Все записи автора Черкес Хэку

Путин Владимир: «Ди зэкъуэтыныгъэр – ди зыужьыныгъэм и лъабжэ быдэщ»

Хабзэ зэрыхъуауэ, Урысейм и Президент Путин Владимир и Зыхуэгъэзэныгъэр я пащхьэ ирилъхьащ УФ- м и Федеральнэ ЗэIущIэм. Абы теухуа зэхуэс мартым и 1-м Манежым деж щекIуэкIащ. Мы гъэм зэIущIэм кърагъэблэгъащ Федеральнэ ЗэIущIэм хэтхэм нэмыщIу, Къэрал Думэм и депутатхэр, УФ-м и Правительствэм хэтхэр, Конституционнэ, Ищхьэ судхэм я унафэщIхэр, губернаторхэр, Урысейм и хэгъуэгухэм я хабзэкъэгъэщI зэIущIэхэм я тхьэмадэхэр, хэгъуэгухэм я жылагъуэ палатэхэм я пашэхэр, СМИ инхэм я унафэщIхэр.

Президентым и къэпсэлъэныгъэм къытеувыIащ ди къэралым и социальнэ политикэм ехьэлIауэ къэув къалэн нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу, Путин Владимир къиIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди къэралым и демографие щытыкIэм, узыншагъэр хъумэным, псэупIэхэр ухуэным, ипотекэр цIыхухэмкIэ тыншыгъуэ яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми яхуэгъэза упщIэхэр. КъинэмыщIауэ, экономикэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм къытеувыIащ.

— ПщIэ зыхуэсщI Урысейм и цIыхухэ! ПщIэ зыхуэсщI ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ! Дызыщыпсэу зэманым, тчы лъэбакъуэ, длэжь Iуэхугъуэ къэс мыхьэнэ зэриIэм хуэдэу, нобэрей Зыхуэгъэзэныгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, абы илъэси 10 ипэкIэ ди къэралым и гъащIэр зэрыхъунур игъэбелджылынущ. ЖысIэнщи, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ лъэхъэнэхэм Урысейм мызэ-мытIэу игъэлъэгъуащ зэрызиужьыфыр, зэрефIэкIуэфыр. А лъэхъэнэхэм щIыхэр нэгъэсауэ къигъэсэбэпащ, къалэхэр иухуащ, космосым зрипщытащ, къэхутэныгъэщIэхэр къигъэщIащ.

  №17 8.03.2018

  ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэщIэ

Мазаем (февралым) и 27-м Абазэ районым и Псыжь къуажэм щэнхабзэм и УнэщIэ къыщызэIуахащ.  ГуфIэгъуэ Iуэхугъуэм хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Уэз
Мурат, КъЧР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хъызмэтымрэкIэ и министр Гордиенко Евгений, Абазэ
районым и Iэтащхьэ Ныр Мухьэжыр, районым хыхьэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, нэхъыжьхэр, псыжьдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ. Къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэза нэужь,

Темрезов Рэшид жиIащ:

—Нобэ дыкъыщIызэхуэса, щэнхабзэмкIэ Унэм и ухуэныгъэр — ди къуажэхэр, районхэр едгъэфIэкIуэ ным хуэунэтIауэ едгъэкIуэкI социально-экономикэ лэжьыгъэм щыщ зы Iыхьэщ. Абазэ районыр къапщтэмэ, иужьрей илъэсхэм Псыжь къуажэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ.
Апхуэдэщ сабий IыгъыпIитI, щэнхабзэ-спорт комплекс ухуэныгъэщIэхэр, гъуэгухэр зэгъэзэхуэжыныр, инженер инфраструктурэр зэредгъэфIакIуэр, щэнхабзэмкIэ Унэр. Шэч къытесхьэкъым дяпэкIи Абазэ районыр, Псыжь къуажэр едгъэфIэкIуэн лэжьыгъэр зэрыпытщэнум. ЖыпIэнуракъэ, 2017 гъэм, къихьа
2018 илъэсым и пэм къызэщIиубыдэу щэнхабзэм и ухуэныгъэ 12 республикэм къыхэхъуащ. Ар — ухуэныгъэщIэхэращ, зэдгъэзэхуэжахэращ. Илъэсым къриубыдэу иджыри апхуэдэ ухуэныгъэ, зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъи 9 зэфIэдгъэкIынущ, — жиIащ Темрезов Рэшид.

