Архив рубрики: КъэхъукъащIэхэр / новости
Хэти тщыгъупщакъым, зыри тщыгъупщакъым.
Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 74-рэ ирикъуащ. Накъыгъэм (майм) и 9-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и районхэм махуэщI Iуэхугъуэхэр, пэкIухэр щрагъэкIуэкIащ. Сыхьэтыр 9-м. Черкесск къалэм ТекIуэныгъэм и паркым ит фэеплъхэм удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ щагъэтIылъащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэн, Правительствэм, Парламентым, Министерствэхэм я лIыкIуэхэм, къару, хабзэхъумэ къулыкъухэм я пашэхэм, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ. ТекIуэныгъэм и паркым щызэхуэсахэм я щхьэр хуагъэщхъащ мы щIыпIэр зи иужьрей увыIэпIэ хъуа зауэлIхэм я фэеплъым. Зауэм къыхэмыкIыжа ди лъэпкъэгъухэм, хэкуэгъухэм я щIыхькIэ фочхэр щэнейрэ драгъэуеящ. Сыхьэтыр 10-м. Урысей Федерацэм и дэнэ хэгъуэгуми хуэдэу, КъЧР-м и къалащхьэм и утыку нэхъыщхьэм щыщIидзащ ТекIуэныгъэ махуэщIыр. —…Илъэс 74-рэ текIыжащ абы лъандэрэ. Ар— цIыху гъащIэщ, ар—пIалъэ кIыхьщ. Арами, цIыхубэм и гум ихукъым блэкIа гуауэр. Ди къэралым и тхыдэм и къэхъукъащIэ нэхъыщхьэщ ар. Дрогушхуэ ди лIыхъужьхэм, ди сэлэтхэм..,— дикторым и псалъэ къэскIэ дэтхэнэми гукIи псэкIи зыхещIэ. КъЧР-м и военнэ комиссар, полковник Темыр Арсен хэгъуэгум и Iэтащхьэм доклад хуещI республикэм ит военнэ къулыкъу лIэужьыгъуэ псори МахуэщIым зэрыхуэхьэзырымкIэ. Темрезов Рэшид зауэлIхэм, къулыкъущIэхэм сэлам яриха нэужь, утыкур зэщIеIэтэ щэней «Урааа»-м. Утыкум кърахьэ ТекIуэныгъэм и Бэракъыр, Урысей Федерацэмрэ КъэрэшейЧеркесымрэ я Ныпхэр. Псоми абыхэм зыдагъэж. Урысей Федерацэм, Къэрэшей-Черкесым я Гимнхэр уардэу утыкум щхьэщоIукIри, МахуэщIыр щIедзэ. —Къэрэшей-Черкес Республикэм щыпсэухэ, хьэщIэхэ, ветеранхэ, ди хэкуэгъухэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сывохъуэхъу зэрыУрысейуэ игъэлъапIэ махуэщIымкIэ! Ар—нэщхъеягъуэм, гуфIэгъуэм, лIыгъэм, хэкупсагъэм я Махуэщ. Илъэс 74-кIэ узэIэбэкIыжмэ иухащ нэхъ лъыгъажэ, нэхъ гущIыхьэ дыдэ зауэр— Хэку зауэшхуэр. Ар цIыху мелуанхэм гъэунэхуныгъэ хьэлъэ яхуэхъуащ. Зауэ илъэсхэм Совет цIыхубэм и лIыгъэмрэ гуеигъэмрэ зэрыдунейуэ ягъэунэхуащ. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыхухэр я псэ, я гъащIэ емыблэжу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэм пэщIэтащ икIи Рейхстагым щагъэбыбащ ТекIуэныгъэ Иным и Бэракъыр. Зи гъащIэ, зи щхьэ хэзылъхьэу, ТекIуэныгъэр, мамыр гъащIэр къытхуэзыхьахэр зыщыдгъэгъупщэн дыхуиткъым. Дрогушхуэ ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъухэу зауэм хэтахэм, нэмыцэдзэр зэхэкъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. Дрогушхуэ ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъухэу зауэм хэтахэм, нэмыцэдзэр зэхэкъутэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. Абыхэм фронтхэм щагъэлъэгъуащ лIыгъэ, хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ ин. Ди щхьэр яхудогъэщхъ, сыт щыгъуи дигухэм илъщ зауэм къыхэмыкIыжахэр, — жиIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм. А псалъэхэм пэджэжу, пэкIум хэтахэр дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм. Къэпсэлъа дэтхэнэми къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и Махуэм и пщIэр, зауэм хэтахэм, ветеранхэм, къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъыр зэгуэрми зэрымыужьыхынур. ТекIуэныгъэм и Махуэм Къэрэшей-Черкесым и къалащхьэми, районхэми, дэнэ къуажи, къали зауэм и фэеплъу дэт сынхэм щагъэтIылъащ удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ. ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ хъуэхъу телеграммэхэр КъЧР-м и Iэтащхьэм, республикэм щыпсэухэм къыхурагъэхьащ. Телеграммэхэр къабгъэдэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Урысейм и Правительствэм и тхьэмадэ Медведев Дмитрий УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым и пашэ Матвиенко Валентинэ, Урысейм и Къэрал Думэм и тхьэмадэ Володин Вячеслав, ди къэралым и Президентым и Администрацэм и унафэщI Вайно Антон, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм я Iэтащхьэхэм. Сыхьэтыр 13-м. ЩIидзащ хабзэфI хъуа, илъэс къэси цIыху нэхъыбэ къызэщIэзыубыдэ «Бессмертный полк» пэкIур. Черкесск къалэм и Первомайскэ уэрамым щегъэжьауэ ТекIуэныгъэм и паркым нэгъунэ ирикIуа, цIыху мин 20-м щIигъу зыхэта колоннэм и пашэу щытащ Темрезов Рэшид, Иванов Александр, депутатхэр, Правительствэм хэтхэр. Зэры-республикэу къапщтэмэ, фэеплъ акцэм, сабийми балигъми, цIыху мин 75-м нэс хэтащ. МахуэщI Iуэхугъуэхэр щыпащащ хытIыгу ЩхъуантIэм. Сыхьэтыр 21-30-м. Накъыгъэм и 9-м екIуэкIа Iуэхугъуэхэм я иужьрей Iыхьэу ТекIуэныгъэм и илъэс 74-м и щIыхькIэ уафэгум хьэрэкIытIэхэр куэдрэ драгъэуеящ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Хэгъуэгум и зыужьыныгъэм
Москва къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ УФ-м мэкъумэш хъызмэтымкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ иужьрей илъэсхэм ди хэгъуэгум мэкъумэш хъызмэтым щызыIэригъыхьа ехъулIэныгъэхэм. ЯгъэнэIуащ дяпэкIэ къапэщыт къалэнхэри. Темрезов Рэшид министрыр щигъэгъуэзащ дэIэпыкъуныгъэ зэгъэгъуэтыпхъэ, хэгъуэгу АПК-м и лъэныкъуэхэм. Апхуэдэщ жыг хадэхэм зайгъэужьыныр, гъэкIыныр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къэкIыгъэхэм я хъумапIэхэр ухуэныр. КъЧР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ жыг хадэхэр унагъуэхэми щагъэкIыным теухуауэ лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIым.
Мы гъэр къуажэхэм я зыужьыныгъэм зэрытраухуам ипкъ иткIэрэ, абы ехьэлIа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ лъэныкъуитIыр.
—Псы кIуапIэхэр ухуэн, зэгъэзэхуэжын, гъуэгухэм елэжьын, къуажэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм защIэгъэкъуэн — ахэр дэркIэ къалэн пажэу щытщ. АбыкIэ УФ-м и Правительствэри, мэкъумэш хъызмэтымкIэ федеральнэ Министерствэри къыддэIэпыкъуну хьэзырщ,—жиIащ Темрезов Рэшид.
ТУАРШЫ Ирэ
Социальнэ хуэIухуэщIэхэр
Къэрэшей — Черкесым и Правительствэр премьер-министр Уэз Аслъэн и унафэм щIэту хэплъащ мыхьэнэ зиIэ социальнэ Iуэху 17 — м.
Правительствэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къащтащ «Об установлении в КарачаевоЧеркесской Республике размера предельной величины среднедушевого дохода для
предоставления социальных услуг бесплатно на 2019 год» хабзэм и проектыр. Зи № 442 Федеральнэ хабзэм и 31-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм къызэрыщыгъэлъэгъуам ипкъ иту, цIыхум социальнэ хуэIухуэщIэхэр пщIэншэу хузэфIагъэкIын щхьэкIэ, социально — демографическэ гуп нэхъыщхьэхэм папщIэ Урысей Федерацэм и хэгъуэгум щыгъэува, зы цIыхум хуэзэ хэхъуэ нэхъыбэр цIыхур ирипсэуну зыхуэныкъуэ нэхъ мащIэм (прожиточный минимум) хуэдэрэ ныкъуэм и лъащIэ къех хъунукъым.
