Ди къэралым 1990 гъэхэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр зэхэзмыщIа ныбжь зиIэхэм яхэту къыщIэкIынкъым. Зыгуэрхэм а пIалъэм я гъащIэр иригъэкIэкIуауэ, нэгъуэщIхэмкIи ар унэтIыныгъэщIэхэм я щIэдзапIэ хъуауэ зэрыщытыр зэманым къыхощыж.
Ботэщей къуажэм щыщ Брат МэчрэIил дежкIэ къапщтэмэ, илъэс 39-рэ хъуауэ зыпыщIа IэщIагъэм— шытIакIуэм (массажист) а зэманхэращ и гупэр щыхуигъэзар. Езыр зыхуеджари медицинэрат. Черкесск къалэм дэт медицинэ училищэр фельдшер IэщIагъэр иIэу къиухат.
Япэ щIыкIэ Хьэбэз дэт сымаджэщым лэжьэн щыщIидзащ. Ауэ абы куэдри зыщимыIэжьэу, дзэм къулыкъу щищIэну дашащ. Къигъэзэжа нэужь, областной сымаджэщым и травпунктым щылэжьащ, ЖБИ-м и медпунктым фельдшеру щыIащ.
Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщежьэм, зэ щхьэкIэ зыхуеджа IэщIагъэр IэщIыб ищIыну хуежьат. ЛэжьапIэншэ хъуар куэдт, улахуэ ятынри зэпыуат…
Ауэ, а зэманым Черкесск къалэм дэт медсанчастым и дохутыр нэхъыщхьэ Зинаидэ Андреевнэ МэчрэIил Iэпкълъэпкъ шытIэным зыхуигъасэу абы ирилэжьэну зыкъыщыхуигъазэм, куэдрэ мыгупсысэу, ЕсэнтIыгу кIуэурэ хуеджэжащ. Медицинэ щIэныгъэр иIэххэти, псынщIэ дыдэу Iуэхум хэзэгъащ. КIуэ пэтми ар фIэгъэщIэгъуэну, нэхъри дихьэхыу, цIыхум и узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ а Iуэхум мыхьэнэ зэрыхэлъыр нэрылъагъу щыхъурэ къогъуэгурыкIуэ.
МэчрэIил зэрылэжьа илъэс бжыгъэм къриубыдэу игъэхъужахэм я фIыщIэ мащIэкъым къыIэрыхьар. АтIэ, Iэпкълъэпкъ шытIэкIэм и щэхухэм щыгъуазэ хуэхъуащ, сымаджэ куэдым гупсэхугъуэ къахуихьащ.
—ЩыIэщ узыфэ куэд, хущхъуэкIэ пхуэмыгъэхъужыну. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, гупцIэналъэм (мышцэм) и удэрабжьэр (спазмыр) хущхъуэкIэ птхутехынукъым. Ар IэкIэщ зэрыпхузэфIэкIынур. Хондроз зэмылIэужьыгъуэ зиIэхэм, неозит, неврит, фэбжь гуэрэ зыгъуэтауэ и Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэр къыдэмыбзыж щыхъум деж, узэрыпэлъэщыну щыIэр Iэпкълъэпкъ шытIэныгъэращ.
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр гъэщIэгъуэн дыдэщ. Ар ебгъэщхьыфынущ нэщIыса машинэм. Дэтхэнэми иIэщ Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм епхыжа щIыпIэ щхьэхуэхэр. Епхауэ щытынкIэ мэхъу ар щхьэм, гум, кIуэцIым иIэ пкъыгъуэхэм… Къапщтэмэ, цIыхум и лъэгу закъуэм апхуэдэ щIыпIэ мин 35-м, Iэгум – мин 25-м, тхьэкIумэм – мин 15, напэм 750-рэ, щхьэфэм 800-м нэс иIэщ. Iэпкълъэпкъыр щыпшытIэм дежи а щIыпIэхэр пцIыхуу ахэр щыпшытIэкIэ, а мыузыншэ пкъыгъуэри егъэхъужыф,— жеIэ IэщIагъэлIым.
