Къагъырмэс Борис
Адыгэ пщащэм
Уезгъэщхьынут дзэл жыг гуакIуэу
Iуфэм Iуту зыкъизыхым,
Зи къудамэхэр гъэщхъауэ
псым и макъыр зэхэзыхым.
Уезгъэщхьынут щиху жыгыщIэу
хъугъэпс лъэщыр зи пкъым щIэтым,
ЩхьэкIэр ещIэу, пэр зэрихьэу
уэгум хуеIэу зызыIэтым.
Уезгъэщхьынут уи зекIуэкIэр сэ щыслъагъукIэ,
сфIэфIу, пщащэ,
Зи бгы псыгъуэр зезыгъакIуэ
уардэу лилие дахащэм.
Уезгъэщхьынут уэ индусхэм
я къэфакIуэ Iэзэ дыдэм,
Къафэу щIидзэмэ,
гурыщIэр вагъуэ пщагъэкIэ зылъытэм.
Уезгъэщхьынут…
Сыт уезгъэщхькIэ.
Нэрылъагъур сэ жызмыIэу:
ЦIыхубзым псоми уэрщ яхэтыр
зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу…
«Черкешенке» — Бальмонт Константин
Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэ хъуауэ щекIуэкI, «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм и зичэзу зэхыхьэр сыт щыгъуи хуэдэу дахэу, екIуу, гукъинэжу екIуэкIащ.
Зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа пщащэхэм уахэдэну гугъут. Дэтхэнэри теплъафIэт, щIыкIафIэт, акъылыфIэт, фIэрафIэт, IэкIуэлъакIуэт. Я хьэл нэхъыфIхэмрэ я Iэзагъ здынэсымрэ къэпщытакIуэхэми, хьэщIэхэми къритщIэну IэмалыфIт ахэр зэрызэпеуа Iуэхугъуэхэр.
Япэ гъэлъэгъуэныгъэм дэтхэнэми жьакIуэу адыгэбзэ шэрыуэкIэ утыкум щыжиIащ къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым я шыфэлIыфэр, езыхэм я дуней тетыкIэр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр, хъуэпсапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
IэпэIэсагъэм Iуэхур щынэсым, пщащэхэм дакъикъэ бжыгъэкIэ щэкI кIапэм щIыIу ирадащ.
ПщэфIэныр къазэрехъулIэр къагъэлъэгъуащ щIакхъуэзэтеж, кхъуейжьапхъэ, дэлэн, лыцIыкIулыбжьэрэ пIастэрэ Iэнэм къытрагъэувэкIэрэ, ар зэрапщэфIар экранымкIэ къагъэлъагъуэу.
Пщащэхэр адыгэ щэнхабзэм зэрыхэтыр гукъинэжу утыку щагъэлъэгъуащ щхьэж езым и зэфIэкIымрэ тхури зэгъусэу ягъэзэщIа къафэмкIэ.
Усэ къеджэнми, поэмэм щыщ пычыгъуэ жыIэнми, къэфэнми дахэу пэлъэщащ ахэр. ЖыпIэнурамэ, жюримкIэ хэдэгъуейт абыхэм: пшыхь фащэхэр зэкIужу ящыгърэ псы хуэм ес къазу утыку къызэрихьэм, дэтхэнэми адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зыхэт, нобэрей махуэм декIу фащэхэр ящыгът, пасэм адыгэ бзылъхугъэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшып зырыз яIыгът.
Зэпеуэм и кIэм хъуэхъу зырыз жаIэн хуейти, абыи пщащэхэр егугъуащ, хъуэхъур зытеухуа Iуэхугъуэр теплъэгъуэу къагъэлъэгъуащ.
Гугъут къэпщытакIуэхэм я Iуэхур. Апхуэдиз гуакIуагъ, шэрыуагъ, гумащIагъ, Iэдэбагъ, Iущагъ зыгъэлъэгъуа пщащэ нэсхэм я нэхъыфIыр, нэхъ жаныр, нэхъ Iэзэр, нэхъ шэрыуэр зэрызэкIэлъыкIуэу къыхэхын хуейт. ИтIани арат зэпеуэм и хабзэри, пщащэхэм увыпIэхэр хуагуэшащ.
Апхуэдэуи, «Адыгэ пщащэ-2019» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ Къущхьэ Iэсят. Япэ Адыгэ пщащэ хъуащ Джэдмышх Даринэ. ЕтIуанэ Адыгэ пщащэр Къуэныкъуей Лианэщ. Ещанэ Адыгэ пщащэщ Чэт Лианэ. «Пщащэ зэчиифIэу» зэпеуэм хэтащ Дзасэжь Лианэ…
Зы пщащи къэнакъым Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Налшык къалэм щэнхабзэмкIэ и Управленэм, «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм я ЩIыхь тхылъхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIа саугъэтхэмрэ зрамыта, КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и Министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэгуфIащ япэ увыпIищыр къэзыхьахэр. ТекIуам Дунейпсо Адыгэ Хасэр ЩIыхь тхылъкIэ хуэупсащ.
Саугъэт щхьэхуэхэр пщащэхэм иратащ Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ- щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, Къудей Владимир, Зыхьэ Оксанэ, ЩоджэнцIыкIу Леонид, нэгъуэщIхэми.
Саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща, «Адыгэ пщащэ-2019» хъуа Къущхьэ Iэсят — мы гъэм и гъэмахуэм Израилым кIуэнущ!
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмрэкIэ и Министерствэм хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри зыгъэбыдэ проект телъыджэ егъэзащIэ. АтIэ, илъэс къэс хамэ къэрал щыщ адыгэ сабийхэр зыгъэпсэхуакIуэ къешэ, зыгуэркIэ къыхэжаныкIа хэкурыс ныбжьыщIэхэр зыгъэпсэхуакIуэ егъакIуэ. Iэсят и кIэн къикIащ мы гъэм Израилым кIуэну, Кфар-Камэ щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм я щыIэкIэмрэ зригъэлъагъуну.
Зыгъэхьэзырар
АБИДОКЪУЭ Люсанэщ