И тхыгъэхэр ноби зэIэпах
Зи гугъу тщIыну тхакIуэм «Шапсыгъхэм япхъу» тхыгъэ закъуэм нэхъ имытхами, адыгэ лъэпкъым фэеплъ сын хуигъэувынт. Ауэ абы фэеплъ псоми я нэхъ лъапIэу илъытэу щытар къэзылъхуа лъэпкъым и лъагъуныгъэрати, зыщIэхъуэпса дыдэр къехъулIащ. Абы и тхыгъэхэр дэтхэнэ адыгэ щIыналъэми, сыт хуэдэ адыгэ еджапIэми щадж, фIыуэ щалъагъу, тхэн щIэзыдза дэтхэнэ щIалэм и дежкIи КIэрашэ Тембот и прозэр еджапIэшхуэщ, зи пщэ умыкIуэжын щапхъэ гъуэзэджэщ.
Адыгэу зилъытэжу, зы цIыхуи щыIэу къыщIэкIынкъым КIэрашэ Тембот и цIэм щымыгъуазэ. Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгэ Республикэми КIэрашэ Тембот и тхылъхэр щызэIэпах – щызэIэпалъхьэ, ар дэнэ къэна, нэгъуэщI хамэ къэрал куэдми щыцIэрыIуэщ абы и тхыгъэ уахътыншэхэр. ТхакIуэм апхуэдэ щIыхьрэ пщIэрэ къыхуэзыхьар и зэчий абрагъуэращ, и акъылышхуэращ, къэзылъхуа лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ, щыпкъагъэ инращ.
Нобэ езыр мыпсэужми, адыгэ лъэпкъыр псэухукIэ КIэрашэм и тхыгъэхэр мыкIуэдыжынщ. КIэрашэ Тембот Мыхьэмэт и къуэр Адыгэ Республикэм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм 1902 гъэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ зыхуэзар пащтыхьым и зэманыжьрати, щIалэм еджэну и насып къихьыну къыщIэкIынтэкъым, и адэ Мыхьэмэт Iуэхум хэмылIыфIыхьатэмэ. Мыхьэмэт лIы губзыгъэт, урысыбзэри мыIейуэ ищIэти, щIэх гу лъитащ и къуэр щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэм, я гъунэгъу Дондуковскэ станицэм дэс еджакIуэ щIалэ цIыкIухэм зэрехъуапсэм, икIи мурад быдэ ищIащ Тембот иригъэджэну.
Пэжщ, Мыхьэмэт и щIалэр а станицэм дэт урыс еджапIэм хуащтакъым. Ауэ и урыс благъэр къигъэсэбэпри, и къуэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ ирыригъэгъэщIащ. ИужькIэ Тембот а станицэм щылэжьэн щIидзэри, абы зэрыдэса илъэсищым и кIуэцIкIэ фIы дыдэу урысыбзэр зэригъэщIащ, урыс тхакIуэхэм я тхыгъэхэми щыгъуазэ зыхуищIащ. 1913 гъэм, и щIэныгъэм адэкIэ пищэн мурадкIэ, Уфа къалэм зрегъашэри, абы дэт мыдрисэм щIотIысхьэ. Мыдрисэм Тембот куэдрэ щеджэфакъым: Япэ Дунейпсо зауэ къежьам и зэранкIэ хыфIидзэжу я деж къэкIуэжын хуей хъуащ. КIэрашэм щIэныгъэ нэс зригъэгъуэтын щыхузэ- фIэкIар иужькIэщ. Ар ще- джащ еджапIищым: Мейкъуапэ дэта реальнэ училищэм, Краснодар политехническэ институтым, Москва промышленно – экономикэ институтым.
ЩIэныгъэ нэс зыгъуэта адыгэ щIалэм и хэкум къегъэзэж. Япэ щIыкIэ ар щолажьэ а зэманым къыдэкIыу щIэзыдза адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэу, иужькIэ тхылъ тедзапIэм и директору, щIэныгъэ – къэхутакIуэ институтым и унафэщIу, Краснодар педагогическэ институтым и егъэджакIуэу. IэнатIэ зыIутхэр пылъхьэншэу зэрызэрихьэм къыдэкIуэу, КIэрашэм нэгъуэщI Iуэху куэди зэфIех: я лъэпкъ тхыбзэмкIэ еджэн щIэзыдза адыгэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр зэхелъхьэ, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуихьэсыжурэ къыдегъэкI, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа лэжьыгъэхэр етх. А зэманым КIэрашэр творческэ лэжьыгъэм хэпщIа хъуагъэххэт. 1925 гъэм абы иухри дунейм къытригъэхьащ и япэрей рассказ «Аркъэр», 1929 гъэм – «Шамбул» романыр, 1934 гъэм – «Мэшыкъуэ и щхьэкIуэ» тхылъыр.
