерал-майор) нагъыщэр иIащ. АдэкIэ Долэт-Джэрий и къуэш нэхъыщIэ Елмырзэ (Эльмурза Бекович-Черкасский) и шынэхъыжьым хуэдэу и гъащIэр Урысейм и дзэм пищIауэ щытащ. ЩIэныгъэлI къэхутакIуэхэм Елмырзэ къыщыхъуар 1698 гъэрауэ нэхъ трагъащIэ. Урысейм къыщыхутари убзыхуауэ тхыгъэ щыгъэбелджыла щыIэкъым, ауэ щIэныгъэлI куэдым 1720-1721 гъэхэм пщы щIалэщIэр Бытырбыху щеджауэ къалъытэ. 1722 гъэм Елмырзэ офицер нагъыщэр — поручикыр къыхуагъэфащэри, офицерхэм я нагъыщэм къыхущIагъу шпагэсэшхуэр.
Уеблэмэ пащтыхь Петр езанэм и щхьэкIэ ар къыIэщIилъхьауэ щытащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ Елмырзэ и гъащIэм и къекIуэкIыкIар тхыгъэжьхэм фIы дыдэу щыгъэбелджылащ. А гъэ дыдэм Елмырзэ Урысейм и пащтыхьым щIыгъуу Каспий хэгъуэгум зекIуэ дэкIуауэ щытащ.
1727 гъэм Елмырзэ подполковник нагъыщэр къилъэщащ. 1731 гъэм Елмырзэ Урысей къэралым и полковник хъуащ. 1737 гъэм Терско-Кизлярскэ дзэ пакIэм и унафэщIу ягъэуващ. Тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ, ахъшэу сом 1300-рэ, хьэжыгъэу четверть 50, шагъыр пэгунищэ (100 ведер вина) къащIыгъужу и улахуэу щытащ.
1744 гъэм бадзэуэгъуэ (июль) мазэм и 15 махуэм Елмырзэ Урысей къэралым и генерал-майор нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. А лъэхъэнэм Урысейм Тыркуейм, Персием, Кърымым ядригъэкIуэкIа зауэхэм хэтащ. 1763 гъэм Урысей къэралым и пащтыхьыщIэ Екатеринэ е II-м и деж щыхьэщIауэ щытащ. Елмырзэ 1765 гъэм дунейм ехыжащ. И щIалэ нэхъыжьищым Урысейм и дзэ пакIэхэм езым хуэдэу къулыкъу щрахьэкIащ. И щIалэ нэхъыжь Долэт-Джэрий ротмистр, Темыр-Болэтрэ Иналрэ поручик нагъыщэр яIауэ тхыгъэжьхэм къыхощыж.
Елмырзэ и щIалэ нэхъыжьхэм нэмыщIу, я ныбжькIэ нэхъ сабийуэ щIалитху къыщIэнати я къуэш нэхъыжьхэм я гъэфIэн, гъэсэну ящтэжауэ щытащ. Генерал Елмырзэ и къуэ Темыр- Болэт 1773 гъэм секунд- майор нагъыщэр иIэу Кизляр дэс тэтэрхэм, окочанхэм (шэшэн-ингушхэм), адыгэхэм я унафэщIу къагъэкIуэж. Темыр- Болэт 1775 гъэм дунейр щибгынэжым IэщIэлъа IэнатIэр и къуэш Александр Николаевич Бекович-Черкас ский (Къасполэт ) IэщIалъхьэжащ. Александр Николаевич щхьэгъу сэу Мудар-Кончаковэ Любовь Андреевнэ къищтэри, щIалиплI зэдагъуэтащ.
