ЗэхъуэкIыныгъэхэм я мыхьэнэр

 

—Урысей Федерацэм и хабзэ нэхъыщхьэм—Конституцэм дяпэкIэ халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр, псом япэу зыхуэунэтIар къэралым щыпсэу цIыхухэм защIэгъэкъуэнращ, социальнэу хъума хъунращ. Ди республикэм щыпсэу цIыхухэр къыхузоджэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ Iуэхум лъэныкъуэгъазэу хущымытыну, я Iуэху еплъыкIэр ягъэнэIуэну, Iэ Iэтыгъуэ махуэм жыджэру хэлэжьыхьыну. КъыдгурыIуапхъэщ мыпхуэдэ лъэкIыныгъэ дяпэкIэ къытригъэзэжу дымыгъуэтыжынкIи зэрыхъунур. АтIэ, Конституцэм зэхъуэкIыныгъэ илъэс къэс халъхьэкъым, апхуэдэр къыщыхъур зэзэмызэххэщ. Аращи, нобэ дгъуэта лъэкIыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ дэтхэнэми щызу къэдгъэсэбэпын хуейщ.

ЗэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щхьэхуэу пщIымэ, шэч хэлъкъым, псом нэхърэ нэхъыщхьэр, зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ зыгъуэтынур социальнэ къудамэращ. Бюджет улахуэ къэзыхьу лажьэхэм я лэжьапщIэр индексацэ ящIынущ. Апхуэдэ къабзэу пенсэхэми, социальнэ пособэхэми хэхъуэнущ. А псори щхьэпэнущ социальнэу жылагъуэм защIэгъэкъуэным,— жеIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Трифонов Артём.

АдэкIи депутатым къызэрыхигъэщащи, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр—властымрэ жылагъуэмрэ зэращIылIэну пIалъэ кIыхь зэгурыIуэныгъэу плъытэ хъунущ. Абы щыгъэнэIуауэ щытынущ къэралми, властми я къалэнхэмрэ я пщэрылъхэмрэ, ахэр текI имыIэу зэрагъэзэщIэн хуейр.

—ЦIыхухэм яцIыхун хуейщ къэралым сыт щыгъуи закъызэрыщIигъэкъуэнур, зэрихъумэнур, и дэIэпыкъуныгъэ зэраригъэгъуэтынур. Ди зэман мыпсынщIэм абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. КъинэмыщIауэ, социальнэ щIэгъэкъуэныгъэр дэтхэнэ цIыхумкIи щыIэпхъэщ, игъуэтыпхъэщ,—жиIащ Трифонов Артём.

 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.