Адыгэ лъэпкъым и щIэныгъэ вагъуэхэм ящыщ зы, зи гуащIэкIэ, акъылкIэ, пабгъэныгъэ емышыжкIэ лъэпкъ щIэныгъэм лъэбакъуэ махуэкIэ хэбэкъуахэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэм къыщыхъуа, адыгэлI щыпкъэу дунейм тета Хьэкъун Исуф Хьисэ и къуэр. Мы щIалэм лъэпкъ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу хуищIар уасэншэщ жыпIэми, угъуэщэну къыщIэкIынкъым. Сыту жыпIэмэ, гъащIэ къэухькIэ куэдым хунэмысами, и щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ гупсысэкIэ хуабжьу сэбэп хуэхъуащ къэзылъхуа и лъэпкъым.
Къуажэ еджапIэ нэужьым Исуф къеух Черкесск дэт педучилищэмрэ егъэджакIуэ институтымрэ. ЕгъэджакIуэу Хьэбэз еджапIэм зэрыщылажьэу, Исуф къеухыж Псыхуабэ (Пятигорск) дэт пединститутымрэ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетымрэ, абыкIи а цIыху емышыжым игъэпэжат и адэшхуэм пщэрылъ къыхуищIауэ щытар…
Зэи зэмыпцIыжа егъэ джакIуэ IэщIагъэм Хьэбэз еджапIэм деж Исуф зэпымыууэ щрилэжьащ илъэс 43-кIэ. Исуф и тхыгъэусыгъэ нэхъыфIхэри зытриухуар Хьэбэзрэ абы и щIыпIэ телъыджэхэм, ныбжьырей Iэдииху чэщанэжьыр, Инжыдж щIыналъэращ.
Исуф унагъуэ дищIауэ щытащ Хьэбэз щыщ Къэргъей Бусинэт. Апщыгъуэм тIури Черкесск къалэм кIуат щеджэну: Исуф педучилищэм, Бусинэт медучилищэм. Ауэ фин зауэ къежьам и зэранкIэ, паудыжа стипендие тIэкIуми, къызэрымыкIуэу къатехьэлъэ гъащIэми я зэранкIэ, зы илъэс еджауэ, Бусинэт училищэм къыщIэмыкIыж хъуакъым, и щхьэгъусэм и еджэныр пригъэщэн, иригъэухын папщIэ. Сыт хуэдэ гугъуехь хуэмызами, а бзылъхугъэ емышыжыр Исуф и щIыб къыдэтащ щIэгъэкIуэнышхуэрэ щхьэгъусэ пэжу. Iэмал зэриIэкIэ лIым и гугъуехьым щыщ нэхъыбэ езым зэрызытригъэщIэным пылъу, и щхьэгъусэм и тхыгъэхэр къызэрехъулIам и япэ уасэхуэщIу, и япэ щIэджыкIакIуэ Iэзэу.
Исуф дежкIэ къэдгъэзэжынщи, абы ди лъэпкъ литературэм лъэужьыфI къыхинащ. Усыгъэ куэди, прозэкIэ тхаи иIэщ. И усэхэр къызэрыгуэкI псалъэ гурыIуэгъуэхэмкIэ гумрэ псэмрэ дыхьэу тхащ.
— «Кърухэр мэлъэтэж» жыхуиIэр зыдэлъ письмор дзэм къулыкъу щысщIэу къызатат, къэрэгъулым и унэм дыщIэсу. Седжа нэужь постым здэсхьри, апхуэдизкIэ а усэм и псалъэхэр сигу хыхьати, си Iутыгъуэр нэзгъэсыным семыжьэфу постым сыздыIутым автомат лъэдакъэм телъу конвертым нотэхэм я линиехэр истхъэри, гум зэуэ къихьа макъамэр щIэслъхьат. А уэрэдым и Iуныр ноби ужьыхакъым.
Исуф литературэм зэрыхэбэкъуа тхыгъэ узыншэхэм къыщымынэу, абы нэгъуэщI зы зэчийкIэ Тхьэшхуэр къетат – ар егъэджакIуэ зэчийрат. Мы щIалэм и гъащIэр тIу ирищIыкIри и зы ныкъуэр сабийхэм яхуигъэтIылъащ. Хьэбэз еджапIэм къыщызэригъэпэщауэ щыта «НыбжьыщIэ тхакIуэ» литкружокым куэдым и сэбэп якIащ. Къапщтэмэ, усакIуэ-тхакIуэу иужьым Хьэбэзи, пэгъунэгъу къуажэхэми къыдэкIа куэд щIэкIащ мы кружокымрэ Исуфрэ я нэIэ, — игу къегъэкIыж Шэрджэс Алий.
Ар зимыуасэ щыIэтэкъым зи щIэныгъэкIэ, литературэкIэ зыкъэзыужьыж лъэпкъым и дежкIэ. Исуфи и гъащIэр Тхьэм хуигъэтIылъыжыху хуэлэжьащ и лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, литературэм. Дауи, апхуэдэ гъащIэ гъуэгуанэ псынщIэтэкъым, ауэ нэгъуэщIуи и лъагъуэ хуэшэщIынутэкъым Исуф хуэдэ адыгэлI щыпкъэм.
Усэми прозэми Исуф къыдигъэкIащ тхылъибгъу. Абыхэм фIы и лъэныкъуэкIэ нэхъ къахощ «Бзылъхугъэ шу щэху» зыфIища роман-трилогиер. Исуф и усэхэм къытращIыкIащ уэрэд куэд, псом хуэмыдэу фIыуэ къилъагъуу абы къыдэлажьэу щытащ ди лъэпкъым къыхэкIа композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн. Ахэр зэгурыIуат Исуф и поэмэ «Iэдиихум» къытещIыкIа оперэ ятхыну. Ауэ тIури ажалым хущIигъэхьакъым. Исуф СССР-м и тхакIуэхэм я Союзми ящтауэ щытащ.
И ныбжьыр илъэс 80-м иту 1998 гъэм Исуф и дунейр ихъуэжащ. Ауэ и фэеплъ нэхур къыхэнащ лъэпкъ егъэджэныгъэм, усыгъэм, ар къэзыцIыхуу щыта дэтхэнэми и гукъэкIыжхэм.
БЕМЫРЗЭ Зураб