Путин Владимир: «Ди зэкъуэтыныгъэр – ди зыужьыныгъэм и лъабжэ быдэщ»

Хабзэ зэрыхъуауэ, Урысейм и Президент Путин Владимир и Зыхуэгъэзэныгъэр я пащхьэ ирилъхьащ УФ- м и Федеральнэ ЗэIущIэм. Абы теухуа зэхуэс мартым и 1-м Манежым деж щекIуэкIащ. Мы гъэм зэIущIэм кърагъэблэгъащ Федеральнэ ЗэIущIэм хэтхэм нэмыщIу, Къэрал Думэм и депутатхэр, УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституционнэ, Ищхьэ судхэм я унафэщIхэр, губернаторхэр, Урысейм и хэгъуэгухэм я хабзэкъэгъэщI зэIущIэхэм я тхьэмадэхэр, хэгъуэгухэм я жылагъуэ палатэхэм я пашэхэр, СМИ инхэм я унафэщIхэр.

Президентым и къэпсэлъэныгъэм къытеувыIащ ди къэралым и социальнэ политикэм ехьэлIауэ къэув къалэн нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу, Путин Владимир къиIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди къэралым и демографие щытыкIэм, узыншагъэр хъумэным, псэупIэхэр ухуэным, ипотекэр цIыхухэмкIэ тыншыгъуэ яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми яхуэгъэза упщIэхэр. КъинэмыщIауэ, экономикэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм къытеувыIащ.

— ПщIэ зыхуэсщI Урысейм и цIыхухэ! ПщIэ зыхуэсщI ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ! Дызыщыпсэу зэманым, тчы лъэбакъуэ, длэжь Iуэхугъуэ къэс мыхьэнэ зэриIэм хуэдэу, нобэрей Зыхуэгъэзэныгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, абы илъэси 10 ипэкIэ ди къэралым и гъащIэр зэрыхъунур игъэбелджылынущ. ЖысIэнщи, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ лъэхъэнэхэм Урысейм мызэ-мытIэу игъэлъэгъуащ зэрызиужьыфыр, зэрефIэкIуэфыр. А лъэхъэнэхэм щIыхэр нэгъэсауэ къигъэсэбэпащ, къалэхэр иухуащ, космосым зрипщытащ, къэхутэныгъэщIэхэр къигъэщIащ.

  №17 8.03.2018

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.