  №16 3.03.2018

Cоциально-экономикэ зыужьыныгъэм

Мазаем (февралым) и 26-м Грознэ къалэм УФ-м и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий  иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, лэжьапIэ Iуэхум, гуащIэдэкI зэхущытыкIэхэм.
ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хлопонин Александр,
УФ-м Ищхъэрэ Кавказ IуэхухэмкIэ и министр Кузнецов Лев, УФ-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ хъумэныгъэмрэкIэ и министр Топилин Максим, УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Васильевэ Ольгэ, СКФО-м хыхьэ хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэр.

 

№15 1.03.2018

Хэгъуэгухэм я зэпыщIэныгъэр ирагъэфIакIуэ

Сочи къалэм Урысейпсо инвест форум иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абдеж Урысейм и Правительствэм и Тхьэмадэ Медведев Дмитрий яIущIащ ди къэралым хыхьэ хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэм. Зэпсэлъэныгъэм
ипкъ иту, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къыхагъэщащ мыбюджет зэпыщIэныгъэм зегъэужьыныр,
инфраструктурэр егъэфIэкIуэныр.
— Япэрауэ, сыт и лъэныкъуэкIи дыхущIокъу федеральнэ бюджетым къыхэдгъэкI мылъкур псоми нэгъэсауэ ятедгуэшэну. Абы папщIэ илъэс блэкIам федеральнэ купсэмрэ хэгъуэгухэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр
яIащ икIи абыхэм япкъ иту, илъэси 3-м къриубыдэу, субсидиехэр зэрыдгуэшыну щIыкIэр дгъэбелджылащ. Абы къыхэкIыу, хэгъуэгухэм я мылъкухэр нэхъ тыншу яубзыхунущ. Апхуэдэ щIыкIэм дытету дяпэкIи дылэжьэн ди мурадщ, — жиIащ Медведев Дмитрий.

 

№13 22.02.2018

ПщIэ зыхуэтщI Арэшыкъуэ Къанщауэ!

Адыгэм къыщIэхъуэ щIалэгъуалэми, курыт ныбжьым итхэми щапхъэ зытрахыпхъэ нэхъыжьыфI, лъэпкъым ди жьантIэр тхуэзыгъэбжьыфIэ тхьэмадэ Iумахуэщ нобэ зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ Арэшыкъуэ Къанщауэ.
ГуащIафIэу, лъэужьыфIэу а гъуэгуанэ дахэр къызэзынэкIа лэжьакIуэшхуэм зэфIэкI ин хилъхьащ ди къуэш республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, и мэкъумэш IэнатIэр къэIэтыным, зегъэужьыным, жылагъуэ Iуэхухэр зыхуей хуэзэу дэгъэкIыным. Дэ дыщыгъуазэщ зэрылэжьа илъэс 70-м и кIуэцIкIэ Къанщауэ и жэрдэмкIэ IуэхуфI куэд зэрызэфIэкIам, комсомол, парт, жылагъуэ, мэкъумэш IэнатIэхэм ехъулIэныгъэ къызыпэкIуа лэжьыгъэхэр зэрыщыдигъэкIам. Апхуэдэ псэемыблэж Iуэхухэращ абы нобэ иIэ пщIэ лъагэр къызыпэкIуари, къэралым, республикэм къабгъэдэкI орденхэр, медалхэр, цIэ лъапIэхэр къыхуэзыхьари.
Нобэ, и махуэшхуэр щигъэлъапIэм ирихьэлIэу Къанщауэ дохъуэхъу и гуащIэдэкIым къыпэкIуа хъерым иригушхуэу, нэхъыщIэхэм ди гъуэгугъэлъагъуэрэ и гъащIэр гъуазэ тхуэхъуу иджыри куэдрэ дяпэ итыну! Уи жьэгупащхьэр хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу, уи узыншагъэр быдэрэ уи лъэр жану, уи щIыхь лъагэ хъу зэпытрэ уи цIэм лъэпкъыр ирипагэу Тхьэм илъэс куэдкIэ иджыри укъытхигъэт!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм
и тхьэмадэ