Нэхъыжьыр Алексейщ, етIуанэр Федорщ (Тембот), ещанэр Ефимщ, Аслъэнбэч нэхъыщIэ дыдэщ. Александр Николаевич Бекович- Черкасский (Къасболэт Елмырзэ и къуэр) къулыкъум илъэс 35-кIэ хэтащ. Полковник нагъыщэр иIэу, и щIалиплIыр ибэу къанэри, дунейр ибгынэжащ. Александр Николаевич и щIалэ етIуанэ, генерал-майор Федор (Тембот) Александрович адыгэм дунейр зэфIэтыху ящымыгъупщэжын щIэпхъаджагъэ къарищIылIащ. 1825 гъэм щIымахуэм и ткIиигъуэм Къэрэмызэ Алий и жылэм теуэри игъэсауэ щытащ. Аращ и лъэпкъэгъухэм Федор Александрович ягу къызэринар.
Езыри быныншэу 1833 гъэм дунейм ехыжащ. ЖыIэпхъэщи, Кавказым щыпсэуа пщыхэм я нэхъ бей дыдэу щытащ Федор Александрович. Ди нобэм шэшэнхэр, ингушхэр, осетинхэр щыпсэу бгы лъапэхэр хэкI имыIэу Федор Александрович Бекович-Черкасский IэщIэлъащ. Тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ, Федор дестынэ мин 100 000-м щIигъу щIыгуу IэщIэлъащ. Федор и къуэш Аслъэнбэч 1794 гъэм къэхъуащ, илъэситIкIэ Федор нэхърэ нэхъыщIэт. 1869 гъэм дунейм ехыжащ. И къуэш Федор хуэдэу, Ефим Александрович Урысейм и дзэ пакIэхэм къулыкъу щрихьэкIащ. Полковник нагъыщэр иIэу дзэм къыхэкIыжри, Дагъыстаным щыпсэу къумыкъу лъэпкъхэм япщу щыта Таймазовхэ япхъу щхьэгъусэу къишащ.
Ефим и щхьэгъусэр тхыгъэжьхэм къызэрыхэщыр Белохинэ Ахтаровнэщ. Ефимрэ Белохинэрэ быниплI зэдагъуэтащ. Нэхъыжьыр ПIэрыскъанщ (Прускан), етIуанэр Къетыкъуэщ (Виктор), ещанэр Елмырзэщ (Николай), еплIанэр Аслъэнбэч-Николайщ. Ефим и бынхэм ящыщу жор зыпщIэхамылъхьауэ яхэтар ипхъу ПIэрыскъанщ. ПIэрыскъан чыристан диныр къимыщтэу муслъымэну къэнати, Къэбэрдеишхуэм щыпсэу пщыхэкI Наурызхэ яшащ. Федор дунейм щехыжым бгъэдэлъа мылъкур щIыгу Iыхьэ дестынэ минищэри щIыгъуу Ефим къылъысыжауэ щытащ.
Федор Александрович и щIэину Ефим къылъыса щIы Iыхьэр Урысей Прави- тельствэм къищэхужри, Кавказ хэгъуэгум щIыгуншэу къурш аузхэм ипхъыхьауэ щыпсэу лъэпкъхэм: шэшэнхэм, ингушхэм, осетинхэм, къэзакъхэм, урыс мэкъумэшыщIэхэм яхуигуэшурэ иригъэтIысхьащ. Бэчмырзэ Тэтэрхъан и къуэш нэхъыщIэ Бэтокъуэ Къэбэрдейм я пщы уэлий хъуауэ щытащ. Къэбэрдеишхуэм иужьрей и пщы уэлийуэ яIар Жанхъуэт и къуэ Кушыкупщщ. Бэчмырзэ Кушыку Тэтэрхъан и щIалэ етIуанэ Жанхъуэт и къуэщ. ЖыIэпхъэщи, 1822 гъэм нэс Къэбэрдейм я пщы уэлийр тхыгъэжьхэм къызэрыхэщыр Бэчмырзэ Жанхъуэт и къуэ Кушыкупщщ (Бекмурзинского рода Жанхота сын князь Кучук).
