Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Михалков Сергей МэшбащIэ Исхьэкъ щхьэкIэ жиIэгъащ: «Сэ ар ябгъурызогъэувэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа тхакIуэхэм, усакIуэхэм – КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, Карим Мустай, Кугультинов Давид сымэ».
Михалков и псалъэмкIэ акъылэгъу мыхъун урихьэлIэнукъым. Лъэпкъ литературэхэм я тхыдэр зыдж щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэм, абыхэм зэманымрэ гъащIэмрэ я куупIэр къызэрыщIагъалъэм, цIыхум и гущIэлъапсэм зэрынэIусым, абы и гупсысэр зэхэзехуэн зэращIыфым. Ар зыхузэфIэкIынур къалэм жан зыгъабзэ, гъащIэм, дунейм (ар иренобэ е иретхыдэ) я пэжыпIэр Iуэтэным зыщызымыдзей тхакIуэ набдзэгубдзаплъэрщ. АркъудеймкIи зэфIэкIыркъым: зи гугъу сщIа псори пхузэфIэкIын щхьэкIэ, лIыгъэ, цIыхугъэ лъагэ пхэлъын хуейщ. Нэхъыщхьэращи, ар зэрыпху- зэфIэкIын зэчий къыбдалъхуауэ, Тхьэр абыкIэ къыпхуэупсауэ щытын хуейщ. Апхуэдэ насыпыр зи натIэм къритхахэм ящыщщ МэшбащIэ Исхьэкъ.
Балигъ ныбжьым иуватэкъым Исхьэкъ абы и япэ усэр дунейм къыщытехьам щыгъуэ – 1945 гъэм. Абы щыщIэдзауэ зы махуи игъэтIылъакъым МэшбащIэм усакIуэ, тхакIуэ къалэмыр. Нобэ псоми ялъагъу адыгэлI щэджащэм илъэс 60-м щIигъуауэ къалэм гуащIафIэ икIи жан зэригъабзэр.
МэшбащIэ Исхьэкъ литературэм зэрыхыхьар усэкIэщ. Аращ абы и зэчиймрэ и зэфIэкIымрэ япэ хэIущIыIу зэрыхъуар. Усэ тхылъ 30-м щIигъу къыщIэкIащ Исхьэкъ и къалэмыпэм – «Си дуней», «Вагъуэ бын», «Пшыналъэ, «Лъэмыжхэр», «Дыжьын уэшх», нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ зы лъэужьыншэ щыхъуакъым адыгэ литературэм. Ар дэнэ къэна, Исхьэкъ и усэхэм лъэпкъ поэзием и лъагапIэхэр къащтащ, урысыбзэкIэ, нэгъуэщI лъэпкъыбзэхэмкIи зэрадзэкIри, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ. И усыгъэхэмкIэ Исхьэкъ хузэфIэкIащ гупсысэ жанхэр зыIуатэ, цIыхум и гущIэлъапсэм нэIус, абы и гурыгъу-гурыщIэхэр куууэ къыщIэзыгъалъэ псалъэмакъ щIэщыгъуэ иридзын. И усыгъэхэм папщIэ МэшбащIэм къыхуагъэфэщащ Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр.
УсакIуэ цIэрыIуэ хъуауэщ Исхьэкъ и япэ романым и гъунэр щрилъар. «Ягъеяхэм пэплъэжыркъым» романыр 1966 гъэм дунейм къытехьа нэужь, псоми нэрылъагъу ящыхъуащ тхыгъэ пIащэхэми зи къару пэлъэщын тхакIуэ адыгэ литературэм къызэрыщIэтэджар. Япэ романым къыкIэлъыкIуащ «Бзиикъуэ зауэ», «ФIы щIэи, псым хэдзэ», «Гуащэуней», «Щхьэл мывэ», «ГъэритI», «Хъан-Джэрий», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «Аишэт» романхэр, нэгъуэщIхэри. Абы-хэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар лъэпкъ тхыдэрщ. Илъэс миным нэблагъэ зэман къызэщIаубыдэ МэшбащIэ Исхьэкъ и романхэм – адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ дзэпщышхуэ Ридадэ деж къыщыщIэдзауэ. Куэд щIакъым адыгэ мамлюк дзэпщхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуэхъуа «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ» романыр дунейм къызэрытехьэрэ. Урыс-Кавказ зауэм теухуащ зи цIэ къитIуа романхэм ящыщ зыбжанэ. Тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхь къызэпачащ адыгэхэм, псэзэпылъхьэпIэ Iэджэ ихуащ ахэр, хьэзабымрэ лъыгъажэ зауэхэмрэ хэкIакъым ижь-ижьыж лъандэрэ – ар уи фIэщ ящI МэшбащIэ Исхьэкъ и романхэм. Дэтхэнэ адыгэми ищIэн хуейщ и лъэпкъ тхыдэр – ар дыджми IэфIми; тхыдэм уримыгъуазэмэ, лъэпкъым дяпэкIэ къыщIэлъымрэ абы унэтIыпIэ, хэхъуапIэ хуэхъунумрэ къыбгурыIуэнукъым – а гупсысэр къыхотэджыкI МэшбащIэ Исхьэкъ и романхэм.
ЛIы ныбжь къигъэщIащ МэшбащIэ Исхьэкъ, зи къару илъыгъуэ, щIыхьым дэбжьыфIэ, мурад инхэр зи плъапIэ тхакIуэ щэджащэщ ар, къызыхэкIа лъэпкъым фIыгъуэ куэд хуилэжьауэ – абыкIэ акъылэгъу къыддэхъунущ дэтхэнэ адыгэри.
КЪАРМОКЪУЭ Хьэмид,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Газета