МэчрэIил нобэ медсанчатым хэт лечебно-реабилитацэ купсэм ищхьэ квалификацэ зиIэ и шытакIуэщ. Зы махуэм абы и Iэхэм я IэкIуэлъэкIуагъыр цIыху 20-30-м зыхащIэ. Дауи, ар Iуэху тыншу пхужыIэнукъым, уи къарур апхуэдиз цIыхум щепхьэлIэкIэ. Ауэ, езы IэщIагъэлIым зыкъыуигъащIэкъым, «Дауэ мыхьэлъэми, цIыхум ущхьэпауэ, и гум жьы дэбгъэкIауэ щыплъагъукIэ, абы гухэхъуэгуэ гуэр къыпхелъхьэ» жи нэмысыфIэу.
IэщIагъэлIым гу лъыдегъатэ, Iэпкълъэпкъ шытIэныгъэм цIыхум и узыншагъэмкIэ сэбэпу къихьым хуэдэкъабзэу, абы зэранышхуэ къыщихьи зэрыщыIэр. Узыфэ куэд щыIэщ, ар щIыпщI мыхъуни. Абы папщIэ, дохутырхэмрэ шытIакIуэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр быдэу щытын хуейщ. ЗэманыщIэм цIыхум и дагъуэр къэхутэнымкIэ оборудовэнэщIэхэмкIэ ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэри къэгъэсэбэпыхъэщ. Мэчрэил, и гуащIэдэкI лъэжьыгъэм щигъуэта гъэунэхуныгъэхэм и фIыгъэкIэ, цIыху къыхуэкIуам и щытыкIэмкIэ, зэретIысэхымкIэ, зызэриIыгъымкIэ, абы къеныкъуэкъур занщIэу къыщыгурыIуэ щыIэщ.
—Дэ, япэм дызыхурагъаджэу щытар, симптом иIэхэмкIэ, IэхъуамбэкIэ къэпхытэурэ цIыхум и лажьэр къэпцIыхуфынращ. Иджы абы къыхыхьащ оборуновэнэфIхэри. Арами, дохутырм цIыхур къыщыпхуигъакIуэм деж, хуэпшытIэнымрэ зэрыхуэпшытIэнымрэ иту, занщIэу, нэ уфIынцIакIэ абы и Iэпкълъэпкъыр шытIэным упэрыувэкъым. Дохутырым къитхам, снимокым, анализхэм къигъэлъэгъуам уоплъри, итIанэ уэ IэпэкIэ къыбохутэ лажьэ зиIэр. Нэхъ хуэсакъыурэ япэ махуэр къыщIыбодзэри, спазмыр техын щIыбодзэ. Угузавэу къаруушхуэ епхьэлIэу шытIэн щIэбдзэныр Iэмал зимыIэщ. Чырбыж зэтелъыр зэрызэтехыжыр ищхьэмкIэ къыщхьэщытхыурэщ, мыхъумэ ищIагъым депхъуэкъым. Апхуэдэ къабзэу, нэхъ мащIэмкIэ къыщIэбдзэу , нэхъ куум ухуэкIуэурэ убгъэдыхьэн хуейщ Iуэхум. ЦIыхум ар зэрызэхищIэм укIэлъыплъурэ,—дыхегъэгъуазэ Братым Iэпкълъэпкъ шытIэным и щэхухэм.
Мы зэманым, щхьэ закъуэу лажьэ, Iэпкъ лъэпкъ шытIэнымкIэ медицинэ щIэныгъэм хулъэмыкI псор езыгъэгъуэтыну къэзыгъэгугъэ рекламэм дэнэкIи ущрехьэлIэ. Псом хуэмыдэу ар щыкуэдщ социальнэ зэпыщIэныгъэхэм. Зы сыхьэткIэ, сыхьэтрэ ныкъуэкIэрэ укъагъэщIэрэщIэжыну укъагъэгугъэри, уи фIэщыпэ ящI. Ауэ, аIуэхум маркетинг кIуэрабгъухэр нэхъыбэу щыболъагъу.
