Унагъуэр, сабийр—къэралым и беягъщ

Урысей Федерацэм и Конституцэм социальнэ къудамэм ехьэлIауэ игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа и псалъэкIэ къыддэгуэшащ КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Щай Мадинэ.

Япэрауэ, урысей жылагъуэм и беягъ нэхъыщхьэр сабийхэращ. УФ-м и Конституцэм и 67.1-нэ статьям щетх: «Сабийхэр—Урысейм и къэрал политикэм и къалэн пажэщ. Къэралым щытыкIэ псори къегъэщI щIэблэм сыт и лъэныкъуэкIи—псэкIэ, акъылкIэ, IэпкълъэпкъкIэ зиузэщIыным, хэкупсэ-лъэпкъыпсэу къэтэджыным, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыным папщIэ. Къэралым къыхегъэщ  сабийм унагъуэм деж щигъуэт гъэсэныгъэр, анэ-адэншэу къэна сабийхэр и нэIэм щIегъэувэ».

ЕтIуанэу, къэралым анагъэр, сабиигъуэр ихъумэныр и къалэну къонэж икIи ар нэхъри щIигъэбыдэнущ. Абы хуэунэтIауэ, Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иту, федеральнэ купсэмрэ хэгъуэгу властхэмрэ зэдэлэжьэнущ.

Конституцэм и 72-нэ статьям щагъэнэIуэнущ унагъуэм, институт брака жыхуэтIэм и мыхьэнэр, цIыхухъумрэ бзылъхугъэмрэ къагъэщI унагъуэм сабийм и гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэуэ иIэр. Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм щагъэнэIуэнущ: «…унагъуэр, анагъэр, адагъэр, сабиигъуэр хъумэныр; унагъуэм сабийм гъэсэныгъэ тэрэз щигъуэтыным и щытыкIэхэр къызэгъэпэщыныр, балигъыпIэм иува быным анэ-адэр зэрахьэжыныр».

УФ-м и Конститутцэм и 75-нэ статьями зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтынущ. Статьям и 5-нэ пунктым щыжыIащ Урысейм гуащIэдэкIым пщIэ зэрыхуищIыр, ари, гуащIэрылажьэм и хуитыныгъэхэри зэрихъумэр. Къэралыр и хъумакIуэщ цIыхум лэжьапщIэ нэхъ мащIэм и кIэ къэмыкIуэ лэжьапщIэ къихьыным.

75-нэ статьям и 6-нэ пунктыр топсэлъыхь пенсэхэр, социальнэ пособэхэр индексацэ щIыным. Абыхэм яхьэлIа конституцэ зэхъуэкIыныгъэхэр щхьэпэнущ социальнэ тыныгъэхэм, пособэхэм, пенсэхэм жылагъуэм сэбэп, фейдэ нэхъыбэ къыхуахьыным.

Ещанэу, къэралым и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм щыщу гулъытэ игъуэтыпхъэщ 114-нэ статьям. Абы къыщыгъэлъэгъуащ федеральнэ Правительствэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэхэр. Абыхэм щIагъужу, зэхъуэкIыныгъэу халъхьэнущ: социальнэу жылагъуэр къызэгъэпэща хъуным хуэунэтIа, зыуэ щыт къэрал социальнэ политикэ егъэкIуэкIыныр, унагъуэхэр хъумэнымрэ защIэгъэкъуэнымрэ, унагъуэ фIыгъуэхэр хъумэныр.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ, унагъуэм щIэгъэкъуэныгъэ лъэныкъуитI игъуэтынущ: хэгъуэгуми, федеральнэ купсэми къабгъэдэкIыу.

Къэрэшей-Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм и IуэхущIафэр зытеухуар социальнэ Iуэхухэращи, Конституцэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу дыкIэлъоплъ, и Iыхьэ къэскIэ дытопсэлъыхь. Ахэр  игъуэу, сэбэп нэхъыбэ къахьыну къыдолъытэ икIи ядыдощтэ,—жиIащ Щай Мадинэ.

 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.