Къэрэшей — Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министрым и къуэдзэ Щай Мадинэ зэрыжиIамкIэ, Къэрэшей — Черкес Республикэм деж социальнэ хуэIухуэщIэхэр пщIэншэу хузэфIагъэкIын папщIэ цIыхум иIэпхъэ ику ит хэхъуэм и инагъыр сом 11296,5 -у ягъэуващ.
Социальнэ хуэIухуэщIэхэр ялъысы нущ зи хэхъуэр сом 11296, 5-м фIэмыкI цIыху хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ (инвалиды).
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм хэтхэм апхуэдэ къабзэу къахьащ «Об утверждении минимального размера взноса на капитальный ремонт общего имущества в многоквартирных домах на 2019-2021 годы на территории КарачаевоЧеркесской Республики» унафэр.
КъЧР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-кIэ и министрым и къуэдзэ Батчаевэ Зульфирэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, мы проектымкIэ ягъэув Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм 2019-2021 гъэхэм щекIуэкIыну капитальнэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэм щхьэкIэ фэтэр куэд хъу унэхэм щыпсэу цIыхухэм зы метр зэбгъузэнатIэм хуэзэу соми 5,8-рэ ятыну. Къыхэдгъэщынщи, мы
IуэхумкIэ нэхъ мащIэу ятым илъэс зыбжанэ хъуауэ зихъуэжакъым.
Абы къинэмыщIауэ, къащтащ «О порядке организации и проведения рейтингового голосования по отбору общественных территорий муниципальных образований, подлежащих благоустройству в первоочередном порядке» унафэр.
Апхуэдэ къабзэу, Правительствэм хэтхэм къащтащ «Об утверждении Положения об организации общественных работ в 2019 году» унафэм и проектыр.
КъЧР-м цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къэрал къулыкъум и унафэщIым и къуэдзэм и псалъэхэм къызэрыхигъэщам тепщIыхьмэ, унафэр къащтащ социальнэ — сэбэп унэтIыныгъэ зиIэ жылагъуэ Iуэху лIэужьыгъуэхэр белджылы ящIын, лэжьапIэншэхэр, лэжьапIэ лъыхъуэ цIыхухэр IэнатIэкIэ пIалъэкIэ къызэрагъэпэщын, мылъку дэщтэныгъэ ятын,
лэжьапIэ куэд щIауэ зимыIэ е гъащIэ зэхэщIыкI зыхуримыкъу цIыхухэр лэжьэным драгъэхьэхын, щIалэгъуалэм гуащIэдэкI лъэкIыныгъэхэр къыхузэрагъэпэщын, пIалъэкIэ лэжьакIуэ хуэныкъуэ щIыналъэхэмрэ организацэхэмрэ зыщIэупщIэхэмкIэ ирагъэкъун, гъатхэ — гъэмахуэ пIалъэм предприятэхэм сезон лэжьакIуэхэмкIэ яIэ щыщIагъэр
ягъэмэщIэн щхьэкIэ.
Социальнэ лъэныкъуэм щIагъэхуэбжьэнущ
УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм хабзэ хъуауэ хуигъакIуэ Зыхуэгъэзэныгъэр Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мазаем (февралым) и 20-м ищIащ. Къэралым и Президентым гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуищIар цIыхухэм я хьэлэмэтхэр, псэукIэр, социальнэ гъащIэр хъумэнращ, егъэфIэкIуэнращ, абыхэм яхуэгъэза Iэмалхэр лэжьыгъэм къыхэлъытэнращ.
Къэралым и социальноэкономикэ зыужьыныгъэм хуэгъэзауэ УФ-м и Президентым игъэува къалэн нэхъыщхьэхэр:
Социальнэ лъэныкъуэмкIэ:
— ЦIыхухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм хуэгъэзауэ ялэжь Iуэхухэм адэкIи пыщэн, 2024 гъэм ехъулIэу.
— Сабийхэм папщIэ ахъшэ зратхэр (къызэщIиубыдэ гупхэр) нэхъыбэ щIын — унагъуэм щIэс зы цIыхум и хэхъуэр «прожиточный минимум»-м нэхъыбэ мыхъумэ, абыхэм щегъэжьауэ «прожиточный минимум»-м хуэдитI нэхърэ нэхъ мащIэ къэзыхьхэм (зы цIыхум) деж щыщIэкIыжу.
—Сабий зэрыс унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэхэмкIэ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр япэ илъэсхэм къыщымыувыIэу, ипотекэ пIалъэм зэрыщыту къыхалъытэу гъэпсын.
