Хэхыныгъэм хуэкIуэу

Урысейм и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федеральнэ хэгъуэгум щыIэ Белавенцев Олегрэ УФ-м и Купсэ ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Памфиловэ Эллэрэ Псыхуабэ (Пятигорск) къалэм щызэхаша зэIущIэр теухуауэ щытащ мы гъэм фокIадэм (сентябрым) и 10-м екIуэкIыну, зыуэ щыт хэхыныгъэхэм.

Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесымрэ Ищхъэрэ Осетие-Аланиемрэ я Iэтащхьэхэу Темрезов Рэшидрэ Битаров Вячеславрэ, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир, хэгъуэгухэм я хэхакIуэ комиссэхэм я унафэщIхэр, Урысейм и Генеральнэ прокуратурэмрэ МВД-мрэ я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

— ХэхакIуэ комиссэхэмрэ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я органхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, хэхыныгъэхэр лъэпощхьэпоуншэу, тэрэзу, зэIухауэ егъэкIуэкIыныр — ар власть унафэщIхэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэщ, — жиIащ Белавенцев Олег.

Хэхыныгъэхэм хуэунэтIауэ нобэкIэ ялэжьахэмрэ къалэн къапэщылъхэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ УФ-м и Генеральнэ прокурор Сыдорук Иванрэ Урысейм и МВД-м и Управленэ Нэхъыщхьэу СКФО-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Горенцев Андрейрэ. Ахэр къытеувыIащ хэхыныгъэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ прокуратурэм, МВД-м я лэжьакIуэхэмрэ властым и зыгъэзащIэ органхэмрэ зэдалэжьыну Iуэхугъуэхэм.

АдэкIэ къэпсэлъащ Дагъыстаным и хэхакIуэ комиссэм и тхьэмадэ Дибиров Мыхьэмэт. Ар къытепсэлъыхьащ республикэм нэгъабэ хэхыныгъэхэр зэрыщекIуэкIам, апщыгъуэм къэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжам.

КъинэмыщIауэ, зэIущIэм къыщыпсэлъащ мы гъэм фокIадэм хэхыныгъэхэр здекIуэкIыну Къэрэшей-Черкесымрэ Ищхъэрэ Осетие-Аланиемрэ я властхэм я органхэм я лIыкIуэхэр.

— Псом нэхърэ нэхъыщхьэщ цIыхухэм хэхыныгъэхэр къазэрыщыхъунур, абыхэм я дзыхь кандидатурэхэм зэрырагъэзыр. Мы гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм технологиещIэхэр къыщыдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэхэр мащIэкъым, — жиIащ Памфиловэ Эллэ.

Абы къыхигъэща 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м Центризбиркомым  хъыбарегъащIэ-справочнэ Купсэ къызэрызэIуихар, а махуэм къыщыщIэдзауэ хэхакIуэхэр хэхыныгъэхэм зэрыхэтынумкIэ я лъэIу тхылъхэр зэращтэр.

Зыгъэхьэзырар

 ДЗЭМЫХЬ Маринэщ

еджэн

 

Потсдам конференцым и хъумакIуэу

«Участники Парада Победы 1945 года» тхылъыр щызгъэхьэзырым, Псыжь къуажэм дэт, зи №1 курыт еджапIэм и музейм и унафэщI Чыкъуэ Фаризэт мы IуэхугъуэмкIэ къызэрыздэIэпыкъуфынур къызжаIащ. Апхуэдэу, Фаризэт нэIуасэ зыхуэсщIри, абы и деж сыщIэкIуар къыщищIэм, гуфIащ икIи Псыжь къуажэм щыщу Парадышхуэм хэта нэрыбгитIым я гугъу къысхуищIащ.

Сэри музейм щIэлъ экспонат хьэлэмэтхэр сфIэгъэщIэгъуэну щIэсплъыкIыу щIэздзащ. Абдеж дэфтэр гъэщIэгъуэн гуэрэм си нэр техуащ. Ар ди хэкуэгъу Хъарс Михаил Муссэ и къуэм 1945 гъэм Берлин конференцыр хъумэнымкIэ пщIэ иIэу и къулыкъур зэрырихьэкIам папщIэ къыхуагъэфэща фIыщIэ тхыгъэт.

— «Книга Памяти» тхылъым Хъарсым теухуауэ тхыгъэ изгъэхьащ. Абы и сурэтым мы дэфтэрыр къыбгъурыту сщIащ. МащIэщ иIэжар абы сытекIуэдэным. АтIэ, фIыщIэ тхыгъэр Михаил къызэрыратар Совет Союзым и Маршал, СССР-м и къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссар Берие и унафэкIэщ. Ар тхыдэ Iуэхугъуэ пэжт (факт). Апщыгъуэм ди къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщекIуэкIти, си насып къихьри, псори хьэлэмэту зэфIэкIащ…

Уэ, Жэхьфэр, ужурналистщ, утхакIуэщи, Iэмал имыIэу Хъарсым теухуауэ тхыгъэфI бгъэхьэзырын хуейщ, — жиIащ Фаризэт.