Нэхъ кIасэу ятха тхыгъэхэм «Кучук Жанхотовщ» къызэрыхэщыр. Шэч хэмылъу, Кушыку и адэм и цIэр пщы къудамэ унагъуэцIэу къигъэнэн гугъэр иIащ. Кушыку 1758 гъэм Къэбэрдей ЦIыкIум щыIа Бэчмырзэхэ я къуажэм къыщыхъуащ. А унагъуэцIэр зезыхьа псоми яхуэдэу, Кушыку Урысейм и дзэм къулыкъу щрихьэкIащ. 1787-1788 гъэхэм адыгэщылъху, генерал-майор Горич зи унафэщI дзэ пакIэм хэту щихъ Мансур пэщIэтахэм яхэтащ. 1795 гъэм Кушыку секунд-майор нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1796 гъэм Урысей дзэм и подполковник хъуащ. Илъэс нэхъ темыкIыу Кушыку полковник на- гъыщэр къратащ. 1805-1807 гъэхэм Урысей Правительствэм и дзэпщ унафэщIу Кавказым щыIахэм Къэбэрдеишхуэм залымыгъэ куэд щызэрахьащ.
ЖыIэпхъэщи, а гъэхэм ХьэтIохъущокъуэ Адыл-Джэрий и гупым Къэбэрдеишхуэм щыпсэу цIыхухэр «шэрихьэт хабзэм» тету ягъэпсыну хущIэкъу хъуащ. Генерал Медем муслъымэн диным и телъхьэхэм «ябэным» я ныпым щIэту къэбэрдей жылэ щитIым щIигъум я мылъкухэр къатрихри, яIэ псэупIэхэри игъэсащ. Псом ящхьэжу, 1806 гъэм Къэбэрдейм я пщы уэлий Къетыкъуэ Хьэмырзэ дунейр ибгынэжащ. Хьэмырзэ и щIалэхэм пщы уэлиигъуэр къащтэн ямыдэу «хьэжрэтхэу» Псыжь адрыщI Iэпхъуэжащ. А лъэхъэнэм генерал Медем «шэрихьэт хабзэм» и телъхьэ къэбэрдей цIыхухэм урыс къэралым и хабзэхэр къаригъэщтэн щхьэкIэ зэрихьа Iуэхухэр димыщтэу, Кушыку дзэм къыхэкIыжауэ и жылэ Псыгуэнсу щыпсэут.
1809 гъэм урыс генералхэми, Къэбэрдейм къинэжа уэркъхэми зэдащтэу Кушыку Къэбэрдеишхуэм я пщы уэлийуэ хахащ. Кушыку лъэкI къимыгъанэу гу къабзэ, псэ хьэлэлу Урысей къэралым къулыкъу хуищIащ. 1817 гъэм Ермолов я пашэу Урысей къэралым и посольствэм и лIыкIуэхэм яхэту щыIащ. Адыгэпщыр фIы дыдэу къацIыхуу щытащ Грибоедов, Къэбэрдейм я приставу щыта генерал. Дельпоццо И.П, генерал Булгаков С.А., генерал Ртищев, нэгъуэщI куэдым. Дигорец-осетинхэр Урысейм къыгуэт зыщIахэм ящыщщ Кушыку. Ермолов хуабжьу пщIэ къыхуищIу щытащ. Пэжщ, и щIалэхэм Кушыку и гупсысэхэр дащтауэ щытакъым. И щIалищым Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнмэ нэхъ къыхахащ. И щIалэ нэхъыжьыр къэбэрдей хьэжрэтхэм ящIыгъуу Псыжь зэпрымыкIыфу итхьэлащ. ЩIалэ етIуанэр Гумкъалэ (Георгиевск) и деж урысхэм къыщаукIащ.
