ЕмкIуж Андзор: «Сыту фIы уадыгэну!»
ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ къыпхуихьу, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр бгъэбагъуэу, адыгэ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэпщIу улэжьэ фын папщIэ а къыхэпха IэщIагъэм укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ. Нобэ ди псэлъэгъу щIалэм и гум фIэфIу къыхиха лъагъуэр гъуэгу бгъуфIэу къыхущIэкIри, ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI хэгъуэгухэми къыщацIыхуну хунэсащ, триха клип 30-м нэблагъэр Урысей псом щызэбгрыкIри, игъэува спектаклхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ.
ЕмкIуж Андзор и диплом лэжьыгъэу щытауэ япэу утыку кърихьа «Анэр нэм хуэдэщ» («Сердце матери», Кайтов Сергей) спектаклыр цIыхухэм ягу дыхьащ, «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъым къытрищIыкIар театрми, къуажэхэми 100-м щIигъукIэ щалъэгъуащ, «БлэкIам къэгъазэ иIэкъым» («Ретро», Галин Александр) спектаклыр КъБР-м и Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм нэхъыфIу къилъытахэм ящыщ зыщ, «Хьэпэщыпхэ» (IутIыж Борис) макъамэ комедиер иджыпсту щIэупщIэшхуэ иIэу къэбэрдей театрым и репертуарым хэтщ. ЕмкIужым ди къуэш республикэхэм щигъэува «ЛъыщIэж» («Кровавая свадьба», Федерико Гарсиа Лорка, Мейкъуапэ), «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэ» (Хъурмэ Хъусен, Мейкъуапэ), «Гу псысэ» («Гъатхэ гукъэкIыжхэр», IутIыж Борис, Черкесск) спектаклхэри ехъулIэныгъэшхуэ зиIэт, абыхэм Налшык дызэрыщеплъари Андзорщ зи фIыгъэр.
ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ къэрал институтым и егъэджакIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссер, сценарист ЕмкIуж Андзор и ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъумкIэ, и лэжьыгъэм хэлъ щэхухэмкIэ, и мурадхэр зыхуэдэмкIэ къыддэгуашэмэ тфIэфIу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
— Зэчиймрэ гъуазджэмрэ пхузэгуэмыхыну зэпхащ. Зэчийр цIыхум игу къэкI, и щхьэм щызэблэкI гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр арамэ, а гупсысэхэр гъащIэм хэпща, дахэу утыку къихьа зэрыхъур – ар гъуазджэщ. Уэ а тIуми узэрыхуэшэрыуэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, укъызэрытцIыхуа лэжьыгъэхэм ятепщIыхьмэ. Ди гуапэт уи IэщIагъэм ухуэзыша лъагъуэм зэ уриплъэжыну, режиссер IэщIагъэр къыхэпха зэрыхъуам дыщыбгъэгъуэзэну.
— СызэрыцIыкIурэ сызэхъуапсэ IэщIагъэр арат. Сэ кино сыщеплъкIэ, экраным къигъэлъагъуэм и закъуэтэкъым слъагъур, атIэ абы къыщыхъу дэтхэнэ Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэри си щхьэм щызэпкърысхт, а слъагъум и щIыбагъ къыдэлъынкIэ хъунур сэр-сэру зэзгъэзахуэт. Апхуэдэ зэхэщIыкI сызэриIэм гу лъитат ди адэм, икIи курыт школыр къэзуха нэужь, режиссеру седжэну сызэрыхуейр щыжесIэм, къыздиIыгъащ. Юристу, экономисту