Нагъыщэм ЛIыхъужьыр къигъуэтыжащ
Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрихьрэ илъэс 72-рэ текIыжами, цIыху нэхъыбэ зыхэкIуэдауэ тхыдэм хыхьа зауэм нобэр къыздэсым цIыхугур егъэхыщIэ. Дауэ щымытми, нобэ щIэблэм къыднэсыж псори — зауэм и кIапэлъапэ къудейуэ аращ. ХьэкъыпIэкIэ, зауэм и джэрпэджэж дыджыр зэгуэрми ужьыхыну къыщIэкIынкъым.
ГъэщIэгъуэнщ гъащIэр зэрызэхэухуэнар. АтIэ, хэт егупсысынт апхуэдэу хъуну: Хэку зауэшхуэм хэта Шорэ Мухьэдин 1943 гъэм къыхуагъэфэщауэ щыта «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, уеблэмэ езы дыдэр зыщымыгъуэзар, илъэс 74-рэ текIыжа нэужь и къуэрылъхум ипхъу цIыкIум къигъуэтыжыну?!
Шорэ Мухьэдин 1923 гъэм Али-Бэрдыкъуэ къуажэдэс мэкъумэшыщIэ унагъуэм къихъухьащ. 1927 гъэм Хъумэрэн ЦIыкIу къуажэм унагъуэкIэ куэшыжхэри, абдеж и гъащIэр щыкIуащ. 1937-1940 гъэхэм Черкесск къалэм, педучилищэм щеджащ. Ар къыщиуха гъэ дыдэм, 1940-м пэщIэдзэ классхэм егъэджакIуэу и гуащIэдэкI гъуэгуанэр иригъэжьащ. АрщхьэкIэ и псэм фIэфI, мамыр гуащIэдэкIым гу щихуэн хущIэмыхьэу, 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къыщIидзэри, Шорэр Невинномысск яунэтI. Абдеж зыхъумэжыныгъэ ухуэныгъэхэр, щIытIхэр къэзытI дзэм хэтащ. 1942 гъэм, гъатхэпэм (мартым) Советыдзэм ираджэ, Орлов къалэм дэта танк училищэм еджакIуэ яунэтI. Лейтенант нэхъыщIэу училищэр къиуха нэужь, фронтым папщIэ танк дзэ пакIэ (полк) къызэригъэпэщыну Шорэр Нижнэ Тагил къалэм яунэтI. А къалэныр тыншу зэфIегъэкI икIи 1943 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) 101-нэ танк бригадэм и 19-нэ танк корпусым хохьэ. Купсэ фронтым хэту, генерал Рокоссовскэм и унафэм щIэту, Курскэ Дугам щекIуэкI зэхэуэ гуащIэхэм и пэ махуэм щегъэжьауэ Мухьэдин хэтащ. Абдежщ япэ уIэгъэри здигъуэтар. УIэгъэщым щIэлъащ. Хъужа нэужь — аргуэру зэхэуэ, аргуэру ебгъэрыкIуэныгъэ! Иджы зауэлIыр генерал Ватутин и унафэм щIэт 150-нэ танк бригадэм хэту украинэ фронтым щызауэт. Днепр, Киев, Орел, Користен, Ровно, Новгород Великий… Тхыдэм хыхьа, зэхэуэ гуащIэхэр здекIуэкIа щIыпIэ куэдым пхырыкIащ Шорэ Мухьэдин икIуа зауэ гъуэгуанэр. МафIэ къызыкIэщIэна танки 6-м псэууэ къикIащ, уIэгъэ плIэнейрэ хъуащ. Зыми хигъэщIэфакъым адыгэлIыр… Ровно къалэм и Iэхэлъахэм щекIуэкIа зэхэуэм деж щигъуэта уIэгъэр щымыхъукIэ.
Мухьэдин щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм и щыхьэту къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орден езанэ нагъыщэ зиIэр, «ЛIыхъужьыгъэм папщIэ» медалыр, «Германием ТекIуэныгъэр къызэрыфIахьам папщIэ» медалыр. Зы орденымрэ медалитхумрэ зауэлIыбгъэр ягъэбжьыфIэу и хэку къигъэзэжауэ щытащ. Пенсэм кIуэхункIэ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным хуэлэжьащ. ЕджапIэм зэрыщылэжьа илъэс 42-м щыщу, 30-м еджапIэм и унафэщIу лэжьащ. Шорэ Мухьэдин и гуащIэдэкI гъащIэри щIыхькIэ псыхьащ. Абы ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр гъунэжу иIэщ, иджы и унагъуэм хуэсакъыу зэрахьэ.