Абы Хъарсым и сурэтрэ зи гугъу тщIа дэфтэрымрэ папкэм къыдихри къызитащ…

Абы лъандэрэ илъэс бжыгъэ текIыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Фаризэт нобэ къытхэтыжкъым. Сэри Михаил теухуауэ тхыгъэ згъэхьэзырыну зэман къысхудэмыгъахуэурэ илъэсхэр кIуащ…

ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэм щытекIуа къэралыгъуэшхуэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта Потсдам (Берлин) конференцыр 1945 гъэм июлым и 17-м къыщыщIэдзауэ августым и 2-м нэс екIуэкIащ. Мы конференцым фашист Германием пэщIэт къэралхэм я текIуэныгъэр нэхъри игъэбыдащ икIи абы хэтахэр зауэ нэужьым Европэр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм тепсэлъыхьащ.

Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий и гукъэкIыжхэм деж зэрыщитхамкIэ, мы конференцым хуабжьу зыхуагъэхьэзыращ. Берлин зэрызэхакъутам къыхэкIыу, ар Берлин и гъунэгъу Потсдам къалэм деж щрагъэкIуэкIащ. Сталин Потсдам конференцыр ихъумэну НКВД-м и дзэ пакIэхэм я командующэ, генерал-полковник Круглов Сергей и пщэ ирилъхьащ. Апхуэдэу, конференцыр ирагъэкIуэкIыну хьэзыр щыхъум, июлым и 16-м Сталинрэ Молотоврэ абы кIуащ. А махуэ дыдэм, Потсдам къэкIуащ Великобританием и премьер-министр Черчиль Уинстон, США-м и Президент Трумэн Гарри сымэ зи пашэ правительственнэ лIыкIуэ гупхэр.

Апщыгъуэм конференцым мыхьэнэуэ иIар къэIуэтэгъуейщ. Ауэ, жыIэпхъэщ, абы къыщахьа унафэр зауэ нэужь лъэхъэнэр демократическэ зэпIэзэрыт щIыжыным хуэунэтIауэ икIи Европэм и щIыналъэполитикэр зэфIэгъэувэжыным и лъабжьэу илъэс 40-м щIигъукIэ зэрыщытар.

Конференцым хэтхэм дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIахыху, абы и хъумакIуэхэм я пщэрылъхэр нэсу ягъэзэщIащ. А правительствэ къалэнхэр фIыуэ зэрагъэзэщIам къыхэкIыу, генерал-полковник Круглов Сергей Кутузов орденым и езанэ нагъыщэр къратауэ щытащ. КъинэмыщIауэ, офицер, сэлэт зэхуэмыдэхэми нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. Мис а хъумакIуэхэм яхэтащ ди хэкуэгъу Хъарс Мухьэмэд (Михаил).

Ар 1916 гъэм Инжыджышхуэ къуажэм къыщыхъуащ. Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, фронтым Iухьащ. Зауэм ипэм ди сэлэтхэр бийм къызэрырагъэкIуэтар и нэгу щIэкIащ, Кавказыр ихъумащ, автоматыр IэщIэлъу Кавказым къыщыщIидзэри Берлин нэс кIуащ ди къэралым и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ, къинэмыщIауэ, нэгъуэщI щIыналъэхэри хуит къищIыжурэ.

Хъарсым и унагъуэ архивым, псалъэм папщIэ, дэфтэр гъэщIэгъуэн къыщызгъуэтащ. Ар зи №11300 частым и генерал-майор Фадеев Сергей красноармеец Хъарсым къыхуитхащ. Абы мыпхуэдэу итщ: «Приказом Верховного Главнокомандующего Маршал Советского Союза товарища Сталина за № 260 от 27 января 1945 года, за №355 от 30 апреля 1945 года, за № 365 от 8 мая 1945 год, за овладение городами Вадовице, Спишска, Моравская Острава и Оломоуц на территории Польши и Чехословацкой Республики всему личному составу и лично Вам, принявшему участие в освобождении поименных городов, объявлена благодарность».

Хъарсым зэрихьа гуеигъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Хэку зауэшхуэм и  ор ден етIуанэ нагъыщэ зиIэр, «За отвагу» медалыр, нэгъуэщIхэри къыхуагъэфэщащ.

Маршал Жуков къалэн нэхъыщхьэхэр зыгъэзащIэ е 5-нэ дзэм и командующэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Берзарин Николай Берлин совет щIыпIэу щиIэм и коменданту щигъэувым, зауэлI Хъарс Мухьэмэд зауэ нэужьым гъунапкъэхъумэхэм яхэту и къулыкъур адэкIэ Берлин деж щрихьэкIащ.

Зыщалъхуа Хэкум къигъэзэжа нэужь, Мухьэмэд Псыжь къуажэр псэупIэ хуэхъуащ. Хьэбэз районым, иужькIэ Прикубаным веттехникыу щылэжьащ. Пенсэм тIысыжыху фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм пэрытащ, Къэрэшей-Черкесым и Iэщхъуныгъэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIкIэрэ.

Чыкъуэ Фаризэт зэрыжиIэжамкIэ, зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеран Хъарс Мухьэмэд щIэблэр хэкупсэу гъэсэным ехьэлIауэ куэд илэжьащ. Ар Псыжь курыт еджапIэм щеджэ цIыкIухэм я пащхьэ къыщыпсалъэ зэпытт, Хэку зауэшхуэм ди сэлэтхэм лIыхъужьыгъэу щызэрахьам, Берлин къызэращтам, Потсдам конференцыр зэрахъумам къахутепсэлъыхьащ…

Ди хэкуэгъу Хъарс Мухьэмэд нобэ къытхэтыжкъым, ауэ и фэеплъыр псэущ…

ДАУР Жэхьфэр,

 КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист

еджэн

 

Стадион нэхъыщхьэр

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид республикэм и стадион нэхъыщхьэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ «Нарт» стадионым щекIуэкI зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэр здынэсар. Спорт IуэхущIапIэр зэраухуэрэ илъэс 40 мэхъури, абы лъандэрэ ремонт лэжьыгъэ мыбдеж щрагъэкIуэкIакъым.