1822 гъэм къэбэрдеипщхэм урыс «хабзэхэм» тету хьэкум Iуэхухэр, нэчыхьхэр, гъащIэм къыдэкIуэ нэгъуэщI Iуэхухэр зэфIахыну пащтыхьым и унафэ къахуэкIуауэ щытащ. Къэбэрдейм пщы «уэлиигъэр» щагъэкIуэдыжри, абы ипIэкIэ «хабзэзехьэ хьэкумыщIэхэр» ягъэуващ. Къэбэрдейм и хьэкумыщIэхэм (судьяхэм) я унафэщI нэхъыщхьэу, Ермолов и лъэIукIэ, Кушыку хахри, дунейр ибгынэжыху а IэнатIэм пэрытащ. Кушыку и щIалэ кIасэ Жамболэт Къэбэрдейр лъэгущIэтын зыщIауэ щыта урысыдзэм нэхъ ерыщу пэщIэтахэм ящыщщ.
1825 гъэм урысхэм Къэбэрдей щIыналъэм къращIыхьа Солдатскэ, Известный Брод, Прочный Окоп, Временный пост быдапIэхэм ятеуэу щытащ. Урысхэм Жамболэт къаубыдыни, щIыбырыуэу яукIыни щахулъэмыкIым, пщы дзэпщ хьэжрэтыр гъэр зэращIа хъуну Iэмалыр генерал Вельяминов къигупсысащ. Къэбэрдейм я пщы уэлийр и щIалэ Жамболэт щIыгъуу Налшык быдапIэм фIэкIыпIэншэу къекIуэлIэн хуейуэ Вельяминовым унафэ къыбгъэдэкIащ. Кушыку генерал Вельяминов и унафэм тету и щIалэ «хьэжрэтыр» къаригъэгъуэтри,
1825 гъэм и фокIадэ (сентябрь) мазэм Налшык быдапIэм къекIуэлIащ. Пщы уэлийр генералым деж занщIэу щIашэри, Жамболэт и Iэщэхэр генералым и хъумакIуэхэм яIэщIимылъхьэмэ, бы сымым деж щIамыгъыхьэну къыпэуващ. Жамболэт и Iэщэхэр генералым и хъумакIуэхэм къаритын щимыдэм, Iуэхум хэпсэлъэну пщы щIалэм и адэ Кушыку къраджащ. Кушыку и къуэм унафэ хуищIащ и Iэщэхэр хъумакIуэхэм яIэщIилъхьэну, ауэ хьэжрэт дзэпщыр адэм и жыIэм емыдаIуэу и джатэр къыщрихым, сэлэтхэр фочкIэ еуэри яукIащ. Апхуэдэу Кушыку и щIалэ ещанэр, и нэкIэ илъагъуу, урысхэм яIэщIэкIуэдащ.
Кушыку ипхъу Хъымсад и щхьэгъусэр, гъыбзэжьым къызэрыхэщым хуэдэу, и нысашэ жэщым яукIакъым. Талустэнхэ я щIалэмрэ Хъымсадрэ мазэ зыбжанэ зэдэпсэуауэ пщы щауэ щIалэщIэр, Псыжь адрыщIым Iэпхъуэж къэбэрдейхэм ядэIэпыкъуу, Баталпашинск быдапIэм деж къыщаукIащ. Хъымсад ныбжьыщIэ дыдэу быныншэу къэнати, Урысейм и дзэм деж Кушыку и нэIэм щIэту къулыкъу зыщIэ майор, нэгъуеипщ Тугъэн Беслъэн щхьэгъусэу иратыжащ. Гъыбзэжьым къызэрыхэщым хуэдэу Хъымсад гуащэр тегушхуэгъуафIэ пщIыфыну щытакъым. Кушыку и хъыджэбзым бзэ зыбжанэ ищIэт. Къэбэрдейм и цIыхухэм Урыс пащтыхьым къахуихьа хабзэ псэукIэщIэм фIыуэ щыгъуазэт. А псом я щхьэжу, Бэчмырзэ унагъуэцIэр зезыхьэхэм Тхьэм къаритауэ яIэ акъыл жанри зыбгъэдэлъ бзылъхугъэ Iущт. Хъымсад гуащэр урыс хабзэм тету Тугъэн Беслъэн зыпигъэкIыжщ, мылъку Iыхьэ къылъысыпхъэр зыIэригъэхьэжри, унагъуэ имыхьэжауэ, 1860 гъэм Тыркум Iэпхъуэжауэ тхыгъэжьхэм къыхощ. Кушыкупщ езыр 1830 гъэм дунейм ехыжри, Псыгуэнсу (ди нобэм Черек) Бэчмырзэхэм я жылэкхъэм, и адэшхуэ Тэтэрхъан бгъуралъхьэжащ.
