Уафэр къащхъуэмэ, щIылъэр щхъуантIэмэ…

 

Урысей Федерацэм и Президентым Урысей Консти-туцэм хуэгъэзауэ иджыблагъэ къыхилъхьа зэхъуэкIы­ныгъэхэм яхэтщ дыкъэзыухъуреихь дунейр, щIыуэпсыр хъумэным, псэущхьэхэр къызэтегъэнэным ятеухуа Iыхьи. Апхуэдэу, Урысей Федерацэм и Конституцэм и 114 – нэ статьям щыжыIащ: «… Правительствэм зэрехьэ къэра-лым и щIыуэпс, биологие хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэунэтIа Iэмалхэр…» Ар ущхьэгъу хуэхъуащ ди нобэ­рей зэпсэлъэныгъэми.

Нобэ ди хьэщIэщ псэущхьэ дунейр, псы биологие хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэкIэ Къэрэшей – Черкесым щыIэ Управленэм и IэщIагъэлI– щIэ-плъыкIакIуэ пашэ Къурашын Хьэмзэт. Абы и лэжьыгъэр нэхъыбэу икIи нэхъыщхьэу зэхьэлIар Къэрэшей – Чер-кесым и щакIуэ хъызмэтхэращ, щакIуэ Iуэхуращ.

— Хьэмзэт, щакIуэ Iуэхур адыгэм, кавказ лъэпкъ­хэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI IэщIагъэщ. Ди лъэпкъэгъухэр щакIуэ Iэзэу щытащ. Ауэ абы щIыгъу­уи, абыхэм къагурыIуэт зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэ­хэр зыщыгугъыр цIыхурауэ зэрыщытыр.

ДыкъызытекIахэр щэкIуэным ирипсэу къудейтэ-къым, атIэ Iэмалхэр зэрахьэт псэущхьэхэр дунейм те-мыкIуэдыкIыжыным хуэгъэзауэ. Ауэ зэманым хуаб-жьу зихъуэжащ, цIыхухэр щысхьыжкъым щIыуэпсым, хьэкIэкхъуэкIэр зэтраукIэ. КIуэдыжыным нэсахэри ма-щIэкъым.

Ди мэзхэми щIэсщ апхуэдэ шынагъуэр къызыху-къуэплъа псэущхьэхэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «Тхылъ плъыжьым» ихуахэр… Сыт хуэдэ ахэр?

— Ахэр куэд дыдэ мэхъу. Ди республикэм щопсэу  нэгъуэщIзы хэгъуэгуи щумыгъуэтыну хьэндырабгъуэ­хэр, кавказ хьэндыркъуакъуэхэр, блэхэр, бзунэфхэр (дамэ зытет дзыгъуэхэр), ди псыежэх уэрхэм хэсщ бдзэжьей зэмылэужьыгъуэхэр. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, ди къур­шыпс къабзэхэращ зыхэсыр аргъей (лосось) лIэужьы-гъуэм хыхьэ «ручьевая форель» бдзэжьей хэплъыхьар.

Ауэ ахэр лъэныкъуэ едгъэзынщи, дакъытеувыIэнщ цIыхухэр зэщакIуэ псэущхьэ нэхъ инхэм. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, кIуэдыжхэм ящыщу, ди мэзхэм щIэсщ мэз джэдухэр (кавказ леопард, рысь), «кавказ европей норкэ» дзыдзэ лъэпкъыр, псыблэныр (выдра), къурш ажэхэр (горный козёл), домбейхэр (зубры), нэгъуэщIхэри. Ахэр къуэдмэзхэм къызэщIаубыдэ, федеральнэ нэIэм щIэтщ.

— АтIэ щэкIуэн пIалъэр щыщIидзэр сыт щыгъуэ?

— Дэтхэнэ псэущхьэми ущещакIуэ хъуну и пIалъэ иIэжщ. Псэущхьэ анэхэр щIэжьей щежьэ, ар щапIзэманым ахэр къэбукIхъунукъым. Хъухэм уещакIуэ щыхъуну пIа-лъэри нэхъ пасэу еублэ. Псыжь ажэр (кубан тур) къэ­букIхъунущ шыщхьэIум (августым) и 1–м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 30 – м нэгъунэ. МазиплIым къриубыдэу.