Темрезов Рэшид и унафэкIэ, республикэм и Правительствэм мы спорт IуэхущIапIэр «Развитие физкультуры и спорта РФ» федеральнэ программэм хигъыхьэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. Программэм ипкъ иту «Нарт» стадионыр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ республикэм мылъку къыхуаутIыпщынущ.

Республикэм и стадион нэхъыщхьэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ. Апхуэдэу, цIыху мини 10-м нэс зытехуэну тIысыпIэхэм (трибуны) къыщыщIэдзауэ спортсменхэм зыздагъэсэну спортзалым щыщIэкIыжу зэрагъэзэхуэнущ. Футбол джэгупIэр мы зэманым тегъэпсыхьауэ ящIынущ. Абы и хъуреягъыр спортсменхэр здызэдэжэну гъуэгуу ягъэпсынущ. КъинэмыщIауэ, стадион кIуэцIым баскетбол, волейбол утыкухэр къыщызэрагъэпэщынущ.

«Нарт» стадионыр къиплъыхьа нэужь, Темрезов Рэшид мыбдеж щекIуэкI IуэхугъуэхэмкIэ жэуаплыгъэ зыхь, Правительствэм хэтхэм пщэрылъ зэхуэмыдэхэр яхуищIащ.

 

КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу

еджэн

Макъамэ толъкъунхэм я кхъухь уардэ

ДАУР АСЛЪЭН 1940 гъэм июлым (бадзэуэгъуэм) и 24-м Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Хьэбэз къуажэм къыщыхъуащ. Аслъэн зэрыцIыкIу лъандэрэ къызыхэкIа лъэпкъым нэм къимыщтэ IуданэкIэ пыщIауэ щытащ. Апхуэдэу, ар къыщIэтэджащ адыгэ IуэрыIуатэм, нартхэм ятеухуа лIыхъужь хъыбарыжьхэм я дуней гъэщIэгъуэным. Аслъэн я псалъэ зэпытт джэгуакIуэхэм, макъамэм хуэIэрыхуэхэм, уэрэджыIэхэм. ГъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуи къызэщIэзыубыдэ адыгэ хабзэр зэригъащIэт.

Даурхэ я къуэр творческэ лъагъуэм зэрытехьэнур нэхъри наIуэ хъуащ 1957 гъэм.  Апщыгъуэм курыт еджапIэм щеджэ Даур Аслъэн ди хэгъуэгум къыбгъэдэкIыу, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ лIыкIуэхэм яхэту, япэу Мэзкуу (Москва) къалэм щыхьэщIауэ щытащ. Къалащхьэм япэу щилъэгъуа, щызэхиха гъэщIэгъуэнхэм Аслъэн гухэлъ дахэ къыхуагъэушащ. Ар щIэхъуэпс хъуащ музыкант IэщIагъэм. Композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано IущIэу епсэлъа нэужь, Даур Аслъэн композиторым и гъуэгур нэхъ зэрыпэгъунэгъур къыгурыIуащ.

Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Даурыр щIэтIысхьащ Ставрополь къалэм дэт музыкальнэ училищэм. Абдеж Аслъэн къыхех «хоровое дирижирование» IэщIагъэр. Абы къыдэкIуэу щIалэр пылъщ езым и макъамэ тхыгъэхэр зэхилъхьэжыным.

Макъамэр, уэрэдыр зэхэлъхьэныр Даур Аслъэн къехъулIэ Iуэхугъуэу къыщIэкIащ. ИкIи и япэ IэдакъэщIэкIхэр радиом къыщрагъауэ, цIыхухэми я гум нос.

Уэрэдусыныр къызэхъулIэ хъуа Аслъэн, дамэ къытекIауэ, а Iуэхугъуэм пэрыт зэпытт. Училищэм щиIэ студент ансамблым уэрэдхэр яхуитх хъуащ. ЦIыхубэ ансамблым ядэлажьэурэ, Даурыр щыгъуазэ хъуащ Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я макъамэ IуэрыIуатэми. А щIэныгъэр Аслъэн Iэзагъ хэлъу и творческэ Iэда-къэщIэкIхэм къыщегъэсэбэп. Макъамэ итххэм Кавказым и бынхэм я теплъэ зэхуэмыдэр, я бзэр хэплъагъуэ хуэдэт.

Макъамэ училищэр 1963 гъэм къиуха нэужь, Даур Аслъэн Мэзкуу къалэм дэт, Чайковский Пётр и цIэр зезыхьэ къэрал консерваторием щIотIысхьэж, абдеж абы и зэчийр хуеунэтI композитор, дирижёр IэщIагъэхэм. Аслъэн гъэсакIуэ хуохъу Фере В., Нейгауза Г., Растропович М., Раков Н., Агафонников В., Холопов Ю. сымэ, нэгъуэщIхэри.

