Абхъаз зауэм хэта доброволецхэм я Махуэм

ЩIыхь нагъыщэ

1991 гъэм, шыщхьэIум (августым) и 14-м Куржым (Грузием) и Къэрал Советым и дзэхэр Абхъазым зауэкIэ ибэнауэ щытащ. Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр Абхъазым, дэIэпыкъуэгъу хуэхъуауэ щытащ апщыгъуэм. Езыхэм я зэхэщIыкIыныгъэрэ гудзакъэрэкIэ къуэш республикэм дэIэпыкъуну Iэпэр хуэзишияхэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэри. Ди республикэм щыщу нэрыбги 121-рэ АбхъазыщIым къыщыхъуа зауэм хэтащ.

Абы щыщу 13-р хэкIуэдащ, 34-р уIэгъэ хъуащ, фэбжь хахащ. 1991 гъэм шыщхьэIум и 15-м Гудаутэ къалэм япэ доброволец гупхэр дыхьауэ щытащ. Дэтхэнэри хьэзырт мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ Абхъаз щIыналъэм тепщэ щыхъу жыным и гуащIэ хилъхьэну, уеблэмэ щхьэузыхь зыхуищIыну. Мис апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ Абхъаз Республикэм зыщигъуэта, «доброволец» щIыхьыцIэр зыхуэфащэхэм я Махуэ ягъэнэIуауэ, илъэс къэси шыщхьэIум и 15-м ягъэлъапIэ.

И д ж ы б л а г ъ э Черкесск къалэм дэт къэрал филармонием фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ «Бое вое братство» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэрэшей-Черкес къудамэм. Къызэхуэсахэм япэ псалъэкIэ захуигъэзащ республикэм щызэхэт «Боевое братство»-м и пашэ АфIэунэ Исхьэкъ. — Нобэрей пшыхьыр икIи гуфIэгъуэщ, икIи нэщхъеягъуэщ. ГуфIэгъуэщ, сыту жыпIэмэ, иджыри зэ дызэришэлIащ, иджыри зэ дызэригъэлъэгъуащ.

Нэщхъеягъуэщ, сыту жыпIэмэ, къытхэмытыж, зи щхьэр Абхъазым и хуитыныгъэм хуэзыгъэтIылъахэр дигу къыдогъэкIыж. Ахэр я лъэпкъым, къэзылъхуам, жылагъуэм я къуэ щыпкъэщ, лIыхъужьщ. Аращ сыт щыгъуи ди гум зэрилъынур. Зэгуэрми тщыгъупщэнукъым мамырыгъэм папщIэ зи щхьэр хэзылъхьахэр. ЛIыхъужьхэм—ену щIыхь! — жиIащ АфIэунэ Исхьэкъ икIи Абхъаз зауэм зи щхьэ хэзылъхьа дэтхэнэми и цIэр къриIуащ. Иужьым пшыхьым хэтахэр зауэм хэкIуэдахэм щыту зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Афганистаным щы- зэуахэм, ныкъуэдыкъуагъ зытелъхэм я Урысейпсо советым и жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэ Жданов Геннадий.

— Илъэс 25-рэ текIыжами, Абхъазым къыщыхъуа гуауэр тщыгъупщакъым. Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэтахэм нэхъри зыхэтщIауэ щытащ апщыгъуэм Куржым Абхъаз Республикэм ириха леягъэр. Мы пшыхьым къекIуэлIахэми, псэзэпылъхьэпIэ ихуахэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуа дэтхэнэми фIыщIэ худощI. Апхуэдэр зэи къытримыгъэзэжкIэ! Ма- мырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щIылъэм щытепщэну! — жиIащ Жданов Геннадий.

Абхъаз Республикэм доброволецу кIуауэ щытахэм, абдеж мамырыгъэр щызэфIэгъэувэжыным зи къа рурэ зи гъащIэрэ хэзылъхьахэм я щIыхьым и нагъыщэу, пшыхьым деж зауэлI куэдым я цIэ щраIуащ, яхуэфащэ зауэлI нагъыщэхэри хуагъэфэщащ. Апхуэдэу, «За ратную доблесть» медалымкIэ къыхагъэщащ Балэ Сергей, Шыбзыхъуэ ЗэIудин, Жьыкъуэ Альберт сымэ. «Ветеран локальных войн СССР и России» медалымкIэ къыхагъэщащ Къундет Аслъэн, Байрамкулов Расул, АфIэунэ МуIэед, Банэ Абу-Исуф, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ сымэ. «15 лет Всероссийской общественной организации ветеранов «Боевое братство» медалыр Хужь Арсен, Бэрокъуэ Рэмэзан, Джамбидаев Щамил сымэ хуагъэфэщащ. — Си щхьэкIи, пшыхьым къекIуэлIа псоми къабгъэдэкIыу тхьэгъэпсэу псалъэ жесIэну сыхуейщ мыпхуэдэ Iуэху угъурлыр, мы пшыхьыр зи жэрдэм АфIэунэ Исхьэкъ. Тхьэгъэпсэу вжызоIэ абхъаз зауэм хэта дэтхэнэми, пшыхьым къекIуэлIами, къемыкIуэлIэфами. Къытхэмытыжхэми я фэеплъыр ену ди гум илъынущ.

Зауэр сыт щыгъуи гуауэщ, хэщIыныгъэщ. Абхъазым и къуэ 4800-рэ хэкIуэдащ а зауэм. ФIы хихакъым хьэлэбэлыкъыр къезыхьэжьа Куржыми. Абы и цIыху мин 27-м я щхьэ халъхьащ. Срогушхуэ ди зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыгъэ зэпыщIэныгъэм. Абхъаз Республикэр зэрыщыIэр, мамырыгъэр я щIым зэрыщытепщэр фи лIыгъэм, фи псэемыблэжыныгъэм и фIыщIэщ. Тхьэгъэпсэу жыдоIэ мыпхуэдэ махуэ хэха, доброволецым и Махуэ Абхъаз Республикэм игъэувауэ, илъэс къэси зэригъэлъапIэм папщIэ, — жиIащ республикэм щыпсэу адыгэхэм я нэхъыжьхэм я Хасэм и тхьэмадэ Банэ Абу-Исуф. Пшыхьым хэтахэм удз гъэгъа блэрхэр ЩIыхьым и Алеем щагъэтIылъащ. Филармонием и артистхэм пшыхьыр уэрэдхэмрэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэмрэкIэ ягъэбжьыфIащ.

ТУАРШЫ Ирэ

еджэн

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.