Урысейм и телевиденэ, радио зэпыщIэныгъэхэм я къудамэу КъЧР-м щыIэ «Радиотелевизионный передающий центр Карачаево-Черкесской Республики» жыхуиIэ IуэхущIапIэм мы гъэм, щэкIуэгъуэм
и 22-м иутIыпщащ передатчикыу 44-рэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ а купсэм и лъэкIыныгъэм хэхъуэнущ икIи каналипщIыр:
«Рен-ТВ», «Спас», «СТС», «Домашний», «ТВ-З»,
«Пятница», «Звезда», «Мир», «ТНТ», «МузТВ»-хэр
игъэлэжьэфынущ.
«Второй мультиплекс» жыхуиIэм и передатчикхэр зэраутIыпщар цифровой нэтыныр хэгъуэгуми къэралми зэлъэщIысынымкIэ зыужьыныгъэшхуэщ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди республикэм щыпсэу къуажэдэсхэм къаIэрыхьэу щытар каналищ—плIыт зэрыхъур. Иджы ахэр тIощIым зэрынэхьэсащ, нэхъыфIи хъуащ. ТехнологиещIэ къагъэсэбэпхэм я фIыщIэкIэ, ди хэгъуэгум щыпсэу псоми лъэкIыныгъэ ягъуэтащ зыхуэныкъуэ хъыбархэр зыIэрагъыхьэну.
Абы и мызакъуэу, щэкIуэгъуэм и 22-м щыщIэдзауэ «Карачаево-Черкесия» ГТРК-м и студием сигналхэр еутIыпщ цифровой щIыкIэм тету. Абы куэдкIэ нэхъ IупщI ещI «Россия-1» каналым къигъэлъагъуэхэр.
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид ищIа унафэм щIэту, мы зэманым гурыгъэIуэныгъэ лэжьыгъэ драгъэкIуэкI ди хэгъуэгум щыпсэухэм. Абыхэм жраIэ зэпыт 2019 гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ ди республикэм щыпсэу, телевизор еплъ псори цифровой гъэпсыкIэм зэрытехьэжыпхъэр. Абы къыхэкIыу
ди республикэм щылажьэ СМИ-хэм IэщIагъэлI щхьэхуэхэм я чэнджэщхэр ирахьэлIэ къуажэдэсхэм