— Сабий сэкъатхэм, зэрыцIыкIу лъандэрэ япэ ныкъуэдыкъуагъ группэ зиIэ сабийхэм зэракIэлъыплъым папщIэ ят ахъшэр хуэдитIкIэ хэгъэхъуэн.
— ЩIыгум техуэу ят хьэкълыкъыр зэрыхэхъуэр зы гъунапкъэм (проценти 10 — м) щыIэу гъэпсын.
—Сабиищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэр ирапшынын щхьэкIэ, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мин 450-рэ ятын, ямыгъэIэпхъуэ мылъкум (недвижимое имущество) техуэ хьэкълыкъымкIэ хуэгъэкIуэтэныгъэр нэхъыбэ щIын, соти 6-м нэс щIыгу кIапэ зиIэхэм я хьэкълыкъыр ящхьэщыхын.
—Пенсэхэмрэ мазэ къэс ят ахъшэхэмрэ зэрыхагъахъуэр (индексацэ) пенсионерыр ирипсэун папщIэ зыхуэныкъуэ нэхъ мащIэм (прожиточный минимум) щхьэдэхыу щытын хуейщ. — Гулъытэ егъэгъуэтын тхьэмыщкIагъэр щымыгъыIэжыным, хэхъуэ зи мащIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ социальнэ контракт Iэмалыр зыгъэIэрыхуэ хэгъуэгухэм ядэщтэн.
— ЗэхэтыкIэ тэрэз щызэфIэгъэувэн щIыхуэ мыинхэр здат (микрокредитование) утыкум. — Ипотекэ каникулхэр къахузэгъэпэщын хэхъуэ зимыIэж унагъуэхэм.
— Уней псэупIэ ухуэныгъэхэм ядэзыщтэ программэ зэхэлъхьэн.
— Хэгъуэгухэм медицинэ IэщIагъэлIхэр къызэрыкIуэр щIэгъэхуэбжьэным хуэунэтIа «Земский доктор» программэм хыхьэхэм яхуэгъэзауэ щыIа ныбжь пыбзыкIыныгъэхэр гъэкIуэдыжын, дохутырхэм сом 1 мелуан, фельдшерхэм сом мин 500 ятын. —«Земский учитель» программэр зэхэлъхьэн.
—Паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм теухуа Хабзэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ щIэх къэщтэн. — Гъунэгъу илъэси 6-м къриубыдэу онкологие узыфэхэм пэщIэтыным сом зы триллион мынэхъ мащIэу хуэутIыпщын.
— ЕджапIэхэр гъэплъынымрэ псыкIэ къызэгъэпэщынымрэ япха Iуэхухэр илъэситI пIалъэкIэ зэфIэхын.
—ПIалъэншэу хьэкълыкъыр ящхьэщыхын медицинэ, егъэджэныгъэ организацэхэм я хэхъуэхэм (апхуэдэ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр щыIэххэщ, ауэ абы и пIалъэр 2020 гъэм еух).
—УхуакIуэхэм я хэхъуэмрэ НДС-мрэ ятехуэ хьэкълыкъыр ящхьэщыхын, абыхэм къэралым е муниципалитетхэм иратыну социальнэ псэуалъэхэр яухуэмэ.
— ИлъэситIым къриубыдэу зэхуащIыжу ягъэкъэбзэжын (рекультивировать ящIыжын) хуейщ къалэхэм хиубыдэ икIи Iуэхугъуэ хьэлъэхэр зыпыщIа пхъэнкIий идзыпIэ ин 30 — р, илъэсихым къриубыдэу — адрей къэнэжахэр. ЗэхэтыкIэ тэрэз щыгъэпсын пхъэнкIийм зэрелэжьымрэ ар зэрыхыфIадзэмрэ. ЩIыуэпсым къыхуахь хэщIыныгъэхэр гъэмэщIэнымкIэ жэуаплыгъэм егъэзын промышленнэ предприятэхэр икIи къэрал Думэм и гъатхэ сессием деж Хабзэ къэщтэн зэран къэзыхь пхъэнкIийуэ ирадзыр зы жыпхъэм игъэувэным теухуауэ.
— Урысей щIыуэпс продукцэ къабзэм и бренд хъума къэгъэщIын.
— Къэрал компаниехэр щыщахуэкIэ (закупки), нэхъапэу гу лъатэн хуейщ Урысей предприятэхэм.
