ХуэгъэкIуэтэныгъэкIэ – щIыхуэ
Урысей Федерацэм и Правительствэм иджыри сом мелард 25-рэ къиутIыпщащ мэкъумэш IэнатIэм щылажьэхэм хуэгъэкIуэтэныгъэкIэ щIыхуэ иратын (льготные кредиты) папщIэ.
ЦIыхубэ хъызмэтымрэ къэрал къулыкъумрэ я Урысей Академием (РАНХиГС) и Ищхъэрэ-Кавказ институт-къудамэм менеджментымрэ хыхьэхэкI правомрэкIэ и кафедрэм и унафэщI, социологие щIэныгъэхэм я доктор Алиевэ Светланэ жеIэ:
— Украинэм щекIуэкI операцэ хэхам епха къэхъугъэхэм япкъ иту Европэ Зэгуэтым и къэралхэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтымрэ санкцэ нэхъ ткIиижхэр къагъэщIащ. МащIэ-куэдми ар зэран хуэхъунущ мэкъумэшхъызмэт IэнатIэм, икIи зэрыгурыIуэгъуэщи, къэралым и ерыскъы шынагъуэншагъэм. Зэрынэрылъагъущи, ерыскъыхэкIхэр къэлэжьыныр дунейпсо утыкум щыIэ, Iуэхугъуэ нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ. Ахэр нэхъри емыкIакIуэмэ, зыкIи нэхъыфI хъукъым. Эксперт-зэхэгъэкIакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, шынагъуэр апхуэдизу инкъым, сыту жыпIэмэ, ерыскъыхэкI нэхъыщхьэхэмкIэ Урысейм езым зыкъызэрегъэпэщыж процент 80-кIэ. АрщхьэкIэ Iуэхум хуэгъэзауэ диIэ гурыфIыгъуэр зыгуэркIэ ягъэмащIэ къыдапэса пыбзыкIыныгъэхэм. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, къытIэрагъыхьэжынукъым джэдкъаз щахъукIэ къагъэсэбэп витамин дыщIыгъуныгъэхэр (витаминные добавки), губгъуэ жылапхъэхэр, мэкъумэшхъызмэт оборудованэр, гъэшхэкIхэр къыщыщIагъэкIкIэ халъхьэ пкъыгъуэхэр. Абы къинэмыщIауэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди валютэ операцэхэр зэрызэпаудар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, банк куэдыр санкцэхэм щIэхуащ.
А щытыкIэхэм иту, аграриехэм къалэн гугъу къапэщылъщ- абыхэм Iэмал зэриIэкIэ ягъэмэщIэн хуейщ шынагъуэхэр (риски). АрщхьэкIэ аграриехэр къызэтенэн щхьэкIэ, ахэр хуэныкъуэщ дэIэпыкъуэгъу. Нобэрей къэхъугъэхэм япэ къихуэу Iэмал гуэрхэр зэрахьауэ щытащ. Апхуэдэу, 2014 гъэм къащтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и «О Государственной программе развития сельского хозяйства и регулирования рынков сельскохозяйственной продукции, сырья и продовольствия на 2013 – 2020 годы» унафэр. Абдежым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, агропромышленнэ комплексымрэ мэкъумэш хъызмэтымрэ хохьэ къэралым и экономикэм ерыскъы сату утыкур къыщызэзыгъэпэщ Iыхьэ нэхъыщхьэхэм.
Абы кIэлъыкIуэу 2018 гъэм накъыгъэм (майм) и 7-м къащтат Урысей Федерацэм и Президентым и «О национальных целях и стратегических задачах развития Российской Федерации на период до 2024 года» унафэр. Урысей Федерацэм мэкъумэш хъызмэтымкIэ и Министерствэм зэхилъхьащ «Система поддержки фермеров и развитие сельской кооперации» в рамках нацпроекта «Малое и среднее предпринимательство и поддержка индивидуальной предпринимательской инициативы» федеральнэ проектыр. ИужькIэ уней фермер хъызмэтхэм нэхъ шэщIауэ заужьыным тригъэгушхуэн папщIэ, 2020 гъэм къэралым унафэ къихьащ мэкъумэш хъызмэтым зегъэужьыным хуэунэтIа грантхэр тыным теухуауэ.
АрщхьэкIэ нобэ къащта санкцэ къызэрымыкIуэхэр ауэми ебгъапщэ хъунукъым 2014 гъэм къыткIэлъызэрахьахэм. Абыхэм ди Iуэхухэр къызэрымыкIуэу гугъу ящI. Псом япэу, зэманым дедгъэкIун, модернизацэ тщIын хуейщ ерыскъыхэкIхэр къыщIэгъэкIыным елэжь (перерабатывающэ) промышленностыр, къэдгъэIэрыхуапхъэщ технологие лъагэхэр, къэдмыщэху хъунукъым микросхемэхэмкIэ гъэнщIа оборудованэщIэ, нэгъуэщIхэр. Долларым и курсыр зэрыхэхъуэр Iуэхум къыхэлъытауэ, эксперт-зэхэгъэкIакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, мэкъумэш хъызмэтым щыIэ щытыкIэр нэхъри екIэкIуэнущ. Нобэ аграрий куэдыр мэшынэ щIыхуэхэр къалъымысыжынкIэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, щIыхуэхэр иджы щыIэ процент 20-мкIэ къапщтэмэ, зыужьыныгъэм и гугъу ямыщIыжыххэми хъунущ. ИтIани гугъапIэ щыIэщ аграр IэнатIэр къызэтенэну. Абы щхьэпэнущ мэкъумэш лэжьакIуэхэм хуэгъэкIуэтэныгъэкIэ щIыхуэ ятыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм къищта программэр. Ар хуагъэлэжьэнущ сом меларди 158-рэ мынэхъ мащIэу пIалъэ кIэщIкIэ къащтэ щIыхуэщIэхэр пшыныжым.
Зыгъэхьэзырар
ЗЕКIУЭЛI Хьэмыщэщ