срагъэджэну я мурада щхьэкIэ, си хъуэпсапIэр ягъэнэхъапэри, ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ къэрал институтым сыкъишауэ щытащ ди адэм. Си насып къихьри, а гъэм драмэ театрым и режиссерхэр щагъэхьэзыр гъэунэхуныгъэ курс къызэIуахат, абы и пэкIи иужькIи апхуэдэ щыIэжакъым. Сэ сызыхуейр арати, сыщIэтIысхьащ. Илъэситхум и ныкъуэм — Кулиев Борис, адрей и ныкъуэм Теувэж СулътIан драгъэджащ. Куэд къыдатащ а тIум, театр режиссурэм нэхъыфI дыдэу хэзыщIыкIыу республикэм ис IэщIагъэлIт ахэр сыт хуэдэ упщIэми и жэуап ящыбгъуэту. Институтыр къыщызухым Теувэжым и нэIэ щIэту ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым сэ щызгъэуващ «Анэр нэм хуэдэщ» спектаклыр. Ди диплом лэжьыгъэхэр щыдгъэлъагъуэм Москва къикIауэ щIэса кIэлъыплъакIуэ гупым си IэдакъэщIэкIыр ягу ирихьауэ къыщIэкIынти, си егъэджакIуэм епсалъэри, си щIэныгъэр Москва щыхэзгъэхъуэну Iэмал зэрыщыIэр къызжаIащ. Ар си хъуэпсапIэт сэ а зэманым икIи си адэ-анэм къыздаIыгъри, Ленкомым епхауэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ академиеу Москва дэтым сыкIуащ. Мыбдежми си кIэн къикIауэ схужыIэнущ театрымрэ киномрэ я режиссер цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Захаров Марк и еджакIуэ сызэрыхъуамкIэ. Ди институтым IэщIагъэм и щэху псоми сыщыхурагъэджамэ, Захаровым а лэжьыгъэр зыхуэдэр къысхузэIуихащ. Сэ абы сыхигъэлэжьыхьт езым игъэув спектаклхэм, махуэм тщIа лэжьыгъэр езым и пэшым щызэпкърытхыжти, хъуамрэ мыхъуамрэ зэхэдгъэкIт. Сэ сызыкIэлъыплъа спектаклхэм щыджэгут Урысейм и актер цIэрыIуэхэу Караченцев Николай, Абдулов Александр, Чуриковэ Иннэ, Певцов Дмитрий, Збруев Александр сымэ. Ахэр сценэм зэрыщигъэлажьэм дыкIэлъигъэплът Захаровым, ди еплъыкIэм къыщIэупщIэт, езым и бгъэдыхьэкIэр тхузэпкърихт, лэжьыгъэм хэлъ щэху псори дигъэлъагъуфт. Дуней псом къыщацIыху режиссерым деж щызгъэкIуа илъэситIыр зы институт псо ирикъуу жыпIэ хъунущ. Илъэс 22-рэ сыхъуу арат абы щыгъуэм, ауэ и зы псалъи, и зы гупсыси зэрыблэзмыгъэкIыным иужь ситу сыкIэлъыплът. Иджыри къыздэсым нэхъыбэжу къызэрытIэпIыкIыурэ макIуэ абы деж щыслъэгъуахэмрэ щызэхэсхахэмрэ, сыщылажьэкIэ абы и псалъэ гуэр, и еплъыкIэ гуэр къызэкъуэсхыжурэ йокIуэкI. Къапщтэмэ, Теувэжымрэ Кулиевымрэ, ещанэу — Захаровым я деж къыщысщIа лэжьыгъэм и пIалъэр зэхэслъхьэжу купкъ схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ. Режиссер IэщIагъэм сыпэрыхьэн ипэ къихуэу «Мосфильм»-м илъэсиблкIэ сыщылэжьащ, «Херувим», «Бедная Настя», «Гибель Империи» фильмхэми актеру сыщыджэгури, сэ сызыдэлэжьэнухэм я IэщIагъэм и щэхухэри зэзгъэщIащ.
— Уи IэщIагъэм апхуэдизкIэ удехьэхри, режиссеруи, актеруи Москва ущылэжьэфынут, уи зэфIэкIхэм зебгъэужьынымкIи Iэмал нэхъыбэ ущиIэнут абы. Сыт е хэт Къэбэрдей-Балъкъэрым укъэзышэжар?
