Арктикэ щІыІэлъэ щІыпІэхэм зи Іуэху къыщезыгъэжьэнухэм грант дэІэпыкъуныгъэу зы сом мелуаным нэс иратынущ. Къэрал дэІэпыкъуныгъэр зратынур зытехуапхъэ щытыкІэр — илъэс 25-рэ и ныбжьу щытын хуейщ.
Къэрал дэІэпыкъуныгъэ ирагъэгъуэтынущ уней хьэрычэтыщІэхэми, къулыкъу, ІуэхущІапІэ къызэзыгъэпэщхэми. 2022 гъэм мы программэр пхагъэкІыным Правительствэм сом меларди 2-м щІигъу хуигъэнэІуащ.
«УФ-м и Президентым къыхигъэщащ дызэрыува экономикэ лъэпощхьэпохэм я къыхэкІыпІэ Іэмал нэхъыщхьэ хьэрычэтыр хъуну зэрыгугъэр. Абы къыхэкІыу, уней жэрдэмым, хьэрычэтым зыщІэдгъэкъуэныр ди къалэн пажэщ», — къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм и пашэм.