ИтIанэ къохьэ адрей псэущхьэхэм (къазхэм, бабыщ­хэм, кхъуэпIащэхэм, нэгъуэщIхэми) я пIалъэр. ИтIанэ ар епхащ мэз псэущхьэхэм я бжыгъэр зыхуэдизым. Псалъэм папщIэ, дыгъужьхэр куэд, къурш ажэхэр мащIэ щыхъу щыIэщ. Мис апхуэдэм дежи дыгъужьхэр къэбукIхъунущ, ауэ ажэхэр – нэхъ мащIэу. Дыгъужьхэр дэни куэд щыхъуащ, икIи ахэр къэбукIхъунущ, сыт хуэдэ хуи­тыныгъэ тхылъкIи (лицензие). ТхьэкIумэкIыхь уежьэу уз­дэщысым, дыгъужь е хьэIуцыдз мэзым къыхэжмэ, чэн­джэщ къомыхьу, къэбукIхъунущ. ЩакIуэм хуитыныгъэ къезыт лицензэ тхылъхэри ят мэзым щIэс псэущхьэ бжыгъэм елъытауэ. ТхьэкIумэкIыхьхэр куэд хъуамэ, абы-хэм уещэкIуэну хуит узыщIтхылъхэр нэхъыбэу ят. Къурш ажэхэр мащIэмэ, ахэр къаущэкIуну ят хуитыны-гъэ тхылъхэр (лицензэхэр) куэдкъым. Къыщрамыгъэу-кIыххи щыIэщ. Къурш ажэхэр, мэз бжэнхэр, щыхьхэр мащIэ хъуамэ, абыхэм мазэ, илъэс бжыгъэкIэ щрамы-гъэщакIуэ щыIэщ. Щхьэ бжыгъэр ирикъужыху…

— ЩакIуэхэр мэзым щыщIыхьэ пIалъэм мэзхъумэ­хэм, щIыуэпс инспекторхэм я нэIэр нэхъ щIагъэхуа-бжьэу къыщIэкIынщ. Мэзхэр зэрыщIэфплъыкI вер­толетхэр, машинэ зэгъэпэщахэр фиIэ?

— Хьэуэ, вертолет диIэкъым. Ауэ дэни щыпхырыкIыф машинэхэмкIэ (вездеходхэмкIэ), нэгъуэщIтранспорт Iэ-малхэмкIэ пылъхьэншэу дызэгъэпэщащ

— Илъэс кIуахэм хъыбар щыIащ нэгъуэщI хэгъуэгу-хэм къикIа щакIуэхэм хабзэм ихъумэ псэущхьэхэр ди деж къаущэкIуу, уеблэмэ, «Тхылъ плъыжьым» ихуа-хэми ящымысхьу…

— Япэм апхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр щыIагъэнкIи мэхъу, ауэ иужьрей зэманым лъэныкъуэкIэ къикIа щакIуэ «га­стролерхэр» ди деж къынэсауэ, хабзэм ихъумэ псэущ­хьэхэр къаукIауэ сщIэжкъым. ЩIэпхъаджагъи дыпэщIэ­хуэкъым. Пэжщ, щыIэщ зэрыщакIуэ лицензэр къызы-щыгъупщэу мэзым кIуэ. Ар щIэпхъаджагъэкъым, ар гъуэщагъэ къудейщ.

— Къэрэшей – Черкесым щыкуэд щакIуэ органи­зацэхэр?

— ЩыIэщ щакIуэхэм я жылагъуэ организацэхэр, Черкесск къалэ гупхэр, республикэ зэгухьэныгъэхэр, щыIэщ хыхьэхэкI(предприниматель) гъэпсыкIэм иту зи мэз Iуэхухэр зезыгъакIуэхэр. ЩакIуэ организацэу (охо­топользователи) ди республикэм 6 щыIэщ.

— Абыхэм къызэщIаубыдэ цIыхухэр хабзэкIэ щэ-кIуэну хуитщ…

— Ар дыдэщ. Япэм ахэр щакIуэт пIалъэкIыхь лицензэ

кIэ. Ауэ псэущхьэ дунейм теухуауэ 2009 гъэм къару зыгъуэта хабзэм ипкъ иту, абыхэм иджы щакIуэ хъыз­мэтхэм зэгурыIуэныгъэ дащIри, тыншу икIи пэрыуэ-гъуэншэу мэщакIуэ.