— Си адыгэпсэм сыкъишэжащ. Москва нэхъыбэ щызэбгъэхъулIэфынкIэ хъунт, ауэ уи бзи, уи лъэпкъи, уи хэкуи зыщыбгъэгъупщэу, урыс Iуэхум утелэжьэн хуейуэ арат. Си щIэныгъэм, IэщIагъэм хэзгъэхъуэн мурадкIэ, а илъэс бжыгъэр зыхуэзгъэшэчащ. Хамэ щIыпIэ ущыщыIэхэм деж лъэпкъ зыхэщIыкIыр нэхъ гуащIэу къыппкъырохьэ. Уи адэжь лъахэм ущыпэIэщIэкIэ, гурэ псэкIэ нэхъ упыщIа мэхъу, бэджыхъым хуэдэу узыщIеIулIэ а гупсысэм. Зи ужь сит Iуэхур си хэку щысщIэну сыхуейт, си зэфIэкIыр адыгэм къыхуэзгъэсэбэпыну нэхъ къасщтэт, си анэдэлъхубзэр къыщыIу утыкут сэ сыщылэжьэну си хъуэпсапIэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей- Балъкъэрым сыкъэкIуэжри, Къэбэрдей драмэ театрым сыкIуащ. Сыкъащтэну режиссер увыпIэ яIэтэкъым, ауэ садэлэжьэну срагъэблэгъащ. Театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан и хуитыныгъэкIэ, «БлэкIам къэгъазэ иIэкъым», «Мыщэ и къуэ Батыр» спектаклхэр згъэуващ нэхъ пасэу. ИтIанэ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къул Мухьэмэдрэ Цей Ибрэхьим и цIэр зэрихьэу щыIэ Лъэпкъ театрым и художественнэ унафэщI Щхьэлахъуэ Светланэ срагъэблагъэри, Мейкъуапэ спектаклитI щызгъэуващ.
— Абы щыбгъэува «ЛъыщIэж» спектаклым испанхэмрэ адыгэхэмрэ зэрыщызэпыпщIар, абыхэм я хьэл-щэн, къафэ зэхэтхэр адыгэ актерхэм зэрагъэзэщIар, испан-адыгэ макъамэхэр утыку къызэрыщыIуар… Мыр цIыхубэм щIэщыгъуэ, телъыджэ ящыхъуа лэжьыгъэт, Андзор, тепсэлъыхьыжахэм я бжыгъэмрэ жаIахэмрэ тепщIыхьмэ. Уеблэмэ, уи творчествэм зэкIэ япэ увыпIэр щиубыду хуэбгъэфащэ хъунущ.
— Сыщеджэм щыгъуэ сигу илът а пьесэр, згъэувыну сехъуапсэт. А испан хьэлыр зыгуэркIэ тпэгъунэгъуу къысщыхъут. ИтIанэ иужь сыщихьам зэбгъэдэпхынкIэ Iэмал имыIэу зэкIуалIэт испанхэмрэ адыгэхэмрэ я хьэл-щэныр, дуней тетыкIэр, хабзэм щыщ Iыхьэхэр, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхуаку дэлъ пщIэр, анэр зэрыхаIэтыкIыр, испан унагъуэм илъ хабзэмрэ адыгэ унагъуэм щызекIуэмрэ зэрызэщхьыр умыгъэщIагъуэу къанэкъым. Сэ мыбы нэхъыщхьэу къыщызгъэлъагъуэр лъагъуныгъэкъым икIи зэныкъуэкъукъым, атIэ зи щхьэгъусэри, зи къуэ нэхъыжьри яукIа бзылъхугъэр къыхуэна къуэ закъуэм тегужьеикIауэ абы зэрыщхьэщытыр, анэм и образымрэ анэ гурыщIэм и гуащIагъымрэщ. Анэр ныбжькIи, лъэпкъкIи, динкIи зэхагъэжкъым, анэр — анэщ. Абы и ролыр дахэу игъэзэщIащ Хьэлащтэ Саниет.
Къафэр лъэпкъым и хабзэмрэ и хьэлымрэ къызытещ пкъыгъуэщ. Испан къафэм уеплъмэ, я лъым и пщтырагъыр, я зыгъэхъеикIэм и пхъэшагъыр, къызэдэфэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэбгъэдэтыкIэр – адыгэ къафэр уи нэгу къыпфIыщIохьэ ухуейми, ухуэмейми. Мыбдежым зэхэпх испан макъамэми адыгэмэ щоу. А псори щыхуэсIуатэм пшынауэ цIэрыIуэ Титов Тимур (Черкесск щыщщ) сызэрыхуейуэ макъамэхэр схуитхащ. Актерхэри зэчиифIэ защIэти, спектаклыр къыдэхъулIащ. Ар Черкесски, Налшыки, Краснодари щыдгъэлъэгъуащ. «Наш Кавказский меловой круг» щIыналъэ театр фестивалым (Мейкъуапэ) спектакль нэхъыфIу къыщалъытауэ щытащ, «Кубань театральная» щIыналъэ фестивалым (Краснодар) етIуанэ увыпIэр къыщихьри, «Анэм и роль нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ Хьэлащтэ Саниет ягъэлъэпIащ, «Театр. Чехов. Ялта» театр гъуазджэм и дунейпсо фестивалым (Ялтэ) «Лъэпкъ сценэм нэхъыфIу щагъэува классикэ драматургие» унэтIыныгъэр къыщыхуагъэфэщащ.