— Лъэпкъ хьэрш купсэ къызэгъэпэщын икIи спутник гупхэм я лъэкIыныгъэхэр хуэдэ бжыгъэкIэ хэгъэхъуэн. ХыхьэхэкI Iуэхум (бизнесым):
—Бизнес тэмэмыр хабзэ «статьям щIэту» къикIухьын хуейкъым. Нэхъ мащIэ щIын хуейщ экономикэ ущхьэгъукIэ яубыдахэм я Iуэхухэр зэрызэхагъэкIымрэ зэраIыгъымрэ пIалъэкIэ зэрагъэкIыхьыр.
— 2021 гъэм щегъэжьауэ «существующие нормативные акты в сфере контроля и надзора, обновив за оставшееся время нормативную базу» щытыкIэр Iуахыжын хуейщ. — Бжыгъэм тещIыхьа (цифровой) платформэ къызэгъэпэщын, хыхьэхэкIым зэрытракъузэм теухуа хъыбархэр хэIущIыIу щащIу.
—Хабзэ зэхэтыкIэр зэрыщыту тегъэпсыхьын хуейщ технологие щытыкIэщIэм, бжыгъэ (цифровой) экономикэм и IэнатIэр зыхуэныкъуэ хабзэ проектхэр щIэгъэпсынщIауэ къэщтэн… Аращ нэхъыщхьэу УФ-м и Президентым къыхигъэща лъэныкъуэхэр. Мы зэIущIэм щыIа делегацэм я пашэу УФ-м и Президентым и Зыхуэгъэзэныгъэм щIэдэIуащ Къэрэшей — Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. ИкIи, УФ-м и Президентым и Зыхуэгъэзэныгъэм хэгъуэгум и Iэтащхьэр къытеувыIащ. Зыхуэгъэзэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа щытыкIэхэр гъэзэщIэным набдзэгубдзаплъэу, гумызагъэу, Iуэху зэхэщIыкI ин хэлъу бгъэдыхьэн хуейуи къилъытащ.
— Зы лъэныкъуи къэнакъым ди къэралым и Iэтащхьэр къытемыувыIауэ. Мыбы нэхъ мыхьэнэ иIэщ жыпIэу зыгуэр къыпхухэгъэщхьэхукIынукъым.
Гулъытэ куэд лъигъэсащ демографие щытыкIэр егъэфIэкIуэным, сабий зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъуным. Лъэпкъ проектхэм я къэухьхэм иту дгъэзэщIэну Iуэху куэдым къинэмыщIауэ, Президентым аргуэру къалэн зыбжанэ къытхуигъэуващ къэралым сабийуэ къыщыхъум и бжыгъэм хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ. Абы хохьэ пособэхэр ин щIыныр, хьэкълыкъ хуэгъэкIуэтэныгъэхэр, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэр яхуэпшыныныр, сабий IыгъыпIэхэмрэ еджапIэхэмрэ ухуэныр.
Ди хэгъуэгум деж дэ нэгъэсауэ къыдгуроIуэ сыт хуэдэ социальнэ, инфраструктурэ IуэхущIапIэ дэнэ деж щыдухуэнуми, сабий куэд зэрыс унагъуэхэм сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ ялъыдгъэсынуми. Ауэ
Президентым мы Iуэхухэм я деж пыбзыкIыныгъэ щищIакъым. Апхуэдэу, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр нэхъри фабгъуэу къыщагъэсэбэпынущ федеральнэ утыкуми, хэгъуэгухэм дежи. Президентым къызэрыхигъэщащи, ар дыдэр яхужыпIэ хъунущ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм епха IэнатIэхэми, щIыуэпсым, псэупIэ — коммунальнэ хъызмэтыр модернизацэ щIыным. Абы хуэунэтIащ лъэпкъ проектхэр.
КъызытеувыIар щIигъэбыдэж щIыкIэу, къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ федеральнэ, хэгъуэгу къэрал унафэщIхэр, щIыпIэ унафэщIхэмрэ жылагъуэ организацэхэмрэ зэгурыIуэныгъэ яку дэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Урысейм и Президентым пщэрылъ къытхуищIар — ди лэжьыгъэр зэрыдгъэзэщIэным и унафэщ. ИкIи, абы дытемыкIыу дылэжьэнущ, — жиIащ Темрезов Рэшид. Тхыгъэр зыгъэхьэзырар
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
Лъэпкъым и зэчийхэр
Лъэпкъым и зэчийхэр
Мыдаущ, мыкIийхэ,
КъулыкъущIэ шэнтым хуеIэу зэрымыкъу,
Е зи гупкIэ исым
Щытхъу уэрэд хуаусу,
Къэзылъхуа я лъэпкъым къыхуамыхь емыкIу.
