2020 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 11-м УФ-м и Къэрал Думэм е 3-нэ еджэгъуэкIэ къищтащ ди къэралым и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр. А махуэ дыдэм УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм федерацэмкIэ и Советым (СовФедым) и арэзыныгъэ а зэхъуэкIыныгъэхэм иритащ. АдэкIэ, хабзэм къызэригъэувым хуэдэу, а зэхъуэкIыныгъэхэм федеральнэ, хэгъуэгу властхэм, цIыхубэм, жылагъуэм Iэ хуаIэт, Президентым Iэпэ щIедз. Иужьрейуэ—Конституцэ хьэкумым псори къепщытэжри, арэзыныгъэ ирет.
ХабзэкIэ апхуэдэщ зэкIэлъыкIуэкIэр, ауэ иужьрей мазэхэм къежьа коронавирус уз зэрыцIалэм къэрал Iуэхухэри зэпигъэуфащ. ДяпэкIэ къытпэщытщ конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ жылагъуэм и гупсысэр гъэнэIуэныр.
ИджыкIэ дыхуейт ди хэгъуэгум щыпсэу, зи гуащIэкIэ, зи къулыкъукIэ, зи щIыхьрэ пщIэрэкIэ жылагъуэм фIыуэ яцIыхухэм Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм хуаIэ я гупсысэхэм дыщыгъуэзэну.
Ди псэлъэгъур Черкесск къалэм дэт, щIэблэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэнымкIэ Купсэм и лэжьакIуэ Псху Зоещ. Мы бзылъхугъэм щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хэлъхьэныгъэу хуищIар гъунэншэщ. Ар—1983-рэ гъэм щегъэжьауэ къэлъыхъуакIуэ гупым и унафэщIу щыткIэрэ, щIалэ, пщащэ ныбжьыщIэхэр, Купсэм и гъэсэнхэр щIыгъуу лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ, къэралым и къалэ, щIыпIэ куэдым щыIащ. Абыхэм къапэкIуэу, ямыгъуэтыж, хъыбарыншэу кIуэда сэлэт, зауэлI куэдым я лъэужьым техьэри, къагъуэтыжащ. Абыхэм я къупщхьэ, иужьрей увыIэпIэ яхуэхъуа, къащIэна хьэпшып, яхьэлIа хъыбар кIапэ зылъагъэIэсыжа унагъуэхэм, Iыхьлыхэм я фIыщIэр гъунэншэщ. КъинэмыщIауэ, Псху Зое 1998 гъэм щегъэжьауэ, нобэр къыздэсым Купсэм щолажьэ. Егъэлеиныгъэншэу, фэрыщIыгъэншэу, кIыхьу къептхэкIыфынущ мы бзылъхугъэ емышыжым и гуащIэмрэ и цIыхугъэмрэ. Ауэ нобэ ди къалэныр Зое Долэт и пхъур илъэс 37-рэ хъуауэ зыхуэлажьэ, и гур зыхуэуз Iуэхухэр нэхъыбэу къызыхэщ, Конституцэм и статьяхэм тедгъэпсэлъыхьынращ.
—Зое Долэт ипхъу, къэралым и щыIэныгъэр, ар зыуэ щытыныр, и мэжэхэр наIуэу, зыри къемыныкъуэкъуу, хабзэншэ, купщIэншэ бгъэдыхьэкIэмрэ гупсысэ пхэнжхэмрэ лъабжьэ ящIу, къэралым и гъунапкъэхэм, мэжэхэм къемыныкъуэкъуныр…— ахэращ нэхъыщхьэу зытеухуар УФ-м и Конституцэм и 67-нэ статьяр. Ахэращ зытеухуар абы халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэри. Дауэ уеплърэ уэ абыхэм?
ЕтIуанэ упщIэри зэуэ дгъэнэIуэнщи, Купсэм къекIуалIэ фи гъэсэнхэм, щIэблэм мыпхуэдэ Iуэхухэр дауэ нэхъ гурыIуэгъуэу ябгъэдэфлъхьэрэ? Сыт хуэдэу абыхэм къагурыIуэрэ къекIуэкI Iуэхухэр?
—Ипэ силъадэу зэуэ жысIэнщи—мы жыхуэфIэ статьями, адрейхэми халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр сигу ирохь, ядызощтэ. НэгъуэщIу дауэрэ, атIэ? Ди адэхэм, ди адэжьхэм я гъащIэр зыщIата ди щIыгур, ди къэралыр зыуэ щымытыныр, ар «яфыщIыныр» ауэми къэбгъэхъу мыхъун хьэдыгъуэдахэщ. Къарурэ псэ дапщэрэ халъхьа ди къэралыр зыуэ, уардэу щытыным?!
