Адыгэ хэгъуэгу джэгушхуэ

2005 гъэм щыщIэдзауэ Налшык къалэ Абхъазым и утыкум бэрэжьей къэс щекIуэкI адыгэ джэгум кIуэ пэтми зэрызиубгъур, зэрызиужьыр гуапэщ. Хабзэ дахэ хъуауэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри пшыхьым кърагъэблагъэурэ ягъэдахэ, ягъэбжьыфIэ.

Бадзэуэгъуэм (июлым) и 26-м Абхъазым и утыкум щрагъэкIуэкIа хэгъуэгу джэгушхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм, къуажэхэм, къалэхэм къикIахэр, Адыгэ, Къэрэшей-Черкес, Ищхъэрэ Осетие – Алание республикэхэм, Ставрополь крайм, Псыхуабэ, Дон Iут Ростов, Ермэлыхьэблэ (Армавир), Санкт-Петербург, Москва къалэхэм, Америкэм, Иорданием, Тыркум, Германием къикIа хьэщIэхэр, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщу ди щIыналъэм зыщызыгъэпсэху ди лъэпкъэгъухэр.

Хэгъуэгу джэгушхуэр къызэригъэпэщащ «Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм. Пшынауэ джэгур адыгэ хабзэм тету ирагъэкIуэкIащ хьэтиякIуэ Нэхущ Тимуррэ абы и дэIэпыкъуэгъущауэдэшхэу Жылау Мурат, Бещто Албэч, пщащэдэшхэу ХъуэкIуэн Аринэ, Батыр Раситэ, Къарэмыщ Мадинэ сымэ.

«Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм хэгъуэгу джэгушхуэр зэхашэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, балетмейстр Думэныщ Iэулэдин, «Лотуссити» ухуэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщI КIэрашэ Сами, «Адыгэунэ» сатущIапIэр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид, УФ-м и сурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэм хэт Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, «Тамерис» шхапIэр зыгъэлажьэ Едыдж Нихьэи сымэ, нэгъуэщIхэри.

ЩIалэгъуалэ хасэм хэтхэр зыпэплъа хьэщIэхэм гуапэу яIущIащ, пщIэшхуэрэ гулъытэрэ хуащIу ирагъэблэгъащ. КъызытекIухьа джэгум щIидзэным и пэ къихуэу, загуэшри, Налшык къалэм и щIыпIэ дахэхэм, ХьэтIохъущыкъуей хадэм, Къэбэрдей уэрамым зыщрагъэплъыхьащ.  Едыдж Нихьэи и «Тамерис» шхапIэм ахэр щагъэхьэщIа нэужь, джэгум зыкърагъэхьэлIащ.

— Джэгужь апщий! Пшыхьыр къыхэзылъхьахэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ Тхьэр арэзы къыфхухъу! Дэнэ щIыпIи щыпсэу, джэгум гукъыдэж хузиIэу зэлъэпкъэгъухэр дызэзышэлIа Iуэху дахэм къегъэлъагъуэ апхуэдэу дызэхуэсмэ, дызэкъуэтмэ, ди къарури зэфIэкIри нэхъ ин зэрыхъунум шэч зэрыхэмылъыр. Адыгэр дызэкъуэтмэ, дылъэщщ! ЩIалэгъуалэр фыкъызэдэфэ, фыкъызэдэудж, фи нэгу зевгъэужь! – жиIащ нэхъыжьыфI IутIыж Мэжид джэгум кърихьэлIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ защыхуигъазэм.

Лъэпкъ пшыналъэм, пшынэбзэм, пшынэпсэм хуезэша щIалэгъуалэр ягъэджэгуащ «Бзабзэ» (унафэщIыр Еуаз Зуберщ), «Уэредадэ» (Битокъу Науркъан) гупхэм, пшынауэхэу Иуан БетIалрэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэрэ. Хабзэм тету, щIалэхэр зы лъэныкъуэкIэ, пщащэхэр абы яхуэзанщIэу щыту къызэрагъэпэща пшыхьыр ирагъэжьащ джэгу зэхэшэ уджкIэ. Абы къигъэлъэгъуащ джэгуну гукъыдэж зиIэу къекIуэлIа щIалэгъуалэр зэрымымащIэмрэ апхуэдэхэм я бжыгъэм адэкIи къызэрыхэхъуэнумрэ. АдэкIэ къыкIэлъыкIуащ къэбэрдей къафэр, къафэ къуаншэр, джэгукъафэр, лъапэрыфэ, зэхуэкIуэ, хьэкIулаш, убых, абазэ, нэгъуэщI къафэ лIэужьыгъуэхэр. Псом хуэмыдэу джэгур ягъэбжьыфIащ кърихьэлIахэм зи къэфэкIэр щIэщыгъуэ ящыхъуа хьэщIэхэм.

