ЩIэныгъэлI журналист нэс

Еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Мыжей Михаил 1937 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) 5м Черкесск къалэм къыщыхъуащ. Хэку зауэшхуэм адэншэу къигъэна куэдым ящыщт ар. ЩIалищ къызыхуэна и анэ ФатIимэт и бынхэр иригъэджащ.

ДжэгуакIуэшхуэу, цIэрыIуэу щыта Мыжей Сэхьид и къуэрылъху Михаил къалэм дэт лъэпкъ еджапIэинтернатыр дыжьын медалкIэ къиуха нэужь Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетым щеджащ. Ар 1962 гъэм къиухри, область радиокомитетым адыгэбзэкIэ щIалэгъуалэсабий нэтынхэр игъэхьэзыру лэжьэн щIидзащ. ИужькIэ Михаил ирагъэблэгъащ Къэрэшей-Черкес щIэныгъэкъэхутакIуэ институтым. Бзэм, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, псынщIэ дыдэу и IэщIагъэм хэгъуэзащ. Зэрылажьэм хуэдэу, Тбилиси дэт, Руставели Шота и цIэр зезыхьэ литературэ институтым и аспирантурэм щIотIысхьэ. Абы и щIэныгъэ унафэщIу щытащ куржы IуэрыIуэтэдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Чиковани.

Михаил ди IуэрыIуатэр джынымкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ адыгэ таурыхъхэр, жыIэгъуэхэр, псысэжьхэр зэхуэхьэсынымкIэ зэпымыууэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм япкъ иту итхащ «Мифологическая и обрядовая поэзия адыгов» монографиер. Ар теухуащ адыгэхэм я IуэрыIуатэм и усыгъэ жанрхэм я ухуэкIэм. Ар лъабжьэ хуэхъуащ 1972 гъэм ехъулIэныгъэкIэ Тбилиси щыпхигъэкIа и диссертацэм. Диссертацэр еджагъэшхуэ куэдым ягу ирихьащ икIи Мыжей Михаил филологие щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыхуагъэфэщащ.

IуэрыIуатэр дэтхэнэ зы лъэпкъ щэнхабзэми и лъабжьэу, и шхэпсу щытщ. Михаил адыгэ IуэрыIуатэ  бейр зэхуэхьэсыжынымкIэ мащIэкъым илэжьар. Таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр, жыIэгъуэхэр, псысэхэр итхыжу къуажэ куэдым щыIащ. Ахэр тхылъ щхьэхуэуи къыдигъэкIыжащ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ таурыхъхэр», «Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ», «Адыгэ хъыбархэр», «Кърукъру, къазкъаз» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.

1990 гъэм щIэныгъэкъэхутакIуэ институтым адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIи зэдзэкIыжауэ, къыдигъэкIащ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ зэрыт сборникыр. Абы «Адыгэ псалъэжьхэр» щхьэщIэдзапIэм щIэту къыщыхьащ Мыжей Михаил зэхуихьэсахэр. Ахэр ди щэнхабзэм и дыщэ гъэтIылъыгъэу къалъытащ.

СССРм щIэныгъэхэмкIэ и Академием игъэбелджыла еджагъэшхуэ гупым яхэту Мыжейр елэжьащ «Дунейм тет лъэпкъхэм я мифхэр» жэуэ 1980, 1982 гъэхэм Москва «Советская энциклопедия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъышхуитIми.

Михаил фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ 1990 гъэм дунейм къытехьа «Мифологическэ псалъалъэ» энциклопедием адыгэ псысэжьхэм яхэт лIыхъужьхэм ятеухуа тхыгъэ плIыщIым щIигъу зэрыхигъыхьам папщIэ.

Мыжейм литературэ творчествэми пыщIэныгъэ хуиIащ. Абы итхащ рассказхэр, рецензэхэр, и пьесэхэмкIи спектаклхэр ягъэуващ, и новеллэхэр ихуащ 1990 гъэм къыдигъэкIа «Афэ джанэ» тхылъым. ЦIыхугъэкIэ, лэжьыгъэкIэ, ныбжьэгъугъэкIэ ар япыщIауэ щытащ еджагъэшхуэхэу, щIэныгъэлIхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, ХьэдэгъэлI Асчэр, Хъут Шэмсудин, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ, нэгъуэщIхэми.

Адыгэ IуэрыIуатэр, мифологиер куууэ  джынымкIэ,  абыхэм зегъэужьынымкIэ и пщэ умыкIуэжыну щIэныгъэлI пажэу щытащ Мыжейр.  Адыгэхэм я мифологиемрэ хабзэр къыднэзыхьэсыжа усыгъэхэмрэ теухуауэ абы итха монографиер хэлъхьэныгъэфI хуэхъуащ дунейпсо IуэрыIуатэр джыным.

ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, Михаил и гъащIэр журналист лэжьыгъэмкIэ къыщIидзауэ щытащ икIи а IэщIагъэр IэщIыб ищIакъым. Ар радиокIэ куэдрэ къэпсалъэт, газетхэм щIэныгъэ, жылагъуэполитикэ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм теухуауэ тхыгъэхэр къытрыригъадзэт. Публицистикэм къызэщIеубыдэ IуэрыIуатэлъыхъуэ экспедицэхэм кърикIуахэм зи гугъу щищI тхыгъэхэр, литературэкритикэ статьяхэр, рецензэхэр.

Мыжей Михаил 1992 гъэм дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм и 31м дунейм ехыжащ. ЩIэныгъэлI Iэзэ, IэщIагъэлI нэс ди лъэпкъым фIэкIуэдащ. Щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэкIэ ар хуабжьу хэщIыныгъэшхуэт. Ауэ щIэныгъэлIым и фэеплъыр къэнащ: ипхъу нэхъыжь Пащты Мадинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетыр къиухауэ и адэм и лъэужьым ирокIуэ, IуэрыIуатэм, усыгъэм, бзэм хуэнабдзэгубдзаплъэу лъэпкъым хуолажьэ, филологие щIэныгъэхэм и докторщ.

КъинэмыщIауэ, Черкесск къалэм, ДоваторкIэ зэджэ уэрамым тет, Михаил  здэпсэуа унэм 2004 гъэм и фэеплъ пхъэбгъу кIэралъхьащ.

Мыжей Михаил псэ къабзагъэмрэ адыгагъэмрэ и щапхъэ нэсу псэуащ. Абы иригушхуэнущ къытщIэтаджэ щIэблэр.

 

ЕЗАУЭ Маринэ

Тхыгъэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.