Куликовскэ зэхэуэм и пэ адыгэхэм Мамай и дзэр зэрызэбграхуар

Куликовскэ зэхэуэм и пэ адыгэхэм Мамай и дзэр зэрызэбграхуар

«Куликовская битва» зи фIэщыгъэцIэ зэхэуэр 1380 гъэм екIуэкIауэ щытащ. Донской Дмитрий зи пашэ дзэр пэщIэувауэ щытащ Мамай къришэжьа Золотая Орда хъаныгъуэм и дзэ зэрыпхъуакIуэхэм. Урысейм и тхыдэтххэм ягъэлъапIэу, нобэр къыздэсым яхуэмыIуэтэж тхыдэ Iыхьэщ мыр. ЕджапIэм дыщеджэхуи мы тхыдэ напэкIуэцIхэр щIэтплъыкIащ, иужькIи куэдрэ и хъыбар дрихьэлIащ. Ауэ, гъэщIэгъуэныр аракъэ, а зэхэуэм адыгэхэр зэрыхэтам и зы хъыбари къыднэсатэкъым…

 Хьэуэ, хъыбар зыусхэм хуэдэу, жаIэжа гуэркъым мы тхыгъэмкIэ фи пащхьэ итлъхьэну дызыхуейр, атIэ тхыдэ тхылъхэм, архивхэм къыхэдгъуэта щыхьэт нэIурытщ. Абыхэм хьэкъыу зэрыжаIэмкIэ, Куликовскэ зэхэуэм адыгэхэр хэтащ. Абы шэч хэлъкъым. ГъэщIэгъуэныр нэгъуэщIщ. Тхыдэ архивым

къызэрыхэнамкIэ, адыгэхэр мы Iуэхум лъэныкъуитIымкIи хэтащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Донской и дзэми, Мамай и дзэми адыгэ зауэлIхэр хэтащ. Ар дауэ зэрыхъуар?

Ижь-ижьыжым къыщегъэжьауэ, адыгэхэр зауэ Iуэхум хуэгъэщIауэ къекIуэкIащ. Ар псалъэ дыгъэлкъым, атIэ Iуэхур зытетар къэзыгъэлъэгъуэжщ. Абы и щыхьэт хьэзырщ адыгэ зауэлIхэр гъунэгъу къэралхэм къыщымынэу, Польшэм (а зэманым Речэ Посполитэм), Болгарием, уеблэмэ Мысырым (Египетым), Африкэ къэралхэм зэрынэсахэр. Къэрал, лъэпкъ куэдым адыгэхэм щапхъэу трахащ Iэщэ-фащэ зэгъэпэщыкIэр, зэуэкIэр. Абы къыщымынэу, адыгэ лIакъуэпщхэр ягъэблагъэу щытащ Урысейм и мызакъуэу, тэтэрхэми, нэгъуейхэми, къалмыкъхэми, Кавказ лъэпкъхэми. Абы и цIэкIэ, зауапIэ губгъуэхэм щызэпэщIэува къэралхэм, лъэпкъхэм пщIэкIэ (наемникыу) е благъагъэкIэ ядэзэуа адыгэ куэди яхэтащ лъэныкъуитIымкIи. Ар жагъуэщ, ауэ тхыдэм къыхэна хьэкъщ.

Куликовскэ зэхэуэми ирихьэлIэу, адыгэхэр Мэзкуу (Московскэ) пщыгъуэм дэгъуэгурыкIуэу, зэрыжаIэу, я шыгъу-пIастэ зэхэлъу щытащ. Куликовскэ зэхэуэми ирихьэлIэу аращ Донской и дзэм ахэр къыщIыхэхутар. Иджы езы зэхэуэм и тхыдэм дыхуэкIуэнщ.

1380 гъэм и шыщхьэIу (август) мазэм и кум дзэзешэ Донскойм дзэ зэхуишэсар щIеплъыкI Коломнэ щIыпIэм щыIэ «Девичье поле» губгъуэм деж. «Уряжение полков» зыфIаща щIэплъыкIыныгъэм къыщагъэлъагъуэ полкхэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ. Дзэр полкитхуу гуэшат. Япэ дыдэ итыр «сторожевой» полкрат. Абы хэтауэ къехь Коломнэ, Юрьев, Кострома, Переяславль, Владимир къалэхэм я зауэлI гупхэр. Я унафэщIу щытащ Вельяминов Микула, Волуй Тимофей, Квашня Иван, Саркизов Андрей. «Урысыдзэ гъэщIэгъуэнщ» жиIэнущи щIэджыкIакIуэр блэкIынущ. Дэ дыкъытеувыIэнщ иужьу зи цIэ къитIуам. Серкизов Андрей Иванович – хэт ар?