Пшыхьыр хэкIуэтэху пшыналъэр нэхъри зэрылъэлът, къэфэну, джэгуну гукъыдэж зиIэ щIалэгъуалэри кIуэ пэтми нэхъ къызэщIэплъэт. Зыр адрейм ефIэкIыу къафэхэм уащыкIэлъыплъкIэ къыпщыхъут зэпеуэу зэрытемыгъакIуэу. Пэж дыдэу къафэм щаIэ зэфIэкIыр ягъэлъагъуэ къудей мыхъуу, щIалэгъуалэр икIи зэхьэзэхуащ. Къафэм и хабзэм тету, пшыхьым къыхэжаныкIа, къафэм зэфIэкI щызиIэ, щэныфIэу, Iэдэбу утыку итауэ къалъытащ кIахэ гупым къикIа хьэщIэхэр. Лъэпкъ фащэр екIуу зыщыгъ, къафэм зи псэр хэлъ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ дэ башыр (ныпыр) хуагъэфэщащ. Джэгур зыгъэбжьыфIа, ирагъэблэгъа хьэщIэхэми саугъэт щхьэхуэхэр иратащ. «Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ» лъэпкъ Iущыгъэм тету, щIалэгъуалэм я фэилъхьэгъуэкIи, зыIыгъыкIэкIи, хьэл-щэнкIи зэкIужу, Iэдэ бу зыкъагъэлъэгъуащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, пшыхьыр уджкIэ зэхуащIыжащ.

Лъэпкъ щэнхабзэм и зы Iыхьэу щыт къафэм щIэблэр зэрыхуэмыхейр узэрыгушхуэ хъун Iуэхущ, гур хэзыгъахъуэщ. Джэгур щIэщыгъуэ, гукъинэж хъуащ. Адыгэ хэгъуэгу джэгушхуэм и хабзэхэм кIэлъыплъахэм ар хуабжьу ягу ирихьащ Къыхэгъэщыпхъэщ, щIыналъэхэм щекIуэкI мыпхуэдэ джэгухэм дуней псом щыщ щIалэгъуалэр щыкIэлъыплъкIэ, ахэр зэрызэрагъапщэр, фIыуэ халъагъуэмрэ хабзэм зэрытетымрэ къыщалъытэу абыхэмкIэ зэрызэхъуажэр, куэдкIэ щапхъэ зэрахуэхъур.

Пасэрей пшыналъэхэр зи лъабжьэ джэгум зи нэгу зыщезыгъэужьа хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ джэгу нэужьым зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ. Ныбжьэгъу зэрыгъэхъуа щIалэгъуалэр зэгурыIуащ дяпэкIэ Интернет Iэмалыр, жып телефоныр къагъэсэбэпу зэрыщIэну, зэIущIэну. Джэгу дахэм нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщу ирагъэблэгъа ди лъэпкъэгъухэм ар гуапэ зэращыхъуар къыхагъэщу, бысымхэм фIыщIэ хуащIащ гуапэу къазэрыIущIам, гулъытэ къызэрыхуащIам папщIэ. «Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм хэтхэм хьэщIэхэр ирагъэжьэжащ. Дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэр зэзышэлIа хэгъуэгу джэгушхуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ зэлъэпкъэгъухэм ди зэпыщIэныгъэр нэхъри быдэ хъунымкIэ, дызэкъуэувэнымкIэ. Мис апхуэдэ джэгу дахэхэм, щхьэпэхэм дяпэкIи пащэу ди зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зрагъэубгъуну я мурадщ.

Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ

еджэн

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.