«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иту ягъэзащIэ «Щэнхабзэм щыщ» хэгъуэгу проектым и фIыщIэкIэ, мы гъэм Къэрэшей-Черкесым щаухуэнущ икIи щызэрагъэзэхуэжынущ щэнхабзэ IуэхущIапIи 8.
УнэщIэхэр дащIыхьынущ Зеленчук районым и Марыхъу, Мало-Къэрэшей районым и Первомайскэ жылагъуэхэм, Карачаевск къалэ округым хыхьэ Домбай курортым, Хьэбэз районым и Малэ Зеленчук къуажэм.
Зэрагъэзэхуэжынущ гъуазджэхэмкIэ сабий еджапIитI, Черкесск къалэмрэ Псыжь къуажэмрэ дэтхэр. НобэкIэ къалащхьэм увыIэгъуэ имыIэу лэжьыгъэхэр щокIуэкI, сабий еджапIэм унащхьэ тралъхьащ, и гупэмрэ и щIыбымрэ зэнагъэсащ.
Абы къинэмыщIауэ, капитальнэу зэрагъэзэхуэжын я мурадщ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIитI: ар Усть-Жэгуэтэ районым щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр здыщагъакIуэ Купсэмрэщ, Зеленчук станицэм дэт щэнхабзэмкIэ уардэ Унэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и дэIэпыкъуныгъэкIэ, 2022 гъэм щIышылэм (январым) и 1-м къуажэхэм дэс щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм улахуэу къахьым сом мини 5 хущIагъуну Iуэхум къыхилъхьащ.
«СызэрегупсысымкIэ, апхуэдэ ахъшэ хущIыгъуныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Хэгъуэгум и Правительствэми, къалэмхэрэ районхэмрэ тетхэми гу лъазгъэтэну сыхуейщ щэнхабзэмкIэ Унэ куэд тщIыну зэрытхуэзэфIэкIам. Ауэ иджы, а IуэхущIапIэхэм цIыхухэр щIэзу къекIуалIэу дгъэпсын хуейщ», — къыхигъэщащ КъЧР-м и Iэтащхьэм.