Дылъыхъуэу щIэддзэмэ, Википедием «къыдет: «Серкизов Андрей Иванович – 1380 гъэм, фокIадэм (сентябрым) и 8-м дунейм ехыжащ, чингизидщ, Куликовскэ зэхэуэм и ЛIыхъужьщ, тэтэр царевич Серкиз-бей и къуэщ, коломенскэ дзэзешэщ. Москва, Коломнэ, Дмитровскэ уездхэм хапIэшхуэхэр щиIэт, Московский Дмитрий къыхуигъэфэщауэ. И адэм (Серкиз-бейм) «Золотая Орда» пщыгъуэм къыхихауэ щыта мылъкушхуэр къыхуигъэнауэ иIэт.

Хъарзынэщ, адэкIэ докIуэ. И адэ Серкиз-бейм и лъэужьым дылъыхъуэн щIэддзэмэ, «Серкиз» цIэр «Черкиз»-у къыщIокI. 1371 гъэм Донскойр Ордам макIуэ мылъку тын (дань) яхуешэри. КъыщигъэзэжкIэ, гъусэ къыхуащIа дзэм яхэтщ Черкизыр. Мэзкуу деж жор пщIэхалъхьэри, Иван цIэри къыфIащ. Ордам а зэманым пщыгъуэр яхуэгуэштэкъым, Узбек хъаныр дунейм ехыжауэ, абы къыщIэнахэм зэкIэщIэтIэ зэхуэдзэлашхэт я Iуэхур. Мис абыхэм и щхьэр къахехри, и дзэр и гъусэу Черкизыр Мэзкуу къокIуэ.

Абы и къуэ Андрей Куликовскэ зэхэуэм дзэзешэу (воевода) хэтщ. Переяславскэ полкым и тхыдэм  къызэрыхэнамкIэ, Мамаймрэ абырэ зозауэри, Андрейр къаукI. Хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ, Орда хъаныгъуэр зыбгына Черкиз-бейм хузэгуэпт Мамайр, пщыгъуэр щагуэшым ар къыпэщIэувауэ щытат, аращ и къуэри и IэкIэ иукIыну щIыхущIэкъуар. Андрей къыщIэнащ зы къуэ Федор и цIэу, «Старко» и цIэ лейуэ. Абы къытекIащ Урысейм щыцIэрыIуэу щыта «Старковы» унагъуэцIэр.

Черкизовхэр — Орда хъаныгъуэм хэта, пщIэкIэ зауэу щыта (наемникыу) адыгэ дзэпщхэм язщ. Мэзкуу пщыгъуэм къэкIуэжу, жор къыпщIэхалъхьа и ужьщ «Серкизов» жэуэ ятхын щыщIадзэр. Мы зэманым Москва къалэм и «Черкизово» лъэныкъуэм и цIэр абыхэм я хапIэжьращ къызытекIар.

Черкизовхэм нэмыщIу нэгъуэщI адыгэхэри Ордам зэрыхэта зы щыхьэт ди тхыгъэм и кIэм къыщытхьынущ.

АдэкIэ докIуэри, тхыдэтх Евграф Савельев и «Племенной и общественный состав казачества» тхылъым зэрыщитхымкIэ, Черкас лъэпкъым и къудамищым язщ – Донской къэзакъхэр. «Половецкое нашествие» зэрыпхъуэныгъэм и ужь, черкасхэр Iыхьищу зэгуаудауэ щытащ. Ипщэ лъэныкъуэр Дон Iусахэм къыгуаудри я закъуэу КавказымкIэ къэнащ, Псыжьрэ Азоврэ я Iэгъуэблагъэм. АдэкIэ итха Iыхьэр зэхъуэкIыныгъэ имыIэу урысыбзэкIэ къэтхьмэ нэхъыфIщ, тхыдэ тхылъу зэрыщытым къыхэкIкIэ: «После татарского нашествия развилось в среде черкас казакованье по примеру отважных киргизских казаков. Часть этих последних, оттесненная от Днепра Киевскими черкасами, осела в низовьях Дона и главным образом в Азове, имеющем за собой седую древность. Здесь казачьи кочевники смешались с остатками Донских черкас и  бразовали смелую демократическую общину, сделавшуюся потом известной под названием Азовских казаков. На среднем течении Дона, без сомнения, уже в то время существовали редкие, но коренные поселения Донских черкас (казаков), так как в 1380 году были известны городки Сиротинский и Гребни, жители которых, участвуя в знаменитой Куликовской битве с татарами, поднесли Великому князю Дмитрию Донскому образ Гребневской Божией Матери».

