КъЧР-м и Правительствэм и Унэм накъыгъэм (майм) и 26-м щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ урысей хыхьэхэкIым и IэщIагъэ Махуэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр НэкIухъу Алий, Министерствэм и IэщIа-гъэлIхэр, республикэм хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ и лэжьакIуэхэр.
Къэрэшей-Черкес Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу щыткIэрэ, хыхьэхэкIым мыхьэнэшхуэ зэриIэр министрым и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ.
— ХыхьэхэкIым и зыужьыныгъэм епхащ экономикэ зыужьыныгъэри, абы кIуэрабгъущIэхэр къыхуэдгъуэтынри, жылагъуэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ хуэIухуэ-щIэхэмрэкIэ къызэгъэпэща хъунри, цIыхухэм лэжьапIэ яIэнри… Хэгъуэгу властым и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщщ хыхьэхэкI цIыкIумрэ ику итымрэ защIэгъэкъуэныр, абыхэм я лэжьыгъэм гъуэгу етыныр. ЖыIэпхъэщи, республикэм хыхьэхэкIым зыщиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэпымыууэ йокIуэкI, ар егъэфIэкIуэным теухуа политикэ мэлажьэ, — жиIащ НэкIухъу Алий.
ЗэIущIэм хэта хыхьэхэкIырылажьэ куэд а махуэм ЩIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщащ, Министерствэм къы-бгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр хыхьэхэкIым щылажьэ дэтхэнэми хуагъэфэщащ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