Мы гъэм накъыгъэм (майм) и 9-м теухуауэ екIуэкIа акцэ зэхуэмыдэхэм я зым нэхъ нэмыIэми хэтащ Урысей Федерацэм щыпсэум и ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэр (процент 51-р). ЩIэупщIэныгъэ нэужьхэм апхуэдэ къэпщытэжыныгъэ ищIащ жылагъуэ гупсысэхэр зэгъэщIэнымкIэ Урысейпсо купсэм (ВЦИОМ).
«Урысейм и цIыху етIуанэ къэс е и унагъуэм щыщым и лэжьыгъэ Iыхьэ хилъхьащ ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ екIуэкIа акцэхэм»,—етх ВЦИОМ-м.
Апхуэдэу, къэралым и цIыхухэр хэлэжьыхьащ «Окна Победы», «Свет Победы», «Флаги России. 9 мая», нэгъуэщIхэми. Акцэхэр къызэрагъэпэщащ я унагъуэхэм ису абыхэм цIыху нэхъыбэ зэрыхэтыфыным хуэдэу.
ЩIэупщIэныгъэм хэтахэм я процент 62-м зэрыжаIащи, накъыгъэм и 9-м теухуа махуэщI Iуэхугъуэхэм мы гъэм жылагъуэр нэхъри зэщIаIэтащ, я псэ щытыкIэм зырагъэузэщIащ, цIыхубэм и зэлъыкъуэтыныгъэр нэхъри наIуэ ящIащ.
КъинэмыщIауэ, Урысейм и цIыхубэм и нэхъыбапIэм уасэшхуэ хуащIащ ТекIуэныгъэ махуэщI акцэхэм.