Мэзкуу деж консерваторием щеджэхункIэ, Даур Аслъэн и композитор  зэчийм зригъэужьурэ къекIуэкIащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ вокальнэ, инструментальнэ тхыгъэ зэхуэмыдэхэр. Лъэпкъым къигъэщIа уэрэд куэдми псэщIэ яхилъхьэжащ.

Даур Аслъэн и зэчийм и куууагъыр нэхъ IупщIу цIыхухэм зыхащIауэ щытащ «Пять горских песен» циклыр дунейм къытехьа нэужь. Абы хыхьауэ щытащ адыгэ, осетин, куржы, нэгъуэщI лъэпкъхэми я уэрэдхэр. Даурым и циклыр хагъыхьауэ щытащ Мэзкуу Къэрал хорым и репертуарым. ИкIи зэры-Союзу къызэщIэзыубыдэ, композитор ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза зэхьэзэхуэм деж Аслъэн ещанэ увыпIэр къыхуагъэфащэ.

А зэхьэзэхуэм зыкъыщигъэлъэгъуа нэужь, иджыри студенту, Даур Аслъэн хагъыхьауэ щытащ СССР-м и композиторхэм я Союзым.

Мэзкуу консерваториер къиуха нэужь, Аслъэн и щIыналъэм къигъэзэжащ. ИкIи 1970 гъэм ар Черкесск къалэм дэт музыкальнэ училищэм и унафэщI ящI. А гъэ дыдэм Аслъэн зэрегъэпэщ лъэпкъхэм я симфоническэ оркестрыр.

Даур Аслъэн и цIэр зыгъэIуа тхыгъэхэм ящыщщ «Карачаево-Черкесия моя» кантатэр, «Черкесские напевы», «Концертная лезгинка», «Пять горских песен для хора» IэдакъэщIэкIхэр.

1970 гъэхэр – Даур Аслъэн и творчествэм и фIыгъуэ пIалъэ дахэщ. А зэманым къриубыдэу абы етх симфоническэ, вокальнэ, инструментальнэ, нэгъуэщI тхыгъэхэр. Ахэр адыгэ лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэм «дыщэ пхъуантэу» къыхэнащ.

Псом хуэмыдэу, Аслъэн нэхъыбэ гулъытэ хуищIт къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэм. Апхуэдэу, Даурым къигъэщIахэм ящыщщ «Адыги» япэ симфониер, «Черкесская рапсодия», «Адыгейская праздничная увертюра», «Адыгские девичьи песни», «Аульные песни» кантатэр, нэгъуэщIхэри. Иужьрей кантатэм и зы Iыхьэхэм ящыщщ «Дорога на Истамбул» жыхуиIэр. Абы хуабжьу къаруушхуэ хэлъу гъэпсащ, цIыху едаIуэхэм я псэм дыхьэн хузэфIокI. А Iыхьэм къеIуатэ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щыщ гуауэр — залымыгъэкIэ Хэкум зэрырахуауэ щытар. Макъамэм къыхощ адыгэ цIыху мин бжыгъэм я нэпсхэр, я гуIэ  джэ макъыр… «Дорога на Истамбул» Iыхьэр илъэсищэ зауэм, хэкуикIыным хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъщ.

Даур Аслъэн лъэкIащ адыгэ лъэпкъым и композитор-уэрэдус нэхъ цIэрыIуэ, нэхъ вагъуэ лыдхэм ящыщ зы хъун. ПIалъэ текIами, Аслъэн и уэрэдхэр ноби цIыхухэм ягу ирохь,  яфIэгъэщIэгъуэнщ. Апхуэдэщ «Адыгэ нэмыс», «Са-ратинэ», «Увези ты меня при луне», «Когда узнаешь ты» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри.

Даур Аслъэн и зэчийм къыдэкIуащ фIыщIэ зэхуэ-мыдэхэри. Апхуэдэу, Даур Аслъэн  РСФСР-м гъуазджэ-хэмкIэ ЩIыхь зиIэ и IуэхущIакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым я цIыхубэ артистщ, Абхъаз АССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и IуэхущIакIуэщ. 1990 гъэм Даурым къыхуагъэфэщауэ щытащ Къэрал саугъэтым и лауреат фIэщыгъэцIэри.

Аслъэн Iуэхугъуэшхуэу илэжьат УФ-м и композиторхэм я Союзым и къудамэ КъЧР-м деж къызэригъэпэщауэ, симфоническэ оркестр ди хэгъуэгум щызэхишауэ зэрыщытар. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, гур къэувыIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрызэфIэлIэм хуэдэу, Союзри, оркестрри зэбгырылъэлъыжащ.

Къыхэгъэщыпхъэщ ноби мызэ-мытIэу Даур Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэм дазэрыхуэзэр. Апхуэдэу, Аслъэн и тхыгъэщ Къэрэшей-Черкесым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я гимнхэм щIэт макъамэхэр.

Композиторым и иужьрей илъэсхэр Налшык къалэм щигъэкIуауэ щытащ. 1999 гъэм Аслъэн дунейм ехыжа нэужь, Черкесск къалэм дэт училищэм деж Даурым и фэеплъ сын ягъэуващ, еджапIэми композиторым и цIэр фIащащ.

Даур Аслъэн и макъамэхэм цIыхупсэм лъагъуэ пхырашыфу щIыщытам, ноби апхуэдэ къару щIаIэм и щхьэусыгъуэщ, абыхэм лъэпкъым и псэр IупщIу зэрахэтыр.