—Пэжщ, щыIэщ, грыжэр позвоночникым дэзгъэпкIэжыну жызыIэхэр, е езы позвоночникыр и щIыпIэм сантимерткIэ, къипкIауэ жызыIэхэр… Грыжэр, позвночникхэм яку дэлъ хрящращ. Ар дэбгъэпкIэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Е тхы къыдэпкIар нокIуэ жэуэ дэбнъэпкIэжыфу аракъым. Ар яхуэмыщIэну Iуэхущ. ИтIанэ, сыхьэт мынэхъ мащIэу пшытIэм нэхъ сэбэпышхуэ хэлъу къыбжаIэнущ. Ари пэжым щыщкъым. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, уи Iэр дакъикъэ 15 хуэдизкIэ пIуэта нэужь, абы и рецепторхэм зызэхуещIри, адэкIэ епщIэ лъэпкъ зэхищIэжкъым, ухуейуэ щытмэ,— жеIэ Мэчрэил.
Поликлиникэхэм Iэпкълъэпкъ шытIэным мащIэ дыдэ зэман зэрырагъэхьым ехьэлIауэ, IэщIагъэлIым жиIащ, Iэпкълъэпкъым и щIыпIэ пщIым елъытауэ, ахэр зэрыпщI зэманыр зэрызэщхьэщыкIыр. Хондроз лIуэжьыгъуэхэр дакъикъэи 10-15-щ зэращIыр. Ныбэм колит щиIэкIэ, нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэхэр иIэмэ абы дакъикъитI къудейщ зэрыпшытIэ хъунур. Бгъэгурамэ — дакъикъэ 30-40 ехь.
Зы зэманкIэ, Мэчрэил и лэжьапIэм деж езым фIэгъэщIэгъуэну тхылъ зэригъакIуэу щытащ. Абы иритхэт зэIэзэну къэкIуа цIыхум и дуней тетыкIэр, зыгъэгумэщI щытыкIэр, и теплъэр, и узыр къыздежьэнкIэ хъуну щытыкIэхэр. Хэт грыжэ иIэми, протрузие, нэгъуэщI ныкъусэныгъэхэр игъэбелджылыт. НтIэ, езым и щIэплъыкIыгъэхэм къызэригъэлъагъуэмкIэ нэхъыбэм цIыхум и тхым зэраныгъэ къыхуэзыхьыр щысрей лэжьыгъэм зэрыпэрытымрэ Iэпкълъэпкъ шытIэнымкIэ псом нэхърэ «нэхъ Iущу» зыкъэзылъытэж дохутытырхэм я Iэзэгъуэмрэщ.
Брат Мэчрэил и лэжьыгъэм махуэ псом емызэшу къыпхутепсэлъыхьыфынущ. Ар къыздопслъэм уэ уи Iэпкълъэпкъым и дагъуэхэми гу лъыуигъатэу, узэлэжьыбгъэхэри къыхигъэщыжу.
Ауэ, нэгъуэщI зы лъэныкъуэ гъэщIэгъуэнкIи къыхэбгъэщ хъунущ мы IэщIагъэлIыр. Ар, хущхъуэкIэ къэбгъэсэбэп хъу къэкIыгъэхэр зэриджращ.
ЖыпIэнурамэ, а Iуэхум лъабжьэ хуэхъуащ и адэшхуэ Лаурэ абы и къуэш адыгэ IэзакIуэу, къупщхьэ щIыжынымкIэ жылэм щыцIэрыIуэу щыта Брат Машэрэ деж.
—УдзхэмкIэ хущхъуэхэр зэхэслъхьэу, абыкIэ жылагъуэм сыщыIэзакIуэ схъуну схэту аракъым. Ар сэ сфIэгъэщIэгъуэн Iуэхугъуэу ар къудейщ. ИкIи хущхъуэ зэхэслъхьамэ, ар си щхьэм, е си Iыхьлыхэм, си ныбжьэгъухэм есхьэлIэнкIэ мэхъу. СхуэмыщIэжыххэри, хущхъуэ зэхэслъэу, ар сщэнращ. Апхуэдэ хьэлыр схэлъыххэкъым. Си сабиигъуэм си адэшхуэмрэ, си адэшхуэм и къуэшымрэ ядэслъэгъуар, иужькIэ сэ балигъ сщыхъуам хуэм-хуэмурэ сфIэгъэщIэгъуэну зыхэзгъэгъуазэурэ сыкъогъуэгурыкIуэ. Адыгэхэм къэкIыгъэ куэд яIэу щытащ уз зэхуэмыдэхэр ирагъэхъужу. Ахэр куэду зэщхьэщокI. Адыгэхэм къагъэсэбэп закъуэм имызакъуэу, китай, хьэрып медицинэри сфIэгъэщIэгъуэнщ. Абыхэми удз зэмылъэIужьыгъуэ куэд къагъэсэбэп,—жеIэ Мэчрэил.