Ялтэ и дунейпсо утыкум адыгэбзэкIэ щыдгъэлъэгъуащ спектаклыр. КъэпщытакIуэхэм яхэта, УФ-м и цIыхубэ артистхэу Райхельгауз Иосиф, Якубович Леонид, критик, искусствоведением и кандидат Тимашевэ Маринэ сымэ къыхагъэщауэ щытащ хуабжьу ягу зэрырихьар.
ЦIыхухэм ягу дыхьа комедие хъуащ тхакIуэ, журналист Хъурмэ Хъусен и пьесэмкIэ Адыгейм щызгъэува «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэри». Мыр гушыIэ жанырщ, макъамэкIэ гъэнщIащ. Абыи макъамэ Iэмэпсымэ псоми хуэIэрыхуэ, макъамэтх цIэрыIуэ Лосэн Тимур езгъэблагъэри, макъамэ гуакIуэхэр итхащ. Иджырей цIыху куэдым я зэхэтыкIэр, пцIыр Iэрыхуэу зэрагъэбагъуэр, гуащэхэмрэ нысэхэмрэ зэрызэхущытыр — аращ мы спектаклыр зытеухуар.
— Андзор, уи лэжьыгъэу сэ япэу слъэгъуар Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театрым щыбгъэува «Гу псысэ» спектаклыращ. Ар Налшык къыщашам тIуащIэу щыгуфIыкIат театр- еплъхэр- IутIыжым и бзэ шэрыуэмкIэ тха пьесэ купщIафIэр зэралъэгъуамрэ Шэрджэс театрым и актерхэр къазэрыхуеблэгъамрэ…
— Ар зи фIыщIэр Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ шэрджэс драмэ театрым и унафэщI Акъ Динэщ. Абы сригъэблагъэри, сызыхуей гуэр я деж щызгъэувыну хуит сыкъищIащ. Абы щыгъуэм гушыIэ мышу мыхъуу, шэрджэс театрыр драмэм зэрыпэлъэщынур, зыхуей хуэза пьесэ цIыхухэм я пащхьэ къызэрырихьэфынур я фIэщ сщIыну сыхуейти, IутIыж Борис и IэдакъэщIэкIхэм сыхэдауэ щытащ.
Театрым актер куэд щылажьэтэкъым, Динэ ягъэувагъащIэти, ди къару зэхэтлъхьэри дызэдэлэжьащ. Актеру мылажьэу, ауэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым абы щыхуеджауэ щIалитI – Унэгъэс Замрэтрэ Мамыжь Азрэтрэ – унафэщIым и хуитыныгъэкIэ къезгъэблэгъэжри, ахэри щыджэгуащ а спектаклым.
— Хэгъуэгу зэпэщхьэхуэхэм ис адыгэхэр нэхъ зэпыщIа, бзэр нэхъ хъума хъун щхьэкIэ, илъэс 20-м щIигъуауэ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Чэркес Хэку» газетхэм илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ номер зэгуэтхэр къыдагъэкI, театрхэри зэрызэдэлажьэм дыщыгъуазэщ. Уэри уи гуащIэ Iыхьэ хыболъхьэ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм я театр гъуазджэм. Сыт хуэдэ мыхьэнэ ептрэ адыгэ зэрыс хэгъуэгуищым я зэхуаку мы зэманым щыбухуа щэнхабзэ лъэмыжым?
