Темрезов Рэшид зымахуэ иригъэкIуэкIа «Эфир зэIухар» къигъэсэбэпри, Черкесск къалэм щыIэ «Академия футбола» спорт еджапIэм и унафэщI, футболымкIэ гъэсакIуэ Мащенко Сергей видеокIэ упщIитI хуигъэкIуауэ щытащ ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм.
ГъэсакIуэм и лъэIум пэджэжу, мы махуэхэм КъЧР-м физкультурэмрэ спортымрэкIэ и министр Узденов Рэшид хэгъуэгум и журналистхэм яIущIащ Iуэхур зытетыр игъэнэIуэну.
«Ди хэгъуэгум и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIа «эфир зэIухам» деж Мащенко Сергей упщIэкIэ зыхуигъэзат ныбжьыщIэхэм зыздапсыхьын, зыздагъэсэн футбол манежкIэ республикэр къызэрызэмыгъэпэщар игу къеуэу.
АтIэ, нобэ, уэсыр Iуву щытелъ пIалъэм, гугъущ илъэси 3-5 ныбжьым ит сабийхэм уадэлэжьэныр.
Аращи, гъэсакIуэм и нэIэм щIэтхэр курыт еджапIэхэм ишэурэ спортзалхэм щегъасэ. Апхуэдэ спортзалхэр тегъэпсыхьакъым сабийр нэгъэсауэ псыхьыным, футболистыфI къахэщIыкIыным.
Мащенко Сергей зыхуэдгъэзащ манеж зэрыдухуэну проектыр и нэIэ щIигъэувэмэ ди гуапэу. Ди
чэнджэщхэм ар арэзы техъуэмэ, дяпэгъэ дэфтэрхэр дгъэхьэзырынущ, Iуэхури нэхъ псынщIэу кIуэтэнущ. Ауэ, гъэсакIуэм жэуапу къыдитыжынум емылъытауэ, дэ армырами илъэс къакIуэ манеж тщIын едгъэжьэн ди мурадщ», — жиIащ министрым.
ЛЫХЬ Тимур