 

ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ

еджэн

 

 

МардэщIэм тету

Гъуэгу шынагъуэншагъэ

2017-2018 еджэгъуэ илъэсыр щыщIидзэжым ехъулIэу, Къэрэшей-Черкес Республикэм щылажьэ курыт еджапIэхэм я Iэхэлъахэхэм хиубыдэ лъэс зекIуапIэхэр щытыкIэ тэрэзым ирагъэувэнущ, мардэхэм екIу ящIынущ.

— Ар зи нэIэ щIэтыну къызэдгъэпэща комиссэм бадзэуэгъуэм и 30-м нэгъунэ курыт еджапIэхэм я гъунэгъу, республикэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгухэм хиубыдэ лъэс зекIуапIэхэр псори щIаплъыкIынущи, Iуэхум КъЧР-м промышленностымрэ сатумрэкIэ и Министерствэр щагъэгъуэзэнущ. ЩIэплъыкIыныгъэм къигъэлъэ-гъуахэр къапщытэжа нэужь, ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэза унафэхэр ящIынущ, — жиIащ КъЧР-м промышленностымрэ сатумрэкIэ и Министерствэм транспортымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Хубиев Норчук.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2015гъэм УФ-м и Президентым гъуэгу шынагъуэншагъэм теухуа унафэ щхьэхуэхэм Iэпэ щIидзащ. ЛъэсырызекIуэхэм яхуэгъэза зэхъуэкIыныгъэхэр, щIыгъужыныгъэхэр ягъуэтащ абыхэм. Апхуэдэу, республикэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ, курыт еджапIэхэм я гъунэгъуу блэкI гъуэгухэм хыхьэ лъэс  зэпырыкIыпIэхэм яIэн хуейщ: жэщым, кIыфI щыхъукIэ къэзыгъэнэху Iэмалхэр; гъуэгу дамыгъэхэр; «Пешеходный переход» псалъэхэр лъэныкъуитIымкIи зытетха гъуэгу дамыгъэ.

«Зебрэ»-кIэ зэджэ гъуэгу дамыгъэр хужьгъуэжьыфэу щытын хуейщ. КъинэмыIауэ, зэпырыкIыпIэм метрэ 50-кIэ пэIэщIэу, лъэсырызекIуэр къыщыувыIэн хуей щIыпIэ хэIэтыкIа иIэпхъэщ. ЗэпырыкIыпIэм  метри 10-15-кIэ пэIэщIэу, гъуэгум лъагапIэ-къыхэпIиикI иIэн хуейщ.

 

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ

еджэн

Форумым къикIыу

УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кав каз федеральнэ хэгъуэ гум щыIэмрэ кавказ политикэмкIэ Купсэмрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ Романтик жылагъуэм, мы гъэм еплIанэу, «Архыз ХХI» форум щекIуэкIащ. «Коммуникации в сфере НКО: разговор с властью» псалъэмакъращ форумыр зытеухуауэ щытар.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу СКФО-м щыIэм и къуэдзэ Галактионов Андрей, Ингуш Республикэм и Iэтащхьэ Евкуров Юнус-Бек, лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь, Къэрал Думэм и депутат Онищенко Геннадий, Шэшэн Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Эдельгериев Абубакар, Дагъыстан Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Карибов Анатолий, Ставрополь крайм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Прудниковэ Ольгэ, Ищхъэрэ Осетие-Алание Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Ортабаев Виктор, Ищхъэрэ Кавказым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэ 200-м щIигъу. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, либерально-консервативнэ политикэмкIэ Купсэм и унафэщI Казаков Александр къыхигъэщащ властымрэ жылагъуэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм жылагъуэм и зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэр, Iэмал имыIэу, щыIэн зэрыхуейр. Ищхъэрэ Кавказым щылажьэ федеральнэ лIыкIуэм, и щхьэкIэ къыбгъэдэкIыу форумым хэтхэм захуигъэзащ Галактионов Андрей.

—Дэри, властри дызыгъэпIейтей упщIэхэр къыщытIэт зэIущIэ хъуащ мыпхуэдэ форумхэр. ЖыIэпхъэщи, жылагъуэм и лIыкIуэхэращ щIыуэпсым ехьэлIа упщIэр къэзыIэтари, жылагъуэм хэзыхьари. Псоми зэрытщIэщи, 2017 гъэр Урысейм щIыуэпсым и Илъэсу щагъэуващ. Фигу къэзгъэкIыжынщи, «Урысейпсо цIыхубэ фронт»-м гъуэгухэм, щIыуэпсым теухуа проектхэр иIэщ, ахэр егъэлажьэ. АтIэ, апхуэдэщ властымрэ жылагъуэмрэ я гуащIэдэкI зэпыщIэныгъэр. Лъэпощхьэпохэр IугъэкIуэтыным, зэгурыIуэныгъэр щыIэным ехьэлIауэ жылагъуэм и лIыкIуэхэм куэдялъытащ. Ди къэралымкIэ зэкъуэтыныгъэм, зэрыубыдыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.