АтIэ, апхуэдиз нагъыщэм хуэфащэу псэуа гуащIэрылажьэшхуэм, зауэлIым и «Вагъуэ Плъыжь» орденым апхуэдиз гъуэгуанэ кIыхь къикIун хуей щIэхъуар сыт?
Мухьэдин и къуэ Юрэ зэрыхуигъэфащэмкIэ, и адэр уIэгъэ хъуауэ уIэгъэщым щIэлъа нэужь, зэуэ фронтым Iухьэжауэ щытащ. Куэд темыкIыу, аргуэру уIэгъэ хъуащ. Иджы уIэгъэр нэхъ хьэлъэт, гъэхъужынри нэхъ кIыхьлIыхь хъуащ. Хэт ищIэрэ, мис апщыгъуэхэм техуагъэнщ орденыр къыщыхуагъэфэщари, езым и лъэужьыр ямыгъуэтурэ Iуэхур ягъэтIылъыжынри, и цIэр дэфтэрым тэрэзу зэримытри.
1944 гъэм Ровно къалэм и Iэхэлъахэхэм щекIуэкIа зэхэуэ хьэлъэхэм хиха уIэгъэм и ягъэкIэ, адэкIэ фронтым Iут мыхъужыну дохутырхэм къалъытами, зауэлIыр щIэлъэIури къагъэнащ, адэкIи ТекIуэныгъэм хуэпэбгъащ. Мухьэдин Москва, бронетанк дзэхэм яунэтI, иужьым — Ростов. Абдежым танкищ къыIэщIалъхьэри, Ворошиловград яунэтI, танкхэм зэрыпэщIэтыну Iэмалхэм сэлэтхэр щыхуригъэджэну. Зауэм и кIэм нэгъунэ танк взводым я пашэу щытащ. 1945 гъэм щакIуэгъуэм и 22-м, и узыншагъэм хуимыгъэлъэкIыжыххэ щыхъум, зауэм къыхагъэкIыжри, и хэку къегъэзэж.
Ауэрэ, илъэс 70-м щIигъу текIыжауэ, Шорэ Мухьэдин и къуэрылъхум ипхъу, е 7-нэ классым щеджэ Шорэ Iэминэ еджапIэм кърата дерсым телажьэкIэрэ, реферат итхын хьисэпкIэ интернетым и бэджыхъхэм хыхьащ. ЗэрымыщIэкIэ, «Подвиг народа» сайтым деж щыIущIащ Хэку зауэшхуэм хэта и дадэшхуэ Мухьэдин 1943 гъэм «Вагъуэ Плъыжь» орденыр къыхуагъэфэщауэ зэрыщытам и хъыбарым.
— Си къуэрылъху Iэминэ орденым и хъыбарыр къыщыджиIам, ар дэркIэ гуфIэгъуэуи нэпсуи зэрыримыкъу щыIэтэкъым. ДыщыгуфIыкIащ ди адэм-лIыхъужьым хуэфащэ пщIэр зэригъуэтыжынум, ди нэпсхэр къригъэкIуащ блэкIа гукъэкIыжхэм. Военкоматым хъыбар ядгъэщIащ, абыхэм зэгъэтIылъэкI имыIэу Iуэхур зэрахуащ икIи орденыр щIэзыгъэбыдэ дэфтэрыр къытIэрыхьэжащ, — жеIэ Мухьэдин и къуэ Шорэ Юрэ.
Къэрэшей-Черкес республикэ военкоматым щекIуэкIа зэIущIэм хэтащ Шорэхэ я щIэблэр, военкоматым щылажьэхэр, республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэр.