Сыт щыгъуэ зэмани, сыт хуэдэ псэ зэпылъхьэпIэ къэралыр хэмыхуами, абы и хъумакIуэщ, и къыщхьэщыжакIуэщ хэкупсэ цIыхубэр. Иужьрей зэманым зыгуэрхэм къырагъэкIу ди къэралым, ди адэжьхэм къагъэщIа тхыдэр ягъэулъиину. КъайхъулIэнукъым ар икIи абы и телъхьэщ Конституцэр, дяпэкIэ абы игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр.
Тхыдэр иджы зэрахъуэкIыну, ди къэралым къихьа ТекIуэныгъэм, екIуэкIа зауэм ехьэлIа хъыбар нэпцIхэр къезыхьэжьэхэм яхуэгъэзауэ зы щапхъэ къэсхьыну сыхуейт, ар си гукъэкIыжщ. Си адэр щыпсэум и гъусэу сыкIуат езыр зыщызэуа, езы Гитлер и бункер дыдэм ебгъэрыкIуа е 5-нэ Ударнэ Армэм и ветеранхэм я зэIущIэм. Си насып къихьащ генерал Антонов, си адэм и командиру щытам, сепсэлъэну. Ар икъукIэ лIы Iущт, жыжьэу плъэф, гупсысэфхэм ящыщт. Мис абы къызжиIащ апщыгъуэм: «Зое, сэ абы нэс сыпсэунукъым, ауэ уэ ар плъагъунущ—мы ди ТекIуэныгъэм зи Iуэху лъэпкъ хэмылъ куэдым «зыкъыкIэрызыцIэлыну», тхыдэр нэгъуэщIу зэрагъэзэкIыжыну хуей куэд къыкъуэкIынущ»,— жери. Апхуэдэ дыдэу хъуащ, жагъуэ зэрыхъущи. Ауэ ар къэралым, абы и цIыху хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэм зэгуэрми зыми хуадэнукъым, къагъэхъунукъым. Тхыдэр зыми зэрихъуэкIыну хуитыныгъэ иIэкъым, икIэм-икIэжым.
Конституцэм и 67-нэ статьям дяпэкIэ щыгъэнэIуащ: «Урысей Федерацэм Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъыр ехъумэ, апхуэдэуи тхыдэ пэжыр ехъумэ. Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэм и пщIэр ягъэлъэхъшэныр къэбгъэхъу мыхъунщ»,— жэуэ.
Мис а псори ябгъэдыдолъхьэ Купсэм и гъэсэнхэми, щIалэгъуалэми. Си нэIэм щIэт лъыхъуакIуэ гупри, Купсэм и гъэсэн дэтхэнэри Урысейм и тхыдэм фIыуэ щыгъуазэщ, ди лэжьыгъэр зэрыщыту зыхуэдунэтIри аращ. Фэеплъ щымыIэу къэкIуэни щыIэнукъым. Ар ди щIэблэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Зи гугъу тщIы 67-нэ статьям халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэми къыхощ ар.
«Сабийхэр—Урысей Федерацэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэщ. Къэралым къегъэщI абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи заужьыным и щытыкIэ псори, хэкупсэу загъэсэным, IэпкълъэпкъкIэ запсыхьыным, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыным хуэунэтIауэ…»,— итщ Конституцэм. Нэхъыжьхэм, щIэблэм ядэлажьэ, езыгъаджэ дэтхэнэми, анэ-адэхэми, къулыкъухэми…,—псоми ди къалэнщ Конституцэм и щытыкIэхэр гукIи псэкIи къытпкъырыхьэу, IэпкълъэпкъкIэ, ухуейуэ щытмэ, зыхэтщIэу, зэхъуэкIыныгъэхэр къэтщтэну, ди къэкIуэнум щIэблэр гъуэгу захуэкIэ хуэдунэтIыну.
АтIэ, Конституцэр зэрыщыту, абы халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэри зыхуэлэжьэнур къэралым, абы хыхьэ хэгъуэгу къэскIэ, щыпсэу дэтхэнэ цIыхуми и фIыгъуэмрэ и къэкIуэну нэхумрэщ,— къыддэгуэшащ Псху Зое.
Епсэлъар
ТУАРШЫ Ирэщ