НКО-м хэтхэм социальнэ сетхэр, Интернетыр фIыуэ ягъэIэрыхуэ, жыджэрхэщ, гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыхалъхьэ, хьэрычэт зэрахьэ, щIалэгъуалэр къыдашэхыф. Апхуэдэу щыщыткIэ, щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыпсэу гъэсэнымкIэ, экстремизмэм, терроризмэм щыхъумэнымкIэ я лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ властым НКО-м и мыхьэнэр лъагэу къызэрилъытэр,— жиIащ Галактионов Андрей. Галактионов Андрей форумым хэтхэр щигъэгъуэзащ Ищхъэрэ Кавказым и Жылагъуэ СоветыщIэ зэрыхахам, властымрэ жылагъуэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри зэрырагъэфIэкIуар. ИужькIэ къэпсэлъащ Темрезов Рэшид. — Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къаIэт упщIэхэм, лъэпощхьэпохэм нэхъ гъунэгъуу зыщыдогъэгъуазэ икIи ахэр зэфIэхынымкIэ мыпхуэдэ утыкухэр сэбэп мэхъу. Абы и щапхъэщ «Решено. Онлайн» проектыр. Проектым и гупсысэ нэхъыщхьэр къыхэзылъхьар жылагъуэм и лIыкIуэхэращ. Проектым ипкъ иту цIыхухэм къаIэта упщIэхэм хоплъэри махуи 8 нэхъ темыкIыу жэуап ират, — жиIащ Темрезов Рэшид. — Форумым и пэ къихуэу хэгъуэгухэр дызэIуощIэ, дызочэнджэщ, утыкум къыщаIэтыну упщIэхэм щыщ куэдым жэуап идот. Абыхэм къадэкIуэу, нэгъуэщI упщIэхэри, дызэлэжьыпхъэ лъэныкъуэхэри къытхуоув. Мызыгъуэгурей форумым дыхэткIэрэ, цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, федеральнэ купсэм зызэрыхуэдгъэзапхъэ упщIэхэм, зи лэжьыгъэр нэхъ щIэгъэхуэбжьапхъэ къулыкъухэм, нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдми ехьэлIауэ лэжьыгъэр къэтпщытэжащ, — жиIащ Ингуш Республикэм и Iэтащхьэм. ХьэщIэхэм упщIэ куэд иратащ, я гупсысэхэмкIэ зэхъуэжащ. Форумым хэтахэм къыхагъэщащ жылагъуэмрэ властымрэ зэгурыIуэу зэдэлэжьэнымкIэ, зэпыщIэныгъэ яку дэлъынымкIэ НКО-м нобэ къалэнышхуэ зэригъэзащIэр.

КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу.

еджэн

 