Ахэр бегъымбару
Хэт игъэхъыбарми,
Хэт игъэцIыху Iейми – иремыхъу фи фIэщ:
Ахэм уасэу яIэр
Я хьилымырщ, я Iэрщ,
Я псэм и къабзагъырщ ахэр зыщIыр лъэщ.
Лъэпкъым и зэчийхэм
Шхын емых я джийхэм,
КъыщIадза лэжьыгъэр ямыщIау зэтес,
ЛIыгъэкIэ, уэрэдкIэ,
УсэкIэ, сурэткIэ
Е акъылкIэ гъащIэм пемыхьам къандес.
Пэжу, ахэм гъащIэр
ЯхуэмыгумащIэ –
Лъэпкъ зэчийр нэхъыбэм мэхъу игъуэ нэмыс.
Е къигъащIэ тIэкIури
ПфIэщIу щихь мэз дэгум,
Къохъу закъуагъэм мыхъумэ,
зы къащылъымыс.
Ауэ лъэпкъ зэчийхэм
Гъэхэр яхуэткIийми,
Ахэм я гъерэтырщ лъэпкъым и асур,
Ахэм къапыкI гуащIэрщ
ЗыщIыр щыз мы гъащIэр,
Хэт сыт и захуагъми хуэхъур джынасу.
Бемырзэ Мухьэдин
ИлъэсыщIэ псейр
ГуфIэгъуэ дауэдапщэ иным щIэту мы махуэхэм республикэ къалащхьэм и купсэ утыкум къыщызэIуахащ хэгъуэгум и ёлкэ нэхъыщхьэр. Iуэхугъуэм хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. — Си фIэщI мэхъу къихьэну 2019 гъэм ехъулIэныгъэфIхэр къызэрытпэплъэр. Сыхуейщ къытхуеблагъэ илъэсыщIэм гуфIэгъуэ, дэрэжэгъуэ къыфхуихьыну, бын куэду къыфщIэхъуэну, фи нэхъыжьхэр узыншэу фхуэпсэуну, дэри ди лэжьыгъэр хэгъуэгуми къэралми сэбэп хуэхъуну. Республикэ къалащхьэр зыгъэщIэрэщIа мы псей гъэщIэгъуэныр, ар зэрыгъэдэха хьэпшыпхэр саугъэту къыдэзыта «ЕВРОЦЕМЕНТ» компанием и унафэщIхэм фIыщIэ ин яхузощI! ИкIи, мы саугъэтыр къызыбгъэдэкIахэмкIэ нэхъыфI дыдэ фIыщIэр – нобэ гуфIэгъуэ зэрыслъагъуэ фи нэгухэмрэ сабийхэм я нэм къыщIих нэхугъэмрэщ, — жиIащ Темрезов Рэшид. КъыкIэлъыкIуэу хэгъуэгум и Iэтащхьэмрэ ЩIыIэ Дадэмрэ кнопкэм тракъузэкIэрэ, Псей жыгыр, Правительствэм и Унэ блыныр уэздыгъэ цIыкIу зэмыфэгъу-зэщIэлыдэхэмкIэ щIагъэнащ. А сыхьэтым купсэ утыкур къэщIэрэщIащ, нэху хъуащ. СыхьэтитIым къриубыдэу екIуэкIа концертым хэтащ хэгъуэгум щыцIэрыIуэ уэрэджыIэхэр, къэфакIуэ гупхэр. МахуэщIым и хьэщIэ нэхъыщхьэ ЩIыIэ Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ республикэм щыпсэухэм яхъуэхъуащ гуфIэгъуэ махуэхэр куэду яIэну, хъыбарыфIхэр къаIэрыхьэну, унагъуэхэм насып илъыну, ехъулIэныгъэ ягъуэтыну. Республикэ къалащхьэм щагъэува IэрыщI ёлкэм и лъагагъыр метр 22-рэ, и хьэлъагъыр тонни 4-м ноблагъэ. ЗэрытщIэжщи, илъэс блэкIахэм псей жыгыр Архъыз щIыналъэм къраупщIыкIт. Ныбжьрэ щIыуэпс и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ псейхэр иупщIыкIыныр куэдым ягъэзахуэтэкъым. Гуапэ зэрыхъущи, а лъэпощхьэпор IугъэкIуэта хъуащ.