ЩIэджыкIакIуэхэр гуапэу зыIущIа а тхыгъэхэм Тембот творческэ гукъыдэжышхуэ кърат икIи и IэщIагъэм нэхъри трагъэгушхуэ. Псом хуэмыдэу, тхакIуэм и Iэзагъым, и зэчиим зыщиужьыр Хэку зауэшхуэм иужькIэщ. Урыс, дунейпсо литературэхэм я щапхъэ нэхъыфIхэм набдзэгубдзаплъэу щIэджыкIа, абыхэм я хьэл – щэнхэм кIэлъыплъа КIэрашэм а зэманым, зыр адрейм кIэлъыкIуэу, произведенэ гъуэзэджэ куэд къыдегъэкI икIи тхакIуэ цIэрыIуэ мэхъу. Адыгэ къуажэхэм я псэукIэщIэм теухуауэ итха романым щхьэкIэ абы 1948 гъэм кърат Сталин къэрал саугъэтыр. «Гъуэгу насыпыфIэм» нэмыщIу, а зэманым тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIокI адыгэ къуажэдэсхэм, щIалэгъуалэм теухуа нэгъуэщI тхыгъэхэри: «КIукIуэ», «Ди пщащэхэр» романхэр, «Анэ Iущым ипхъу», «Гур гъэбыдэ», «Нану къехъулIахэр» повестхэр. ТхакIуэм и бзэр шэрыуэщ, бейщ, щхъуэкIэплъыкIэщ, псалъэжьхэмкIэ, зэгъэпщэныгъэхэмкIэ гъэнщIащ.
Пейзаж теплъэгъуэхэр куэду къыщокIуэ. Ауэ псом хуэмыдэжу КIэрашэр цIэрыIуэ зыщIар, къэзылъхуа адыгэ лъэпкъым и лъагъуныгъэ гъунэншэр къыхуэзылъэщар ди лъэпкъым и блэкIам триухуа тхыгъэхэращ: «Шу закъуэ» романыр, «Шапсыгъхэм япхъу», «ЩакIуэм и лIыгъэр», «Абрэдж», «ИкIэрей фоч уэгъуэ» повестхэр; «ГъущIыпсэ», «ГъащIэм и дерс», «ЛIыгъэр зэрагъэунэху», «Бысым щIалэ» рассказхэр. Мыбыхэм ящыщ дэтхэнэри апхуэдизкIэ нэхущ, дахэщ, гунэсщ, бзэ шэрыуэ телъыджэкIэ тхащи, налкъутнал- мэсу зэщIопщIыпщIэ. КIэрашэм адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу игъэшэрыуэфу, тIуми иритхэфу щытащ, икIи абы и сэбэпыр нэрылъагъущ: и тхыгъэ псори, щIагъуэкIэ зэкIэрымыхуу, къэрал утыкум занщIэу къихьащ, хуэфэщэн пщIэи ягъуэтащ.
Ар и щыхьэтщ Тембот и зэчиишхуэм нэмыщIу акъыл насыпыфIи зэриIам. КIэрашэ Тембот, куэдрэ сымэджа нэужь, 1988 гъэм дунейм ехыжащ. КIэрашэм хуэдэу къызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и зэхэтыкIар, и хабзэхэр, хьэл-щэнхэр нэсу къэзыгъэлъэгъуа адыгэ тхакIуэ гъуэтыгъуейщ. Лъэпкъри тхакIуэм фэеплъ уасэфIкIэ пыкъуэкIыжащ: и фэеплъ пхъэбгъу здыщы- псэуа унэм щыфIалъхьащ, Адыгэ Республикэм и щIэ- ныгъэ къэхутакIуэ институтым КIэрашэ Тембот и цIэр зэрехьэ, тхакIуэм и литературэ музей къудамэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ Адыгэ республикэм и лъэпкъ музейм хэту, Мейкъуапэ деж и фэеплъ сын хуа- гъэуващ.
БЕМЫРЗЭ Зураб