ГурыIуэгъуэ хъуащ Донскойм и дзэм щыщу Куликовскэ зэхэуэм адыгэхэр къызэрыхута щIыкIэр. АтIэ, Мамай и дзэм хэта адыгэхэр дэнэ къыздыхэщыжыр? Мамай зэхуишэса зауэлIхэр лъэпкъ зыщыщым елъытакIэрэ гуп-гупу гуэшауэ щытащ. Абыхэм я къетхэкIым мыпхуэдэу хэтщ адыгэ зауэлIхэм я теплъэр: «Адыгэ шуудзэм хэтхэм Iэщэу яIыгъащ: мэIуху хъурей, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэлъу, «Пика» Iэщэм хуэбгъэдэну ещхь бжы кIыхь, сэблэ кIыхьрэ джыдэ цIыкIурэ. Уанэм фIэщIат аркъэнри. Iэщхьэ кIэщI афэ джанэр ящыгът, IэфракIэм къыщыщIэдзауэ къехыу я Iэр афэ тепхъэкIэ хъумат, афэ Iэлъэхэр яIэрыгът, я вакъэхэм, лъэгуажьэм, лъэгуажьэ щIагъым гъущI тхьэпэхэр тебзат, таж памцIэр ящхьэрыгът натIэрыкъэмрэ пэбгыр зыхъумэ гъущI тхьэпэмрэ тебзауэ. Адыгэ зауэлI лъэсхэм ящыгът афэ джанэ зэIуда IэщхьэкIэщIу, гъущI тхьэпэкIэ зэIуда телъхьэр (ламеллярная кираса). МэIуху хъурейр, шабзэ хьэлъэ — зэхэтыр, джыдэ цIыкIур, сэр жэуэ яIыгът.

ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, Черкизыр къызыхэкIыжа адыгэпщхэм я нэIэ щIэту мы зауэлIхэр Орда пщыгъуэм хэтт. Абы къыщымынэу, Куликовскэ зэхэуэм деж Мамай и дзэм хэтащ наемникыу ялъытэ половцхэр, адыгэхэр, тыркухэр, ясхэр, ермэлыхэр, генуэзцхэр, нэгъуэщIхэри. Мэзкуу пщыгъуэм и архивхэм мыпхуэдэу къыхэнащ: «съ всѣми князи Ординьскими и со всею силою Татарьскою и Половецкою. Наипаче же к симъ многи рати понаимовалъ: Бессермены и Армены, Фряги и Черкасы и Буртасы, с нимъ же вкупѣ въ единои мысли и князь велики Литовскы и Ягаило Олгердович со всею силою Литовъскою и Лятьскою, с ними же въ единачествѣ и князь Олегъ Ивановичь Рязаньскыи…».

Куликовскэ зэхэуэ нэужьми Мамай и Ордам къыщIэна хъаныгъуэм куэдрэ хэтащ адыгэ зауэлIхэр (наемникхэр). Абыхэм зэрахуэзауэм папщIэ уасэу къратт ахъшэм къыщымынэу, щIыгушхуэхэр. А щIыгухэм тепщэгъуэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщыжт. Сафаргалиев М. «Распад золотой орды» тхылъым мыпхуэдэу щетх: «Илъэс тIощIкIэ Золотая Ордам яхуэмыгуэша пщыгъуэр Тэхъутамыщ хъаныр зэрытехьэу зыIэщIиубыдащ. Куликовскэ зэхэуэм и ужь зыкъамыужьыжыну къащыхъуа Мамай и пщыгъуэр Тэхъутамыщым къеIэтыжри, хъаныгъуэм къыщызэщIекъуэж Синяя Ордар, Хорезмыр, Хьэжы-Черкес и Астраханскэ тепщэгъуэр, Мамай къыщIэна гупыр. А псор Джучиев улусым щызэхегъэхьэж…»