* * *
Черкесск къалэм и илъэсыщIэ нагъыщэ нэхъыщхьэри Первомайскэ миниАрбат уэрамым къыщызэIуахащ. Мы гъэм илъэс ещанэ мэхъу мы IэрыщI илъэсыщIэ жыгыр Москва кърашу ди республикэ къалащхьэм зэрыщагъэуврэ. Къалэ илъэсыщIэ псейр зэщIэгъэблэным къалэдэсми, хьэщIэми —нэрыбгэ мини 2-м нэс хэтащ. «Сэлам, ИлъэсыщIэ!» зи фIэщыгъэцIэ махуэщI Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ къалэ мэриер. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, пшыхьым и лIыхъужь нэхъыщхьэу утыкум имыкIыу итар ЩIыIэ Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэщ. «Я и мама-Снегурочки», «Я и папа — Деды Морозы» флешмоб зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм куэд зэригъэубыдащ. Утыкум къихьа сабийхэри, абыхэм гъусэ яхуэхъуа, къалэ еджапIэхэм къикIахэри, псори зэхэту еджакIуэ 300-м нэс флешмобым хэтащ. Къа-лэм и артистхэм концертыр пащащ. Первомайскэ уэрамым и кIыхьагъыххэкIэ щагъэуващ еджакIуэхэмрэ еджапIэм и пэ къихуэ къулыкъущIапIэхэмрэ ягъэхьэзыра илъэсыщIэ хьэпшыпхэр. ИкIи апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэм хэлэжьыхьа псоми мэрием къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. Республикэ, къалэ псей нэхъыщхьэхэм къинэмыщIауэ, апхуэдэхэр щагъэуващ Петрусевич и цIэр зезыхьэ утыкум, Доватор уэрамым, Покровскэ паркым ит жыг зыбжани ягъэдэхащ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ,
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Зэкъуэтыныгъэм и нур
Иджыблагъэ Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грозный щекIуэкIащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я VI Форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ властым, хьэрычэтым,
щIэныгъэ купсэхэм я лIыкIуэу, журналисту цIыху миным нэблагъэ. Еханэу екIуэкIа форумри, ипэкIэ щыIахэм хуэдэу, хуэгъэзат Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум щыпсэу, щылажьэ журналистхэр нэхъыфIу зэрыгъэцIыхуным, гъунэгъуу къадэпсэу лъэпкъхэм фIыкIэ ятепсэлъыхькIэрэ, нэхъ благъэ зызэхуэщIыным. ИкIи, шэч хэмылъу, а мурад нэхъыщхьэхэр къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIам и щыхьэтщ гъэ къэс форумым и пщIэм зэрыхэхъуэр, цIыху нэхъыбэ къызэрекIуалIэр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр утыку къызэрырахьэр.
Псалъэм папщIэ, Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щекIуэкIа япэ зэхуэсиплIыр къызэгъэпэщыныгъэмрэ
медиа лъагъуэщIэ хэшынымрэ нэхъ хуэунэтIауэ щытамэ, иджырей форумым IупщI щыхъуащ гъуэгу
захуэ зэрытетыр, мыбы хуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Хэгъуэгу гъунэгъухэм щыщ, зи лэжьыгъэкIэ
нэIуасэ зэхуэхъуа, нэIуасэ зэхущытыкIэр зэныбжьэгъугъэм хуэкIуэжа журналистхэр зэрызэхуэгуапэм гур
хигъахъуэт, мастер – класс зэхуэмыдэхэм гукъыдэж къыуатт.
Фи фIыгъэкIэ допсэу
Черкесск къалэм щэнхабзэмкIэ Унэм Анэхэм я Махуэм хуэгъэза гуфIэгъуэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Республикэм щыпсэу анэхэм яхъуэхъуну къекIуэлIащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек, Правительствэм хэтхэр, къалэхэм, район муниципальнэ къэхъугъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Анэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Темрезов Рэшид:
—ЩIыхь зыхуэтщI ди бзылъхугъэхэ, ди анэхэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сывохъуэхъу фи махуэщIымкIэ! Дэтхэнэ анэми фIыщIэ лей хуэфащэщ. Фэ фи къарур ивохьэлIэ щIыхь зыхуэфащэ цIыхуфIхэр дунейм лъэ быдэкIэ щыгъэувыным. Ди республикэми, ди къэралми и къэкIуэнур фэ вгъэса цIыхухэращ зэлъытар. ИкIи ахэр нэхъ къуэфIу, пхъуфIу щыIэхэращ. ФIыщIэ фхузощI махуэ къэскIэ псэемыблэжу фызыпэрыт гуащIэм папщIэ. ДэркIэ фэ фхуэдэ щыIэкъым. Фэ фи фIыгъэкIэ допсэу, дыщIэпсэури фэращ. ФIыщIи, щхьэщи фхузощI! ФIыщэу фызолъагъу!—жиIащ абы.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм ипкъ иту КъЧР-м и Iэтащхьэм «Материнская слава» нагъыщэ 23-рэ яхуигъэфэщащ сабиитху, е нэхъыбэ зиIэ анэхэм. Къэралым и цIыху щыпкъэхэр гъэсэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIымкIэ къэрал нагъыщэхэр иратащ ди республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ къикIа анэхэм. Абыхэм яхэтащ Хьэбэз районым щыщу Къардэн Хавэрэ Щхьэгуэш Джульетэрэ. АнитIми сабий тхурытху япI. Анэ быныфIэу ущытыныр Тхьэм къабгъэдилъхьа насыпу зэрыщытыр къыджаIащ бзылъхугъэхэм.
