Лъэпкъ Iуэху
Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуами, ахэр зэкъуагъэувэ я къежьапIэр зыуэ зэрыщытым, лъэпкъыр лъэпкъыу къэнэжыным, и анэдэлъхубзэр, и щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ ихъумэжыным зэрытелажьэм, мамырыгъэр, гуапагъэр, фIым хуэлэжьэныр я гуращэу зэрыщытым.
Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэхэр нэхъри гъэбыдэным, лъэпкъым и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ зэзыпх Iэмалхэр къэгъэсэбэпыным хуэунэтIауэ мы махуэхэм Жьакуэ къуажэм щрагъажьэри адыгэ къуажэхэр къызэхакIухьыну зекIуэ ежьащ адыгэ-абазэ лъэпкъым щыщ шууей 60-м щIигъу.
ЩакIуэгъуэм (ноябрым) и 17-м Жьакуэ къуажэдэсхэр — нэхъыжьи нэхъыщIи, зыпэплъэр зы Iуэхугъуэт — къуажэм къеблагъэ зекIуэлI шууейхэрат.
КъэкIуэнухэр къызэрырагъэблэгъэным хуэдэу еджакIуэ цIыкIухэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ, зэрыхабзэу, хьэщIэхэм япежьэну нэхъыжьхэри хуэпIащIэу еджапIэ дыхьэпIэм щызэхэтт…
Къуажэдэсхэр зыпэплъа шууейхэр уэрам нэхъыщхьэм къыщех дакъикъэм, шэчыншэу, ныбжьыщIэхэм ядэплъагъут лъэпкъ хабзэхэм я гур зэрахузэIухар, дэтхэнэми и гур игъэпIейтейт мы теплъэгъуэ телъыджэм, зэбгъэдэту къыкъуэкIа, адыгэ фащэ зэкIужхэмкIэ зэщыхуэпыкIа, лъэпкъ ныпымрэ шууей Хасэм и дамыгъэмрэ зыIыгъ шу гупышхуэм.
Адыгэ хабзэм къызэригъэувым тету, хьэщIэхэм пырахьэжьащ лъэпкъ ерыскъыхэкIхэр: мырамысэрэ махъсымэрэ. Зэхуэсыр къызэIузыха, къуажэдэс нэхъыжьыфI Жэрэщты ЗэIудин хьэщIэхэр къригъэблагъэри фIэхъус псалъэкIи захуигъэзащ:
— Нобэ адыгэбзэм, адыгэшым, адыгэ фащэм, адыгэ хабзэм я пщIэр къэтIэтыжын жэуэ IуэхуфI фигу илъу фыкъежьащи, Тхьэм фи гуращэр къывдигъэхъу!
Илъэс пщIы бжыгъэ текIыжащ мыпхуэдиз шууей хьэщIэ ди къуажэ къызэреблагъэрэ. Апщыгъуэм Иордан къэралым и принц Алий шу гупышхуэ щIыгъуу ди къуажэ къызэрыдыхьар иджырэ къыздэсым ди нэгу щIэтыжщ.
Си фIэщ мэхъу нобэрей махуэм фIы куэд къызэрытхудэкIуэнур, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ ефIакIуэу, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зиужьу дяпэкIи дызэрыкIуэтэнур
Тхьэм лъэпкъымкIэ тхуэмахуэн ищI фызытехьа гъуэгур! — къыхигъэщащ нэхъыжьыфIым Хэгъэрейм и псалъэм пэджэжу шууейхэм я нэ- хъыжь, бжьыфIагъэ нэсрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ къэзыгъэлъагъуэ Гуэщокъуэ Абдул къуажэдэсхэм захуигъэзащ:
— Мы гъуэгум дыкъытезыгъыхьар щIалэгъуалэращ. Хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм щыпсэу ди адыгэ щIалэхэр Интернет зэпыщIэныгъэхэмкIэ зэрыубыдри, мы IуэхуфIыр кърахьэжьащи, дэ — нэхъыжьхэм, а мурадыр ядэтщтащ. Сыту жыпIэмэ, догугъэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм ди лъэпкъыр нэхъри нэхъ зэригъэубыдыжыну, зэкъуигъэувэну.
