БэвыфI къитынущ
Ди хэгъуэгумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, «Закладка фруктового сада в Карачаево-Черкесской Республике» инвест проектым и етIуанэ Iыхьэр яутIыпщащ. Абы ипкъ иту, Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ гектари 100-м мыIэрысей щыхасэнущ. ГуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Мы проектым и фIыгъэкIэ, республикэм щыпсэу цIыхухэр фIагъ зиIэ пхъэщхьэмыщхьэ IэфIхэмкIэ къызэдгъэпэщынущ. Нэхъыщхьэр аращи, мурад зыхуэдгъэувыжахэр — Адыгэ-Хьэблэ районым, республикэм жыг хадэр къыщыгъэщIэрэщIэжыныр, цIыхухэм лэжьапIэ къахузэгъэпэщыныр — зэдгъэхъулIэфынущ, — жиIащ Темрезов Рэшид.