Абыхэм къащыхъукъым бын куэд уиIэныр хэхуагъэ гуэру, Iуэху къызэрымыкIуэу. Гугъуехьхэм пэщIэхуэми, гурыфIыгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къахэзылъхьэжри я бынхэращ.
— Пхъуитху сиIэщи, срогушхуэ бынунагъуэшхуэу дызэрыщытым. Абыхэм гушхуэныгъэ къысхалъхьэ, насып къызат. Унагъуэ къэс гугъуехь гуэрым пэщIохуэри, а цIыкIухэм я фIыгъэкIэ псори къызыбонэкIыф. Си сабийхэр зэщхькъым, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэри зэхуэмыдэщ. Зы хъыджэбзыр къафэм, адрейр фортопианом, ещанэр тхеквондом макIуэ. НэхъыщIэхэр иджыри цIыкIущи къыхахаIакъым,—къыджиIащ Къардэн Хавэ.
—Пэжу жыпIэмэ, мы зэманым сабиитхум уарианэу ущытыныр тынш дыдэу пхужыIэнукъым. Ар, анэхэм, дэ ди пщэм дэтлъхьэж гугъуехьщ, икIи зэрытхузэфIэкIкIэ ар дохь, бынунагъуэшхуэм фIыгъуэу хэлъыр къэтлъытэурэ. Къапщтэмэ, анэм IэщIагъэ куэд дыдэ ицIыхун хуейщ. Ар икIи психологщ, егъэджакIуэщ, дакIуэщ, дохутырщ. НэгъуэщI лъэныкъуэ куэди зэригъэзэхуэн къыхудохуэ. Ди гуапэщ мыпхуэдэ гулъытэ къызэрытхуащIар,—къыпидзащ Щхьэгуэш Джульетэ.
Бын куэд яIэми, я лэжьапIэри IэщIыб ящIкъым анитIми. Декрет пIалъэр иухри я IэщIагъэхэм пэрыувэжащи, унагъуэри лэжьапIэри хьэлэмэту зэдахь. «Материнская слава» къэрал нагъыщэри яхуэфащэу а махуэм къратащ. БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ, Сурэтыр ТУАРШЫ Беслъэн трихащ
ГуфIэгъуэ IуэхугъуитI – зы махуэм
«Медовые водопады» турист-этнографическэ комплексым ухуэзышэ гъуэгъущIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм щаутIыпщащ. Километр 7,53-рэ зи кIыхьагъ «Конзавод-Коммунстрой-Медовые водопады» гъуэгущIэр гуфIэгъуэкIэ иджыблагъэ къызэIуахащ. А Iуэхугъуэм хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм
и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, туризмымкIэ Федеральнэ агенствэм и унафэщIым и къуэдзэ Королев Николай,
КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, нэгъуэщIхэри.
ГъуэгущIэр ухуэнымкIэ лэжьыгъэфI зэрырагъэкIуэкIам папщIэ, Темрезов Рэшид фIыщIэшхуэ хуищIащ
Королев Николаи, ар къызыбгъэдэкIа агенствэм и унафэщIхэми. — Илъэс кIуам «Медовые водопады» зыгъэпсэхупIэм цIыху мини 100-м щIигъу къекIуэлIащ. КъэкIуэну илъэсым а бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэну дыпоплъэ. Къапщтэмэ, 2017 гъэм ди республикэм туристу зы мелуанрэ мин 200-рэ щыхьэщIащ, — жиIащ Темрезов Рэшид.
КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ яухуа гъуэгур зэманыщIэм къигъэув щытыкIэхэм техуэу зэрыщытыр.