Шыр — адыгэм лъащIэуи псэуи Iутащ. Лъэпкъ фIыгъуэщ «къэбэрдеиш» фIэщыгъэцIэр иIэу дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэшыр. Абы и пщIэр тIэтыжыным, адыгэ цIыхум и гъащIэм деж быдэу абы и лъэр зэрыщыувыжыным ди гугъэр хэтхкъым. Дыхуейщ цIыхугъэрэ хабзэрэ, дахагъэрэ гуапагъэрэ мы Iуэхум къыпэкIуэну, — жиIащ хьэщIэхэм яхэт нэхъыжьыфIым.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Жьакуэ къуа- жэм и нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Мухьэмэдрэ Хьэбэз къуажэм щыщ Хьэкъун Назиррэ. Мыбыхэми гупсысэ нэхъыщхьэу къыхагъэщащ мы Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, адыгэ лъэпкъым и щхьэ кърикIуа лъэпощхьэпо къомым имыгъэдзыхэу нобэрей зэманым къызэрысар, мыпхуэ дэ IуэхуфIхэр бзэр, щэн-хабзэр тхъумэным дызэрыхущIэкъум и дамыгъэу зэрыщытыр.
ИужькIэ хьэщIэхэм я пащхьэ къыщызэрагъэпэщащ адыгэ джэгу. Хабзэм къызэригъэуву къызэдэфащ пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ. Утыкум уэрэд щыжаIащ районым щыщ уэрэджыIэ ныбжьыщIэхэу Тхьэгъэпсэу Белэ, адыгэ уэрэдыжьыр утыку къизыхьа артист Мамыжь Хьэзрэт сымэ. Пшынауэ Дэбагъуэ Хъусинрэ зэчий зыбгъэдэлъ Цагъуэ Арсенрэ пшыхьыр ягъэдэхащ.
Джэгум иужькIэ, зэхуэсым къеблэгъахэм къыхуаIэтащ адыгэ ерыскъы Iэнэ. ИкIи, ахэр гъэхьэзырыным, адыгэ хабзэм тету хьэщIэхэр гъэхьэщIэным я гуащIэ ин халъхьащ къуажэ еджапIэм и егъэджакIуэ гупым.
ЖыпIэнурамэ, махуэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ къуажэдэсхэм зи дзыхь зрагъэза къуажэ советым и депутатхэм япэу къызэрагъэпэща Iуэхугъуэу плъытэ хъунущ мы махуэм зэхэта зэIущIэ дахэр. Абы теухуауи депутатхэм я Советым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Къанщобий жиIащ:
— Нобэ зэрыкъуажэу дызэрыубыду дызыхэта мы Iуэхугъуэ дахэр лъэужьыншэ хъунукъым дэркIи, къытщIэхъуэ ди щIэблэхэмкIи. Хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъым и хабзэмрэ гупсысэмрэ къэзыгъэушыж, нобэ зекIуэлIхэм я мурад нэхъыщхьэу кърахьэжьа Iуэхугъуэм. Я гур къипкIыным хуэдэу зэщыгуфIыкIыу, я нэгу зэлъыIу хауэ, дунейр ягъэдахэу ди сабийхэр шууейхэм зэрапежьар зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым.
Мы Iуэхур къызэгъэпэщыным дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуахэр къыхэзгъэщыну сыхуейт. Апхуэдэу, мылъкукIэ къыддэIэпыкъуащ хьэрычэт Iуэхум хэт ди адыгэлIхэу Аргун Олег, Сонэхэ Аслъэнрэ Тимуррэ, Езауэ Мурат, Бахътыр Хьэсин, Шыбзыхъуэ Амир сымэ.
