Зыужьыныгъэмрэ хыхьэхэкIымрэ

КъЧР-м и Правительствэм и Унэм накъыгъэм (майм) и 26-м щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ урысей хыхьэхэкIым и IэщIагъэ Махуэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр НэкIухъу Алий, Министерствэм и IэщIа-гъэлIхэр, республикэм хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ и лэжьакIуэхэр.

Къэрэшей-Черкес Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу щыткIэрэ, хыхьэхэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр министрым и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ.

— ХыхьэхэкIым и зыужьыныгъэм епхащ экономикэ зыужьыныгъэри, абы кIуэрабгъущIэхэр къыхуэдгъуэтынри, жылагъуэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ хуэIухуэ-щIэхэмрэкIэ къызэгъэпэща хъунри, цIыхухэм лэжьапIэ яIэнри…  Хэгъуэгу властым и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ защIэгъэкъуэныр, абыхэм я лэжьыгъэм гъуэгу етыныр.  ЖыIэпхъэщи, республикэм хыхьэхэкIым зыщиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэпымыууэ йокIуэкI, ар егъэфIэкIуэным теухуа политикэ мэлажьэ, — жиIащ НэкIухъу Алий.

ЗэIущIэм хэта хыхьэхэкIырылажьэ куэд а махуэм ЩIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщащ, Министерствэм къы-бгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр хыхьэхэкIым щылажьэ дэтхэнэми хуагъэфэщащ.

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.