Мало-Къэрэшей районым хыхьэ «Конзавод – Коммунстрой — Медовые водопады» автомобиль гъуэгум и ухуэныгъэхэр ирагъэжьащ.
Ухуэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, цIэрыIуэ хъуа турист-рекреацэ комплексым транспортыр зэрекIуалIэ гъуэгум и щытыкIэр ефIэкIуэнущ.
Лэжьыгъэр къыщызэрагъэпэщынущ километри 7,53-рэ зи кIыхьагъ гъуэгум. Мы проектыр гъэзэщIа хъумэ, гъуэгум и шынагъуэншагъэр ефIэкIуэнущ, абы и фIыщIэкIи Мало-Къэрэшей районым туризмэм и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэфI игъуэтынущ, хыхьэхэкIырылажьэхэми къахэкIынущ нэгъуэщI турист ухуэныгъэхэр мы рай-оным деж къыщагъэщIыну.
Ди корр.