— Мэзхэм щIэс псэущхьэхэм я бжыгъэм дауэрэ захъуэжрэ?

— ЩыIэщ зи бжыгъэ кIэрыхухэри, багъуэхэри. Жыс-Iэнщи, ар елъытакъым ди лэжьыгъэм е браконьерхэм я хъуагъэщагъэхэм. ХьэкIэкъуэкIэр зы пIэм искъым. Щы-Iэщ ахэр щыIэпхъуэ «миграцэ». Псэущхьэхэри мэкуэш, дунейм и гъэпсыкIэм, уэгъум, уэлбанэм епхауэ. Ахэр ма-кIуэ нэхъ щIыпIэ тыншхэм, яшхын нэхъ здэкуэдым.

— Ди деж абы и лъэныкъуэкIэ дауэ щыт?

— Ди деж иджы хьэкIэхъуэкIэр нэхъыбэ мэхъу, здэ-псэун, яшхын ягъуэт.

— Дунейм текIуэдыкIыжыным нэса псэущхьэ ди дежкIэ щыIэкъэ?

— ДызэщакIуэ хьэкIэкхъуэкIэ лIэужьыгъуэхэм я гугъу тщIымэ, Тхьэм и шыкуркIэ, кIуэдыжыным нэса щыIэ-къым.

— Мэзхэм щIэс псэущхьэхэм факIэлъыплъыныр, щакIуэхэр фи нэIэм щIэвгъэтыныр дауэ къывэхъу-лIэрэ? ЦIыху бжыгъэкIэ фызэхурикъурэ хьэмэрэ по­лицэ къулыкъущIэхэри зыдэвгъыIэпыкъурэ?

— КъэралкIуэцIIуэхухэмкIэ Министерствэмрэ дэрэ Iуэху зэдыдощIэ, щIэплъыкIыныгъэ рейдхэр зэдыдогъэ-кIуэкI.

— Ди гупсысэр зэуэ хуожэ дэ ди гъунэгъу, ди саби-игъуэр здэдгъэкIуа мэзхэм. «Тхылъ плъыжьым» ихуа псэущхьэхэр Жьакуэ, Елбыргъэн мэзхэм щIэс?

— ЩIэсщ. «Бгъэн мэз джэду» жыхуаIэр (дикий ка­мышовый кот), норкэ дзыдзэ лъэпкъыр. ЖысIэнщи, Жьа-куэ, Елбыргъэн мэзхэм хьэкIэкхъуэкIэр щыкуэдщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы лъэныкъуэкIэ абазэхэр, адреймкIэ адыгэхэр къыздалъхуа щIыпIэхэм нэхъ яхуосакъ, щIыуэ-псыр зэрахъумэным пылъщ.

— Елбыргъэн мэзым зэманыфIкIэ щылэжьащ Къэ-бардэ Хьэсин…

— Ар здэщыIар щакIуэхэмрэ щэкIуэнымрэ емыпха мэз хъызмэтращ (лесничество). ЩакIуэхэм ядэлажьэ Iэ-щIагъэлIнэхъыжьу (старший охотовед) абдежым илъэс куэдкIэ къулыкъу щищIащ Хьэбэз щыщ Кхъуэхъу Сулъ-тIан. Иджы Инжыдж – КIыкIун щыщ Уэз Азэмэт абы ипIэкIэ къэрал инспектору мэлажьэ. СулътIан Iуэхум те-гъэчынауэ, ткIийуэ пылъащ, хабзэншагъэ къигъэхъуа­къым. Иджы Азэмэти апхуэдэ къабзэу и IэнатIэм жэуа­плыгъэкIэ бгъэдэтщ. Абы къыхэкIыу жыпIэ хъунущ Ел-быргъэ мэзми, Жьакуэ мэзми хьэкIэкхъуэкIэр щIэзу щIэсу.

— Упсэу, Хьэмзэт, нетIэ уэри жыпIащ, щIыуэпсым, дыкъэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуэзымыщIым, и щхьэми пщIэ хуищIыжкъым жэуэ. Ди мэзхэр хьэ-кIэкхъуэкIэмкIэ беймэ, уафэр къащхъуэмэ, щIылъэр щхъуантIэмэ, дэри ди насыпщ.

 

Епсэлъар

ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.