ХыхьэхэкІым — дэIэпыкъуныгъэ
ХыхьэхэкІым зыщІэгъэкъуэным зи лэжьыгъэр теухуа «горячая линия» Къэрэшей-Черкесым къыщызэІуахащ. Ар зи жэрдэмыр КъЧР-м экономикэ зыужьыныгъэмкІэ и Министерствэмрэ хыхьэхэкІым зыщІэгъэкъуэнымкІэ Купсэмрэщ.
А телефон зэпыщІэныгъэмкІэ хьэрычэтыщІэхэм я упщІэхэмкІэ зыхуагъэзэфынущ, къэрал дэІэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэм зыщагъэгъуэзэфынущ, зрихьэлІэ гугъусыгъухэм ятеухуа упщІэхэри иратынкІэ хуитщ.
«Горячая линия» — м и къалэн нэхъыщхьэр — упщІэхэм жэуап иратын, хыхьэхэкІым щылажьэхэм чэнджэщэгъу яхуэхъунращ.
«Горячая линия» телефоныр: 8-800-201-32-99 (телефон зэпыщІэныгъэр пщІэншэщ). Абы псэлъар хыхьэхэкІым щылажьэхэм защІэгъэкъуэнымкІэ Купсэм и ІэщІагъэлІхэм пащІэнущ. Лэжьэгъуэ сыхьэтхэр (лэжьэгъуэ махуэхэм): 9-м щегъэжьауэ 18-м нэгъунэ.
КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу