ЩIаплъыкI зэпыт

ЩIаплъыкI зэпыт

КъулыкъукІуэцІ зэІущІэ республикэм щекІуэкІащ. Ар ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэм я уасэхэр нэІэм щІэгъэтыным, хэмыгъэхъуэным теухуауэ щытащ.
ЗэІущІэр иригъэкІуэкІащ вице-премьер Гордиенко Евгений. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэм я уасэхэм, ахэр зэтеІыгъэным теухуа хабзэхэм, хьэпшыпхэр къэщэхуным ирипсэлъащ зэІущІэм хэтахэр.
Унафэ къахьащ федеральнэ антимонопольнэ къулы­къум и лІыкІуэхэр ящІыгъуу ухуэныгъэ хьэпшыпхэр здащэ, здыпхагъэкІ щІыпІэхэм комиссэ кІуэурэ, щыты­кІэр щІаплъыкІыну.
Фигу къэдгъэкІыжынщи, КъЧР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мрэкІэ и Министерствэм къызэригъэпэща комис­сэм ухуэныгъэ хьэрычэтым щылажьэхэм защІэгъэкъуэ­нымкІэ, уасэхэр хамыгъэхъуэнымкІэ Іэмал зыбжанэ зэфIахащ.
Гордиенко Евгений къызэрыхигъэщащи, Мини-стерствэм иригъэкІуэкІа апхуэдэ лэжьыгъэм сэбэп къи­хьащ, ухуэныгъэр зэпыуакъым, ухуакІуэхэмрэ Министерствэмрэ гуащІафІэу зэдолажьэ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.