 

№12 17.02.2018

Нэхъыщхьэр – цIыхухэм я шынагъуэншагъэращ

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и антитеррор комиссэмрэ оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Урысейм и Лъэпкъ антитеррор комитетым и лIыкIуэ Качалин Михаил.
Ахэр тепсэлъыхьащ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я органхэмрэ хабзэхъумэ къулыкъухэмрэ Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэр егъэкIуэкIыным зэрыхуэхьэзырым ехьэлIа упщIэм.
КъинэмыщIауэ, зэIущIэм хэтахэм къапщытэжащ 2017 гъэм антитеррор комиссэмрэ оперативнэ штабымрэ
ялэжьа Iуэхугъуэхэр.

     №6 27.01.2018

Ди лъэпкъэгъу режиссерыр – Дунейпсо утыку

Къэрэшей-Черкесым щыщ, ди лъэпкъэгъу Братхэ Руслан киномрэ макъамэмрэ тегъэпсыхьа «Кустендорф» Дунейпсо фестивалым и саугъэтхэм ящыщ зыр къыхуагъэфэщащ.

Руслан и «Лалай-Балалай» короткометражнэ фильмыр лъэщу ди къэралым и утыку къихьагъэххэми, кино гъуазджэм теухуа Дунейпсо фестивалхэм я саугъэтхэри абы зэхуехьэс. Апхуэдэу, Сербие къэралым  иджыблагъэ щекIуэкIа, киномрэ макъамэмрэ ятеухуа XI «Кустендорф» Дунейпсо кинофестивалым и саугъэтхэм языхэзыр Братхэ Руслан къыхуагъэфэщащ.
Жюрим къызэрилъытамкIэ, фильмым гъэщIэгъуэну, гушыIэ лъэщ хэлъу къеIуатэ кинематографым  щыцIэрыIуэ темэр — куэдрэ узрихьэлIэ, хъулъхугъэм гъащIэм хуиIэ «жьыбгъэ» бгъэдыхьэкIэр.

№5 25.01.2018

ЗэхъуэкIыныгъэхэм къару хэлъхьэн

Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным и Илъэсым ипкъ иту, жыджэру зи лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ муниципалитетхэм КъЧР-м и Iэтащхьэм и грантыр хуагъэфэщэнущ.
Мы махуэхэм Зеленчук муниципальнэ районым лэжьыгъэ IуэхукIэ еблэгъащ Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид.

№4 20.01.2018

Пщэрылъхэр яхуещI

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэнрэ
абы и къуэдзэхэмрэ иджыблагъэ яIущIащ. Темрезов Рэшид абыхэм пщэрылъ яхуищIащ къалэхэмрэ район-
хэмрэ зыхуей зэрыхуагъэзэнымкIэ план зэхагъэувэну.

— 2018 гъэр республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным и Илъэсу согъэбелджылы. Абы
папщIэ, мы Iуэхугъуэм ехьэлIауэ фызэрылэжьэну планыр зэхэвгъэувэу си пащхьэ къифлъхьэну мазэ
пIалъэ фызот. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ планыр щызэхэвгъэувэкIэ щIыпIэ самоуправленэм и Iэтащхьэхэм
купщIафIэу фазэрыдэлэжьапхъэр. Мы лъэныкъуэмкIэ ди лэжьыгъэр зэхуэдэу, зы бгъэдыхьэкIэу щытын хуейщ икIи нэхъ лъэпощхьэпохэр къыхэлъытауэ щытыпхъэщ.
Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, уэрамхэр къэгъэнэхуныр, цIыху зекIуапIэхэр, гъуэгу нэхъыщхьэхэр, паркхэр зэгъэзэхуэныр, — жиIащ Темрезов Рэшид.
КъинэмыщIауэ, Темрезов Рэшид Уэз Аслъэн пщэрылъ хуищIащ и лэжьэгъухэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и
Iэтащхьэхэмрэ бюджет дисциплинэм ткIийуэ зэрыкIэлъыплъынум хуиунэтIынхэу. Апхуэдэщи, унафэ ищIащ
Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу еджакIуэ, студент нэхъыфIхэм ират стипендиер
кърагъэжьэжыну.