— Япэрауэ, республикэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэзгъэкIыркъым сэ. Си дежкIэ ар зы адыгэ лъахэщ, псоми ди зэхуэдэ адэжь щIыналъэщ, абы хызобжэ шапсыгъхэр зэрыс щIыпIэри. Джылахъстэней щыIэ си адэ и пщIантIэжь сыдыхьэжа хуэдэщ сэ Адыгейм сыщихьэкIэ, апхуэдизкIэ си гур щохуабэри. Дэнэ сыщылажьэми, си унэжь сисыж хуэдэущ къызэрысщыхъур. ЕтIуанэрауэ, щэнхабзэ закъуэкIэ мыхъуу, гурэ псэкIэ зэпыщIауэ щытыну, благъагъэкIэ зэрыубыдыну, нэхъ гъунэгъу зэхуэхъунусыхуейт ди цIыхухэр. Дэ дгуэшыни, дыщIызэныкъуэкъуни диIэкъым, дызэгурыIуэу, ди фIыр дгъэбагъуэу дыпсэун хуейуэ аращ. Мис а фIыр, лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр щызэхуэхьэсауэ диIэщ театрыр. ХабзэкIэ, бзэкIэ, щэнхабзэкIэ ди фIыр дымыгъэлъагъуэмэ, сыт къыдэкIуэтей щIэблэр зыщIэтпIыкIынур, сыткIэ ди гъунэгъухэм дыкъызэрацIыхунур? А псори театрхэр зэдэлажьэурэ ямыхъумэмэ, зрамыгъэужьмэ, цIыхухэр драгъэхьэхрэ къызэщIамыгъэуIуэфмэ, дэ тщIэм зыри и мыхьэнэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ театрыр къаруушхуэщ, къалэнышхуи егъэзащIэ.
— Лъэпкъ театрым и мыхьэнэр зэрыиныр гурыIуэгъуэщ. Нэхъыщхьэр абы цIыхум иритыфырщ, Адыгэ театрыр лъэпкъым къызэрыхуэсэбэпырщ.
— Театрыр лъэпкъым и напэщ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм и хъумапIэщ. Адыгэ гупсысэкIэ, адыгэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ, адыгэбзэ – мис ахэращ Адыгэ театрым лъабжьэ хуэхъур. ЦIыхум театрым зыщигъэпсэху къудей мыхъуу, Iэмал имыIэу дерс гуэр щилъагъун, щызэхилъхьэн хуейщ. ГъащIэ гугъум къыхэпшу театрым къепшэлIа цIыхум спектакль купщIэншэ е езым псэхупIэ къезымыт гугъусыгъу гуэр къызыхэщ и пащхьэ къипхьэ хъунукъым. Сыт хуэдэ жанрым ит спектаклми цIыхум фIы, щхьэпэ гуэр къыхихын хуейщ, е IэщIэщIа мыхъумыщIагъэмкIэ игъэгупсысэжу, ар зэригъэзэкIуэжыным и гупсысэр хуиунэтIын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ театрыр IэмалыфIщ. АбыкIэ къыдэкIуэтей щIэблэри пхуэгъэсэнущ, курыт ныбжьым итхэри гъащIэм хуэбущиифынущ, зи ныбжь хэкIуэтахэми ягу жьы дебгъэхуфынущ.
— Уи IэщIагъэмкIэ къэдгъэзэжынщи, Андзор, абы и щэху гуэрхэмкIэ сыноупщIынут. ТхакIуэм и IэдакъэщIэкI тхылъым итым «псэ къыIуегъакIэ» режиссерым. Бгъэувыну узыхуей пьесэр къызэрыхэпхыр, ар утыкум псыхьа зэрыщыхъур сфIэгъэщIэгъуэнщ.
— «Узэджэ пьесэр умылъагъумэ, бгъэувыну иужь уимыхьэми хъунущ», — жиIащ Захаров Марк. ЦIыхубэм я пащхьэ къипхьэн пьесэ къыхэпхыфын папщIэ, псом япэрауэ, тхылъым унэмыс щIыкIэ, хужьымрэ фIыцIэмрэ гъащIэм щызэхэбгъэкIыфу щытыпхъэщ. КъинэмыщIауэ, режиссерыр тхылъ щеджэкIэ, и щIыIу телъ гупсысэракъым и щхьэм щызэпкърихыр. АтIэ абы и щIагъыбзэр къилъагъуфу, купщIэр къиубыдыфрэ, гупсысэ нэхъыщхьэр ешэжьа зэрыхъур иубзыхуфу щытын хуейщ. Сэ, псалъэм папщIэ, тхакIуэм жиIэну зыхуеяр къызгурыIуа нэужь, ар цIыхум я пащхьэ зэрислъхьэнур гупсысэ нэхъыщхьэр зэресшэжьэну щIыкIэр зэзгъэзахуэурэ соджэ. Зы тхыгъэм режиссерипщI ебгъаджэми, езыхэр зэрыхуейуэщ зэралъагъунури, зэрагъэувынури. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Шекспир и «Ромео и Джульетта» пьесэр дапщэрэ ягъэува, абы щыгъуэми зыкIи зэмыщхьу.
Гупсысэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, къыкIэлъыкIуэу ролхэр зей актерхэр а уздеджэм къыболъагъу, ахэр пэжу бгуэшынми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Спектаклыр хъуауэ сценэм къипхьэнымкIэ къалэн ягъэзащIэ щIэтыну макъамэми, уэздыгъэр зэрыджэгуми, утыкур зэрыгъэщIэрэщIами, нэгъуэщI куэдми. Мис а псори зэуэ уи щхьэм щызэбгъэзэхуэфрэ, лэжьыгъэми щызэппхыфмэ, уи мурадар къохъулIэнущ. Жэуаплыныгъэ нэхъыбэр зи пщэ къыдэхуэр, дауи, режиссерырщ. Абы сурэтыщIри, композиторри, хореографри, макъамэр, уэздыгъэр зи нэIэ щIэт IэщIагъэлIхэри, актерхэри зэри- шалIэу и еплъыкIэр ягуригъаIуэу зэдигъэлэжьэн хуейщ. Зыгуэр мыхъуарэ, зыгуэр и къалэным пэмылъэщарэ, къуаншэр режиссерым и закъуэщ. Абы щыуагъэр зым дежкIи иригъэкIуэтэкI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псомкIи жэуап зыхьыр езыращи, абы къызэрызэригъэпэщыфырщ фIагъыр зэлъытауэ щытынур.
— Актерым ролым зыщыхуигъэхьэзыркIэ, езыр зыхэпсэукI дунейр пIалъэкIэ щогъупщэж, икIи фащэр зэрызыщихыжу а образым къикIыжыфыркъым, арыншамэ къехъулIэнутэкъым и ролыр. Режиссерри апхуэдэ «дуней щхьэхуэм» хэпсэукIрэ спектакль щигъэувкIэ?
— А бгъэувыр уи фIэщ мыхъужмэ, ар уи гъащIэм хэухуэнауэ щымытмэ, ар актерым и фIэщ пхуэщIынукъым, актерым ар театреплъхэм я деж нихьэсыфынукъым. Сэ зыгуэрым сыщелэжьым деж премьерэм нэсыху абыкIэ сопсэу, аращ гъащIэ схуэхъур. Ар си анэми, си унэм щIэсхэми ящIэри, си гугъу къащIынукъым. Сыщыжеи, сыщылажьи, цIыхум сащыхэти сиIыгъщ сэ абы. ГупсысэкIэ къэбгъэщIа еплъыкIэр актерхэм я пащхьэ иболъхьэ, езыхэми зы хьэлэмэтагъ гуэр халъхьэжри, апхуэдэурэ зэфIоувэ спектаклыр. ГъэщIэгъуэнщ а лэжьыгъэр. Актерри режиссерым хуэдабзэщ. Зэ жепIар, ебгъэлъэгъуар зэригъэзахуэ зэпытщи, махуэ къэс щIэ гуэр къыпхуехь абы. Узэделэжьурэ псыхьа мэхъу а уи нэгу щIэтыр. Премьерэм ипэ къихуэ тхьэмахуитIращ нэхъ хьэлъэр. Абы щыгъуэм мис а жыхуэпIэ «дуней щхьэхуэм» узыщIеубыдапэ. Сызэрыпсэури, сызэрыбауэри зиужь сит лэжьыгъэращ. ЩIагъуэкъым премьерэ нэужьым узэрыт щытыкIэри, апхуэдизу гукIэ, псэкIэ узыщIишэу узыIыгъар бутIыпщыжын хуей мэхъури. Ауэ гъащIэм сыт щыгъуи къыпищэкъэ? Апхуэдэ дыдэу узыхуэпIащIэ гуэрым аргуэру иужь уохьэ. Творческэ цIыхум игъэв гурыщIэщ а зи гугъу сщIыхэр.