Бэчмырзэ унагъуэцIэр зезыхьахэм иужьрейуэ тхыдэм къыщыпхуэзэр Ефим (Аслъэнбэч) Александрович и къуэрылъху Федор Николаевич Бекович-Черкасскэращ. Абы генерал-лейтенанту Урысейм и дзэм къулыкъу щрихьэкIащ. Федор Николаевич къыщыхъуа гъэр тхыгъэжьхэм зэтемыхуэу къыхощ. Зым деж 1870 гъэм накъыгъэ (май) мазэм и 14-м къэхъуауэ ущрехьэлIэ, нэгъуэщI тхыгъэхэм 1872 гъэм къэхъуауэ ущыхуозэ. Ауэ тхыгъэ псом дежи щызэтехуэу къыхощ Кизляр къуажэм къыщыхъуауэ зэрыщытар.
1903 гъэм шуудзэм и офицерхэр щагъэхьэзыр еджапIэр Елизаветоград къыщиухри и къулыкъум пэрыхьащ. Урыс- Япон зауэм ипэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс хэтащ. Япон зауэм войсковой старшина нагъыщэр иIэу къэкIуэжащ. Япэ Дунейпсо зауэм Тэтэр шуудзэ полкым и унафэщIу IущIащ. 1916 гъэм генерал-майор нагъыщэр къратри Япэ Кирасирскэ полкым и унафэщIу ягъэуващ.
1917 гъэм адыгэ шуудзэ дивизиер (Дикая дивизия) зэхуэзышэсахэм яхэтащ. 1918 гъэм «Дикая Дивизия»-м щыщ е 2-нэ Черкесскэ шуудзэ бригадэм и унафэщIу щытащ. 1919 гъэм и гъатхэпэ (март) мазэм генерал-лейтенант нагъыщэр къратри Врангель и штабым щылэжьэну яшэжащ. 1921 гъэм «хужьыдзэр» къанэ щымыIэу щызэтракъутэм, Париж Iэпхъуэжащ. Федор Николаевич муслъымэн диным ихьэжауэ 1953 гъэм дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм и 16 махуэм дунейм ехыжащ. И хьэдэр Париж къалэ пэгъунэгъуу щыIэ муслъымэныкхъэм, «Бобиньи» фIэщыгъэцIэр зезыхьэм щIалъхьэжащ. Федор Николаевич щхьэгъусэ къыхуэхъуауэ щытащ Владикавказ щыпсэу Ажий Забыт ипхъу Нэджифэт. Бын зэдагъуэтакъым. Пщащэр 1890 гъэм накъыгъэ (май) мазэм и 18 махуэм Владикавказ къыщыхъуауэ щытащ. Нэджифэт 1979 гъэм гъатхэпэ (март) мазэм и 9-м дунейр ибгынэжри, и щхьэгъусэм бгъуралъхьэжащ. Аращ нобэкIэ Жанхъуэт и къуэ Кушыкупщ и унагъуэцIэр зезыхьахэм яхьэлIауэ убзыхуауэ дунейм къытенар.
ГЪУКIЭКЪУЛ Даут