ЕЗАУЭ Маринэ

 №2 13.01.2018

Дывохъуэхъу къихьэну 2018 ИлъэсыщIэмкIэ!

ЩIыхь зыхуэтщI ди хэкуэгъухэ!

Къэрэшей – Черкесым щыпсэухэ!

ИлъэсыщIэр — нэхугъэкIэ, гуапагъэкIэ гъэнщIа унагъуэ махуэщIщ. Ар къыдогъыхьэ гукъыдэж диIэу ди унагъуэхэм дахэсу, фIым дыщыгугъыу.

ДгъэкIуатэ илъэсыжьым къытхуихьа къэхъугъэ куэд республикэм и тхыдэм игъащIэкIи ихуэнущ. Япэрауэ, Урысейм къыгуэпх мыхъуну епха ди республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъуар махуэщI инкIэ дгъэлъэпIащ. Ди гуфIэгъуэр щаIэтащ къэралым и къалащхьэм, ди хэгъуэгум щекIуэкIа махуэщIым къытхуеблэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр.

Республикэм щыпсэу дэтхэнэми фIыщIэ ин худощI и гуащIэм, и хэку цIыкIум зэрыхуэщыпкъэм, хэгъуэгум зиужьыным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ. Мы илъэсым куэд тхузэфIэкIащ ди хэгъуэгум и социально-экономикэ зэпIэзэрытыныгъэр зэтеIыгъэнымкIэ. Къару ин хэтлъхьащ УФ-м и Президентым и «накъыгъэ» Унафэхэр, фIагъ лъагэ къызыпыкI проектхэр ди хэгъуэгум щыгъэзэщIэным. Инвестицэ, туризм я лъэныкъуэкIэ республикэм бгъэдэлъ лъэкIыныгъэфIхэр сэтей тщIащ, ехъулIэныгъэфIхэр диIэщ мэкъумэш хъызмэтымкIи, промышленнэ производствэхэм зэрызаужьымкIи. Хэгъуэгум гъунэжу къыщызэIутхащ еджапIэщIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ Унэхэр. ЕдгъэфIэкIуащ гъуэгу отраслыр, паркхэр, пщIантIэхэр. Ди фIэщ мэхъу къихьэну илъэсыщIэм ди къарухэр зы тщIыуэ нэхъри дефIэкIуэным дызэрыхуэлIэжьэнур, иджыри текIуэныгъэ куэдым, бжьыпэр убыдыным дызэригъэгуфIэнур. Илъэс къихьэнум мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэр — УФ-м и Президентыр хэхыныр, къэралым щыпсэухэм къытпэщытщ. Дыхуейщ а Iуэхум жэуаплыгъэ фхьыуэ ди хэгъуэгум щыпсэухэр фыбгъэдыхьэну, ди къэралым, республикэм ифI къызыхэкIыным фыхущIэкъуну. ИлъэсыщIэ къихьэнур дэтхэнэми насыпкIэ гъэн- щIауэ къыфхущIигъэкI! ЕхъулIэныгъэ, унагъуэ зэIузэпэщыныгъэ фыщимыгъащIэкIэ! Къэрэшей-Черкесым бгъэдэлъ фIыгъуэу хъуар евгъэфIакIуэу, узыншагъэ быдэ фиIэу, мамырыгъэр, гуапагъэр, зэгурыIуэныгъэр къывдекIуэкIыу фигъэпсэу!

ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ

ИВАНОВ Александр, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ

УЭЗ Аслъэн, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ

№106 30,12,2017