— Андзор, иджыри къэс театр режиссеру утцIыхуами, иджы кинорежиссеру утыку укъихьэну зыбогъэхьэзыр. Киностудие Налшык къызэры- щызэIупхам дыщыгъуазэщ, абы къыщIигъэкIа лэжьыгъи тлъэгъуащ — уэрэдхэмкIэ тепха клипхэр. Иджы кином иужь уитщ, укъыддэгуэшэн уи лэжьыгъэр здынэсамкIэ?
— ИлъэситI хъуауэ мэлажьэ Налшык къыщызэIусха «Redreamedia» киностудиер. А пIалъэм къриубыдэу операторхэр къетшэлIащ, зэрытхузэфIэкIкIэ техникэр зэдгъэпэщащ, гупыфI дызэрыгъэхъуауэ дызэдолажьэ иджыпсту. Сэ куэд щIауэ сехъуапсэрт кино тесхыну, сехъуапсэрт ди лъэпкъым и шыфэлIыфэ, и щыIэкIэ-псэукIэ, ди щIыналъэм и дахагъыр, беягъыр утыку ин щызгъэлъэгъуэну. Сыт абы сыкъыхуезыджар? Москва сыщыщыIэм щыгъуэ, актеру сезыгъэблагъэхэм къысхуагъэфащэр Кавказым къикIа щIэпхъаджащIэ, лIыукI ролхэрат. Зэи арэзы сытехъуакъым апхуэдэ роль. Армырами, сыарэзытэкъым урысей кинохэм кавказ лъэпкъхэм къахэкIахэр бзаджащIэу, еIуящIэу къызэрыщагъэлъагъуэм. Кино зыбжанэ я цIэ къисIуэфынущ, зы урыс лIыхъужь хэтрэ, Кавказым щыщ къуейщIей гуэрхэр абы пэщIэту, ахэр къаукIыу. Ауэ щыхъукIи, сценаристри, режиссерри, лIыхъужьри Кавказым зэи щымыIауэ, щыпсэухэри ямыцIыхуу. Сэ мис а щытыкIэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къэзгъэлъэгъуэну сыхуейщ. Си фильмым хэтынукъым лъэпкъ зэхэгъэж. Абы лъабжьэ хуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа, сэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэщ. Нэхъ зытегъэщIар адыгэм и зэхэтыкIэр, нобэрей гъащIэм зэрыхэзагъэр, къэрал унафэм щIэту зэрыпсэур, езым и лъэпкъ хабзэ зэриIэжыр аращ. «Сыту фIы уадыгэну», — жызоIэ сэ куэдрэ. А фIагъыр ди дуней тетыкIэкIэ, ди лэжьыгъэкIэ дгъэлъэгъуэфмэ, ди насыпщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым, Адыгейм, Москва щыщ актерхэращ абы хэтыр. Актер IэщIагъэм хуемыджарэ, иримылажьэрэ зыри хэзгъэхьакъым, уеблэмэ, сабийхэри актер студием кIуэхэм ящыщущ къызэрыхэсхар. Абы папщIэ республикищми кастинг щезгъэкIуэкIри, ролхэр нэхъ зыхуэфащэхэр дубзыхуауэ аращ. Фильмыр щытетхыр ди адыгэ лъахэмрэ Москварэщ.
— Кавказымрэ киномрэ. Сыт хуэдизкIэ зэпэгъунэгъу а тIур? Сыт ди деж щытепхыфынур Голливуд, Индием, Москва къащхьэщыкIыу?
— Ди щIыуэпсыр, ди цIыхухэр, ди дуней тетыкIэр, ди хабзэхэр зэрызэтемыхуэм хуэдэщ ди кинохэри зэщхь зэрымыхъунур. Дунейри щыпсэу цIыхухэри, къапщтэмэ, щхъуэкIэплъыкIэщ. А псори зэрызэмыщхьракъэ гъащIэр гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ зыщIыжыр. Голливудыр кином и утыкушхуэу ябж щхьэкIэ, тепхыни, тезыхыни диIэщ дэри. Абы ипкъ иткIэ, дэтхэнэми и зэфIэкI игъэунэхун хуейуэ къызолъытэ. Нэхъыщхьэр, дигу итлъхьа мурадыр зыхуей хуэзауэ, фильмым фIагъ лъагэ иIэу гъэхьэзырынырщ, итIанэ дуней псор яфIэгъэщIэгъуэну абы еплъынущ. — Узахуэщ, Тхьэм ухущIигъэхьэ, Андзор.
Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.