ЩакIуэгъуэм (ноябрым) и 26-м къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъуар игъэлъэпIащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ творческэ цIыху гъэщIэгъуэн, Урысей Федерацэм и сурэтыщIхэм я Союзым хэт, КъЧР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд Рэмэзан и къуэм.
СурэтыщIыр ящыщщ XX лIыщIыгъуэм и 1970 гъэхэм ди республикэм и гъуазджэ, художественнэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэува живописецхэм.