Зэкъуэтыныгъэм и нур

Иджыблагъэ Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грозный щекIуэкIащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ  хэгъуэгум и хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я VI Форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ властым, хьэрычэтым,
щIэныгъэ купсэхэм я лIыкIуэу, журналисту цIыху миным нэблагъэ. Еханэу екIуэкIа форумри, ипэкIэ щыIахэм хуэдэу, хуэгъэзат Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум щыпсэу, щылажьэ журналистхэр нэхъыфIу зэрыгъэцIыхуным, гъунэгъуу къадэпсэу лъэпкъхэм фIыкIэ ятепсэлъыхькIэрэ, нэхъ благъэ зызэхуэщIыным. ИкIи, шэч хэмылъу, а мурад нэхъыщхьэхэр къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIам и щыхьэтщ гъэ къэс форумым и пщIэм зэрыхэхъуэр, цIыху нэхъыбэ къызэрекIуалIэр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр утыку къызэрырахьэр.
Псалъэм папщIэ, Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щекIуэкIа япэ зэхуэсиплIыр къызэгъэпэщыныгъэмрэ
медиа лъагъуэщIэ хэшынымрэ нэхъ хуэунэтIауэ щытамэ, иджырей форумым IупщI щыхъуащ гъуэгу
захуэ зэрытетыр, мыбы хуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Хэгъуэгу гъунэгъухэм щыщ, зи лэжьыгъэкIэ
нэIуасэ зэхуэхъуа, нэIуасэ зэхущытыкIэр зэныбжьэгъугъэм хуэкIуэжа журналистхэр зэрызэхуэгуапэм гур
хигъахъуэт, мастер – класс зэхуэмыдэхэм гукъыдэж къыуатт.

   №97 13,12,2018

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.