Удзхэм хущхъуэ къахэхыныр Мэчрэил и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм зыдихьэх Iуэхугъуэщ. Удзхэр къихутэныр, абы хэлъ пкъыгъуэхэр интернет зэпыщIэныгъэм, тхылъхэм къарех, лъэпкъым и нэхъыжьхэм жаIэжхэмкIэ къегъуэт.
—Адыгэхэм хуабжьу къагъэсэбэпу щытащ удзым къыхах хущхъуэхэр.
Си адэшхуэм и къуэш Машэ, соцIыхуж, удз лъабжьэ къызигъэхьыну къуажэм ухэкIэ иIэ Iуащхьэм сигъакIуу сызэрыщытар. Апщыгъуэми, а удзыр занщIэу къипчу идэтэкъым, «зы лъабжьэ, е лъабжьитI късхукъуэхи, къысхуэхь» жиIэт. Нэхъыжьхэм жаIэу щытащ «Уэ удзыр пщIэмэ, адрейхэм йомыгъэцIыху» жэуэ. ПцIыхумкIэ адрейхэм удэгуашэмэ, абы зэран къихьу къызэгуруэтэкъым. Абы фIы хэлъщ, псапэкъэ? Ауэ, нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщызгурыIуэжащ ар щIыжаIэр. ЦIыху псори а удзхэм хуэсакъыу зэрыщымытыращ жыхуаIэр. Удзыр лъабжьэри игъусэу зы щIыпIэм деж къыщратIыкIкIэ, иужькIэ къэкIыжкъым. Жагъуэ зырыхъущи, иджыпсту удз куэдыр нэхъ мащIэ хъуащ. Япэм здэбгъуэту щыта щIыпIэхэм ущрихьэлIэжкъым,—жеIэ Мэчрэил.
Мэчрэил и зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм, автомашинэхэр нэхъ здэмыкIуэ щIыпIэхэм макIуэ, зи зэхэлъыкIэр къицIыхуа удзхэр къигъуэтыну. Удз къэхьынми, абы елэжьэнми езым и щэхухэр иIэжщ.
— Удзыр къэпщыпыным, ар зепхьэным, къэбгъэсэбэпыным куэд пыщIащ. Удз къэс къызэращыпри, зэрагъэгъури къызэрагъэпэри зэхуэмыдэщ. Къапщтэмэ, адыгэхэм удз гъэгъукIэ Iэмали 5-6 яIэу щытащ: дыгъэм, жьауэм хэлъу, псы тIэкIу тебутхэу… Къыщыпщып зэманри зэхуэдэкъым. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, уэсэпсыр темыкIауэ къэпщып мыхъунухэр хэтщ, абы гъуатэн зэрыщIидзэнум къыхэкIыу.
ИтIанэ, удзыр сытхуэдэ химие зэхылъым нэхъри нэхъ уэущ. Ар къызэрыппэщIэхуэу къэьгъэсэбэп хъунукъым. ПцIыхупхъэщ ар зэрызэхалъхьэ бжыгъэри, зэрыщытын хуейури, зы махуэм зэпхьэлIэну мардэри, армырамэ лей къыуихынкIи мэхъу,—жеIэ Мэчрэил.
Мэчрэил къэкIыгъэхэр джыныр, ахэр къехьэлIэныр, абы елэжьыныгъ фIэгъэщIэгъуэну, зыпэрыт Iуэхугъуэщ. Абы зэхилъхьэ хущхъуэхэр и унагъуэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ деж нэхъыбэу къыздигъэсэбэпыр. ШытIакIуэу щылажьэм дежи езым зэхилъхьа хущхъуэхэр щихуэурэ цIыхум щеIэзэ щыIэщ, медицинэ щIэныгъэмрэ жылагъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуа Iэзэгъуэмрэ къызэдэбгъэсэбэпмэ цIыхум и узыншагъэр нэрылъагъуу зэрефIакIуэр наIуэ ищIу.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