ТхьэкIушынэ Аслъэн ягъэлъэпIащ

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуар игъэлъэпIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта, республикэм и къэрал чэнджэщэгъу, Мейкъуапэ къэрал технологическэ университетым и президент  ТхьэкIушынэ Аслъэн. МахуэщIым ехъулIэу Мейкъуапэ дэт къэрал филармонием гуфIэгъуэ пшыхь  къыщызэрагъэпэщащ. ТхьэкIушынэм ехъуэхъуну пшыхьым къекIуэлIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ къалэнхэр зыгъэзащIэ КумпIыл Мурат, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр, еджагъэшхуэхэр, творческэ интеллигенцэр. Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу ТхьэкIушынэ Аслъэн и щIыхькIэ къызэрагъэпэща махуэщIым хэтащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Уэз Аслъэнрэ абы и къуэдзэ Уэз Муратрэ, Парламентым и депутат Хъупсырокъуэ Алий, Черкесск къалэм и мэр Тамбиев Руслан сымэ. КумпIыл Мурат и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ республикэм и егъэджэныгъэм, хабзэкъэгъэщI органым и япэ зэхуэшэсыгъуэм и лэжьыгъэм, къи- нэмыщIауэ, хэгъуэгум и Iэтащхьэу теткIэрэ, абы и социально-экономикэм зегъэужьыным ТхьэкIушынэ Аслъэн хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIар. — Республикэм и Iэтащхьэу узэрытета илъэсхэм хэгъуэгум и социально-экономикэм егъэфIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэпхащ, лъэпкъ куэд зыщыпсэу ди щIыналъэм мамырыгъэр, политикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр щытепщэу бгъэпсащ. Адыгэ Республикэм къыхуэув къалэн нэхъыщхьэхэр фIагъ хэлъу зэфIэпхын папщIэ, цIыхубэр, хьэрычэтыщIэр, щIэныгъэр зэкъуэбгъэуващ, абыхэмрэ властым и органхэмрэ купщIафIэу зэдэлажьэу бгъэпсащ, — жиIащ КумпIыл Мурат икIи махуэщIыр зейм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэкIэ, сыт хуэдэ Iуэху пэрымыувами, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэну. ИужькIэ КумпIыл Мурат къеджащ УФ-м и Президент Путин Владимир ТхьэкIушынэ Аслъэн къыщалъхуа махуэм и щIыхькIэ ехъуэхъуу къыхуригъэхьа телеграммэм. «Жэуаплыгъэ зыпылъ лэжьыгъэм ущыпэрыта илъэсхэм Адыгейм и экономикэмрэ социальнэ Iуэхумрэ зегъэужьыным, республикэм щыпсэу цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэпщIащ. Лъэпкъ куэд зыщыпсэу республикэм щызекIуэ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хъумэным, нэхъри гъэбыдэным ехьэлIауэ куэд блэжьащ. Уи хэкуэгъухэмрэ уи лэжьэгъухэмрэ пщIэрэ щIыхьрэ къы- пхуащI уи хьэл-щэн дахэм, уи лэжьыгъэм гупсэхуу узэрыпэрытам, узыщалъхуа щIыналъэм фIылъагъуныгъэшхуэ зэрыхууиIэм папщIэ», — итщ Путин Владимир и хъуэхъу тхыгъэм. КъинэмыщIауэ, пшыхьым деж ТхьэкIушынэ Аслъэн псалъэ гуапэ куэд хужаIащ. Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм къабгъэдэкIыу абы ехъуэхъуащ Темрезов Рэшид. — СэркIэ щIыхьышхуэщ сыбдэлэжьэну си насып къызэрихьар. Уэ уи зэфIэкIхэмкIэ, опыт уиIэхэмкIэ, щIэныгъэ ббгъэдэлъымкIэ хэти удэгуэшэну сыт щыгъуи ухьэзырщ. Уи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, узыщалъхуа республикэм хууиIэ щытыкIэмкIэ уи лэжьэгъухэм, уи хэкуэгъухэм я пщIэр къэплъэщащ. Гуапэу си гум къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъу уи махуэщIымкIэ узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ уиIэну, мамы- рыгъэ, гуапагъэ, зэIузэпэщыныгъэ уэри уи унагъуэри фыщымыщIэну! — жиIащ Темрезов Рэшид. ТхьэкIушынэ Аслъэн къэралым, хэгъуэгум я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIар гулъытэншэу къэ- накъым. Абы нагъыщэ, фIыщIэ, илъэс зэхуэмыдэхэм щIыхь зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу, ар «Хэкум щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым е 3-нэ, е 4-нэ нагъыщэ зиIэхэм я кавалерщ, «Зэныбжьэгъугъэ», «ЩIыхь» орденхэмрэ «Адыгейм и ЩIыхь», «Кубаным и гуащIэдэкIым и ЛIыхъужь» медалхэмрэ зэрехьэ, УФ-м профессионально-техническэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ, УФ-м ищхьэ профессиональнэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Адыгэ Республикэм, Кубаным, Къэрэшей-Черкесым, Шэшэным, Ингушым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я IэщIагъэлIщ, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Ар 1947 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 12-м Адыгэ Республикэм хыхьэ Улап къуажэм къыщыхъуащ. 1971- 1983 илъэсхэм Адыгейм физической культурэмрэ спортымрэкIэ унафэщI къалэнхэм пэрытащ, Мей- къуапэ дэт профессионально-техническэ училищэм и директору щытащ. 1993 гъэм Мейкъуапэ къэрал технологическэ институтыр (иужькIэ университет ящIыжар) къызэригъэпэщри, икIи абы и унафэщIу лэжьащ. 1995 гъэм Москва дэт, Ломоносов и цIэр зезыхьэ университетым и диссертацэ лэжьыгъэр щыпхыригъэкIри, социологическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор цIэ лъапIэр къыфIащащ. Мейкъуапэ къалэм и депутату, Адыгэ область Советым, республикэм и Ищхьэ Советым, Къэрал Совет-Хасэм я цIыхубэ депутату мызэ-мытIэу хахащ. 2006 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 13-м УФ-м и Президент Путин Владимир и къыхэлъхьэныгъэкIэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ къалэнхэр игъэзэщIэну трагъыхьащ. Ар а IэнатIэ мытыншым илъэси 10-кIэ тетащ.

 

ЕЗАУЭ Маринэ

Еджэн

Эскишехир деж

Эскишехир тырку къалэм дэт щIыпIэ университетым деж 1763-1864 гъэхэм екIуэкIа урыс-кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм папщIэ фэеплъ сын къыщызэIуахащ. Ар къызэрагъэпэщащ къалэм щыпсэу адыгэхэм я Хасэр илъэс 50 щрикъумрэ адыгэ лъэпкъым я щыгъуэщIэж махуэмрэ ехъулIэу.

Ар Эскишехир къалэм щылажьэ Хасэм хэтхэм я ахъшэкIэ ирагъэщIащ. КъинэмыщIауэ, ди лъэпкъым къыхэкIа хьэрычэтыщIэхэм я мылъку халъхьащ. Апхуэдэ гупсысэр 2009 гъэм кърахьэжьауэ щытащ. АрщхьэкIэ я мурадыр щIэх зрагъэхъулIэфакъым. Мы IуэхугъуэмкIэ къэрал унафэщIхэм зыхуагъэ- защ икIи Тыркум щэнхабзэмкIэ и Министрым зэуэ къадищтащ. Фэеплъ сыныр зыщIар адыгэ скульптор Нухь Ачимщ. Университетым и ректор Гюндоган Анадоль жиIащ Тырку къэралым и щIы- налъэм деж адэжь хэкур зрагъэбгына адыгэхэм папщIэ фэеплъ сыныр япэ дыдэ Эскишехир къалэм зэрыщагъэувар зэригуапэр.

Ди корр.

еджэн

ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэс щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Щамым (Сирием), Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм щыIэ хасэхэм, Къэбэрдей- Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Черкес, Краснодар, Ставрополь, Ищхъэрэ Осетие — Алание щIыналъэхэм щылажьэ хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэр, лIыкIуэхэр.