ГъэщIэгъуэнкъэ? Хэт а Хьэжы-Черкесыр? Архивым зэрыхэтымкIэ, ХIV лIыщIыгъуэм и 60 гъэхэм къыщыщIэдзауэ, Астрахъан тепщэгъуэр аращ зыIыгъыр. Черкизовхэм хуэдэу мыр чингизиду щытакъым. Ауэ Золотая Ордам пщIэ щызиIэ адыгэ дзэзешэхэм ящыщт. Абы и хъыбар къыхощыж Мысырым и сулътIан Баркъукъуэм и визирь Халдун и тхыгъэхэм. Абы эритхыжымкIэ, Золотая Ордам и щIыгуу хъуар зи нэIэ иужьрейуэ щIэта хъан Бердибек и хъаныгъуэм и дзэхэм я унафэщIу, дзэзешэу щытащ Хьэжы-Черкесыр. Бердибекыр дунейм щехыжкIэ, Хьэжы-Черкесым хъаныдзэм хешыж и адыгэ зауэлIхэри, Астрахъан тепщэгъуэр щеубыд. Хьэжы- Черкес и къару фIыгъуэр зыхуэзэр 1367 гъэращ. Пицигиани Францискрэ Доминикрэ зэхагъэува картэм щыгъэбелджылащ Черкесбек-хъан и хэщIапIэр (резиденция) «casa de jarcasi». Ар здэщыIар Индыл (Волга) и ижьырабгъумкIэщ, иджырей Саратов и Iэхэлъахэм.

Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр нэгъуэщIщ. Тхыдэтх Егоров В., Халдун сымэ зэратхымкIэ, «1374 гъэм Астрахъан тепщэгъуэр щызыIыгъ Хьэжы-Черкесыр Мамай хъаным тоуэри, Золотая Ордам и къалащхьэу щыта Сарай къалэр къытрех. Абы и ужь Мамайр, адыгэхэм къызэбграхуа и дзэ пытхъахуэхэр и гъусэу, КърымымкIэ мэIэпхъуэри, абдеж и лъабжьэ щигъэбыдэн щIедзэ.»

Хъаныкъуэхэр, Ордам и щылъхухэр Адыгэ Хэкум зэрыхуейуэ итауэ зытхи щыIэщ. Ауэ апхуэдэ тхыдэтх нэпцIхэр архивым хэплъамэ ялъагъунут: Черкес (Черкеш, Черкес-бек, Хаджи-Черкес, тат. Хаҗи Чиркәс-хан) — Золотая Ордам и хъан 1374-1375 гъэхэм. Хьэжы-Тэрхъан (Астрахъань) щытепщэу щытащ. И ахъшэ къыдигъэкIыжт. Мамай къыщыщыхьэм, зыкъиIэтщ кIуэри, Мамай и дзэри зэбгырихущ, Золотая Ордам и къалащхьэ Сарай къалэри къизэущ, езы Золотая Орда дыдэри яфIиубыдри, и Хъанышхуэу 1374 гъэм теувауэ щытащ.

Телъыджэщ, ауэ, Куликовскэ зэхэуэр екIуэкIыным и пэ илъэсихкIэ къихуэу, апхуэдизу псоми яфIэшынагъуэ Мамай хъаным и дзэр зэбгрихуауэ щытащ адыгэ дзэпщ Хьэжы-Черкесым. Ауэ тхыдэм и кIуапIэхэр гъэщIэгъуэнщ – Куликовскэ зэхэуэм деж Мамайм  зэрыщытекIуар махуэшхуэу ягъэлъапIэ, ауэ ар дыдэм нэхъ ипэIуэкIэ и пщыгъуэри, къалащхьэри къытрихыу, Хьэжы-Черкесым зэрырихужьэжауэ щытар зыми ицIыхужкъым. Мы адыгэлIым и къарур апхуэдизу инти, хъан Мамай къызэригъэгубжьам нэхъ щхьэусыгъуэ имыIэу, зауакIуэ ежьэри, лъэпкъхэр лъэгуажьэмыщхьэу зыгъэув Золотая Ордар яфIиубыдауэ щытащ. Хьэжы-Черкес дзэпщым теухуауэ куэд жыпIэфынущ. Абы и хъыбархэр нэгъуэщI зы тхыгъэм щызэхуэтхьэсыжынщ.

КЪАРЗЭДЖ Сэид.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.