Мы Iуэхугъуэм я гуащIэшхуэ хэлъщ къуажэ еджапIэм и егъэджакIуэ гупым — ерыскъы Iэнэ яузэдащ, хьэ щIэ шууейхэр ягъэхьэщIащ. КъинэмыщIауэ, лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ щэн-хабзэмкIэ Унэм и унафэщI Мамхэгъ СэIихьэт, фIыщIэ псалъэ хуэфащэщ махъсымэр зыщIа Шыбзыхъуэ Татым.
Хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм къикIа шууейхэр щетIысэхащ Жьакуэ къуажэм… Пщэдджыжьым жьыуэ зэщIыгъуу зэрежьэжынум хуэдэу, зекIуэхэм яшхэр зэтрагъэпсыхьыжащ. Жьакуэ къуажапщэм къыщыщIадзэри, къуажэку уэрамым тету, я бжыгъэми хэхъуауэ, къуажэдэсхэм ирагъэжьэжащ шууей хьэщIэхэр.
Уэрамхэм къыдэкIа къуажэдэсхэм я нэгум гуфIэгъуэр иплъагъуэт, ахэр иригушхуэт зекIуэлI гъуэгуанэм техьахэм я къуажэдэс щIалэхэри зэрахыхьар – Мамхэгъхэ Ануарбийрэ Ахьмэдрэ.
Зи бжыгъэр 60-м щIигъу шууей щIалэхэм кIуэрыкIуэм тету нэгъуэщI шухэри къахыхьэурэ къуажэхэм къехащ. Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Хьэгъундыкъуей къуажэм дэт сыным шууейхэр екIуэлIащ. Абдежми щыгъуэ пэкIу щащIащ, къыщыпсэлъащ.
АдэкIэ гупым я пашэм иIыгъ адыгэ Ныпыр уардэу щхьэщыбыбыкIыу шу гупышхуэм я гъуэгум щыпащащ. ЗекIуэм хэтхэм я нэхъыбапIэм лъэпкъ фащэхэр къазэрыщылыдыкIыр телъыджэ тщыхъуами, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр мы шууейхэм я нэхъыжьыр илъэс 65-рэ хъумэ, я нэхъыщIэ дыдэр илъэси 9 къудей зэрыхъуращ.
И щхьэр гъэжарэ, лъэныкъуэкIи емыплъэкIыу, «адыгэлI цIыкIу» бэлыхьу езым къытегъэпсыхьа шы лъахъшэ цIыкIум тесу шу гупым яхэтт япэрей зекIуэлI гъуэгуанэр езыгъэжьа ны бжьыщIэр. Псоми ягъэщIагъуэт абы и шы тесыкIэмрэ зыIыгъыкIэмрэ, и нэхъыжьхэм яхудэплъейрэ закъыкIэримыгъэхуу кIуэт…
Мы Iуэхугъуэр узыгъэгушхуэт, узыщыщ лъэпкъым лIыгъэрэ дахагъэу бгъэдэлъар, ноби къыхуэгъэлъэгъуэнур зыхуэдизыр уи нэгу къыщIэзыгъэувэт. Шэчыншэщ, мы махуэхэм адыгэ къуажэхэм я нэгу щIэкIа теплъэгъуэр зэрытелъыджэр. Сыту дахащэ ди фащэр, сыту дахащэ адыгэ хабзэхэр, сыту дахащэ ди адыгэ цIыхур! Дызэрыгушхуэу ди лъэпкъыр тхъумэн зэрыхуейр мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыбгурагъаIуэ. Шууейхэм я зекIуэ гъуэгуанэр — лъэпкъыр зы зыщIыжыным, дызэкъуэзыгъэувэжыным и нагъыщэщ. Тхьэм лъэпкъым хуэмахуэн ищI зекIуэлI шууейхэм къызэранэкIа гъуэгуанэ кIыхьыр!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ (Хьэтай) Мадинэ