Апхуэдэу абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмрэкIэ и Управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-м и нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ, тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, советым хэтхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. БлэкIа зэхуэсым иужь лъандэрэ Хасэшхуэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьыжащ тхьэмадэр. Къызэхуэсахэр нэхъ убгъуауэ къытеувыIащ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ абыхэм ящыщу хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ я Iуэху зыIутым; ДАХ-мрэ КАФФЕД-мрэ я зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным; Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 153-рэ щрикъу махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр адыгэ щыпсэу хэгъуэгухэм, къэралхэм зэрыщрагъэкIуэкIам; хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я бынхэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным, сабийхэр хэкум зыгъэпсэхуакIуэ къэгъэкIуэным, нэгъуэщIхэми. Ставрополь щылажьэ «Адыгэ» щэнхабзэ купсэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ Ставрополь къалэм и администрацэм и Iэтащхьэ Джатдоев Андрей къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий иритыжащ лъэпкъ зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным и гуащIэ зэрыхилъхьэм папщIэ.

Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ

еджэн

Гъуэгум щызекIуэ хабзэхэр

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыны- мкIэ комиссэм и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм жиIащ иужьрей илъэсхэм республикэ властым и зыгъэзащIэ органхэмрэ федеральнэ структурэхэмрэ зэгъусэу гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIар.

Апхуэдэу, нэрылъагъуу ефIэкIуащ федеральнэ, республикэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм я щытыкIэр. Къэрэшей-Черкесым и закъуэщ гъуэгухэр къэзыгъэнэху Iэмэпсымэхэр здагъэувар. КъинэмыщIауэ, республикэм травматологическэ купси 7 щолажьэ. Абы и фIыгъэкIэ машинэ зэжьэхэуэхэм хэкIуадэ цIыхухэр нэхъ мащIэ хъуащ. Апхуэдэщи, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» машинэхэр зэхурикъуу зэрызыIэрагъэхьам къыхэкIыу машинэ зэжьэхэуэхэм хэхуахэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щIэх ирагъэгъуэт. Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, гъуэгум къыщыхъу хабзэншагъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ видеофиксацэхэр зэрагъэувам къыхэкIыу. НобэкIэ апхуэдэ Iэмэпсымэу 30 ягъэувагъэххэщ, куэд мыщIэу иджыри 40-м лэжьэн щIадзэнущ. Арами, Темрезов Рэшид жиIащ машинэ зэжьэхэуэхэр къызэрыхъур, цIыхухэр зэрыхэкIуадэр, фэбжь зэхуэмыдэхэр зэрыхахыр. Узыгъэгузавэщ абыхэм сабийхэр зэрахэхуэр. Темрезов Рэшид къызэрыхигъэщамкIэ, машинэ зэжьэхэуэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр водительхэм гъуэгу хабзэхэр зэрамыгъэзащIэращ. Абы жиIащ цIыхухэм профилактикэ лэжьыгъэ драгъэкIуэкIын зэрыхуейр. — Мы Iуэхугъуэм жылагъуэ организацэхэр, цIыху жыджэрхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр къыхэшэн хуейщ. Гъуэгубгъухэм ягъэув, машинэм кIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр нэхъыбэ щIыпхъэщ. Водительхэр зыгъэхьэзыр еджапIэхэм я лэжьыгъэр ткIийуэ ди нэIэм щIэдгъэтын хуейщ. Мы зэманым куэд отпуск зэрыкIуэм къыхэкIыу, республикэм и къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и Министерствэм, республикэм и зыгъэзащIэ властым и органхэм, муниципальнэ къэхъугъэхэм я Iэтащхьэхэм зыфхузогъазэ гъуэгухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ Iэмалу щыIэр къэвгъэсэбэпыну, гъуэгу хабзэхэр зыкъутэхэм нэхъ ткIийуэ фабгъэдыхьэну. ЗэIущIэм хэтхэр фыкъыхузоджэ мы Iуэхугъуэм жэуаплыгъэ хэлъу фыбгъэдыхьэну, гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир унафэ ищIамрэ Хабзэм къытхуигъэувымрэ гъэзэщIэным фи лэжьыгъэр хуэвунэтIыну, — жиIащ Темрезов Рэшид. ИужькIэ къэпсэлъащ республикэм и МВД-м, прокуратурэм, егъэджэныгъэмкIэ, промышленнэмрэ сатумрэкIэ Министерствэхэм, МЧС-м я унафэщIхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр. Къэпсэлъэныгъэ нэужьым гъуэгухэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэным, нэхъыщхьэр, ДТП-м ехьэлIауэ профилактикэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным хуэунэтIауэ щIапхъэхэр зэхагъэуващ. — Гъуэгу шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ къалэнхэр къызыхуэувыр властым и органхэм, гъуэгу, хабзэхъумэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Мы Iуэхугъуэм дэтхэнэри къыхыхьэн хуейщ. Апхуэдэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэм и лIыкIуэхэр. Псом хуэмыдэу, мы Iуэхугъуэм хэлэжьыхьын хуейщ адэ- анэхэр. Сабийр цIыкIу щIыкIэ гъуэгу хабзэхэр игъэзащIэу къэгъэтэджыпхъэщ. Нобэ къэтIэта упщIэхэм гулъытэ хуэтщIын, ахэр зэфIэха зэрыхъуным дэтхэнэри делэжьын хуейщ, — зэIущIэм и кIэм жиIащ Темрезов Рэшид.

 КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ

я пресс-къулыкъу

еджэн