Республикэм и военнэ комиссар Темыр Арсен къызэхуэсахэр Iуэхум щигъэгъуэзащ
— УФ-м и Президентым, КъЧР-м и Iэтащхьэм я унафэкIэ, зауэм епха лэжьыгъэр зэпыукъым. Абы ипкъ иткIэ, хъыбарыншэу кIуэда жыIэгъуэр щымыIэжу, дэтхэнэми и цIэ, зауэлI къэскIэ ехьэлIа хъыбар жылагъуэм едгъэцIыхуным, хэIущIыIу тщIыным, яхуэфащэ пщIэрэ щIыхьрэ ядгъэгъуэтыжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI. Зауэ илъэсхэм дэфтэр куэд зэрыхэкIуэдар, дэфтэрхэм иратхахэм щыуагъэшхуэхэр зэрыдэкIуар щхьэусыгъуэ хуэмыхъукIэ къэнакъым илъэс зэхуэмыдэхэм зауэлIхэм кърата нагъыщэхэр зэрыхэкIуэдам, я хъыбар дызэрыщымыгъуазэм. Апхуэдэ зы щапхъэщ нобэ дыщIызэхуэсар. Шорэ Мухьэдин и дэфтэрхэм зэрыратхар Мишэщ. ИкъукIэ ди гуапэщ адыгэлI, зауэлI щыпкъэу бийм пэщIэта, мамыр гъащIэми гуащIэдэкI хьэлэлкIэ хэта Шорэ Мухьэдин къратауэ щыта орденым и дэфтэрыр къызэрытIэрыхьэжар икIи ар и быным зэрыIэщIэдгъыхьэжыфыр. ХабзэкIэ зэрыщытыр апхуэдэщи, орденыр яттыжыфынукъым, ауэ абы и щыхьэт дэфтэрыр ди гуапэу яIэрыдогъыхьэж икIи абы орденым и къарум хуэдиз иIэщ, — жиIащ Темырым.
ЗауэлIым и орденым теухуа дэфтэрым ит псалъэхэм зэIущIэм хэта псори зы къарууэ зэщIиIэтащ. Мыхъуррэ IэпэрэкIэ щIэгъэбыда дэфтэрым (наградной лист) мыпхуэдэу итщ:
«1943 гъэм, дыгъэгъазэм (декабрым) и 23-м лейтенант нэхъыщIэ Шорэм и танкыр хъыжьэу хэтащ Рабочий Поселок жылагъуэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм. Бийр икIуэтт, и шыгухэр, Iэщэ-фащэр, топхэр къызэ- ринэкIыурэ. Ныбжьэгъу Шорэр мафIэрэ танк лъабжьэрэкIэ бийм щысхьыншэу хэлъэщыхьащ, бий сэлэту, Iэщэфащэу куэд IуигъэкIащ. И зауэлI гъусэхэмрэ езымрэ зэхэту а махуэм зэхакъутащ: топи 5, бийм и мылъкур зэрылъ шыгу зэщIэщIауэ 10, гынышэхэр, Iэщэфащэр зыщIэлъ хъумапIэр, бий сэлэт, офицер щэ ныкъуэм щIигъу яукIащ. А зэхэуэм ныбжьэгъу Шорэр уIэгъэ хъуами, лIыгъэрэ гуеигъэрэ къигъэлъэгъуащ.
Лейтенант нэхъыщIэ Шорэм «Вагъуэ Плъыжь» орденыр — Правительствэ нагъыщэр хуэфащэщ.
Е 2-нэ танк батальоным и командир,
майор ХВАТОВ.
1943 гъэ
дыгъэгъазэм и 10».
Мы къэхъукъащIэм и мыхьэнэр нэхъри зыхыуагъащIэ бжыгъэхэм. АтIэ, «Поиск людей» сайтымкIэ 2015 гъэм ехъулIэу лIыхъужьыгъэм и нагъыщэу, абыхэм ятеухуа хъыбару мин 500-м щIигъу къагъуэтыжащ. А бжыгъэм илъэситIым къриубыдэу къыхэхъуащ, дяпэкIи къыхэхъуэнущ. ИкIи апхуэдэу щытынущ мамырыгъэр къытхуэзызэуахэм яхьэлIа псори хэIущIыIу хъужыхункIэ, хьэршым хыхьэжа я псэ къабзэхэр щIэблэм къыщыгугъыхункIэ.
ТУАРШЫ Ирэhttp://www.cherkes-haky.ru