Хуапшынынущ
Гъатхэпэм (мартым) и 31-м щегъэжьауэ, сабийхэм загъэпсэхун папщIэ лагерхэм зэрагъакIуэ, кешбэк Iэмалыр зыхэт билетыр ящэн ирагъэжьэнущ.
2021 гъэм Урысейм япэу къыщыдагъэкIа кешбэк программэр аргуэру кърахьэжьэжынущи, накъыгъэм (майм) и 1-м пщIондэ дэтхэнэ зыми и сабийр лагерым игъэкIуэну лъэкIыныгъэ иIэнущ.
Абы хуэгъэзауэ, УФ-м и Правительствэм хэтхэм Президент Путин Владимир зэIущIэ щадригъэкIуэкIам унафэ къихьагъэххэщ. Сабийм и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр зэригъэкIуар зыпшыныну кърахьэжьа программэр зыгуэркIэ ещхьщ турист кешбэк программэ цIэрыIуэм.
Зи гугъу тщIы программэм къызэригъэувымкIэ, сабийм лагерым ирикIуэну къыхуащта билетым и уасэм и процент 50-р хуапшыныжынущ, ар нэсынкIэ мэхъу сом мин 20-м.
«МИР» картэр къагъэсэбэпу билет уасэр лагерым и сайтми, туроператорым и дежи, Интернетым и нэгъуэщI напэкIуэцIхэми къыщагъуэтыфынущ. Ахъшэр лэжьэгъуэ махуихым къриубыдэу я картэхэм къыхуагъэкIуэнущ.
ЗэрыгугъэмкIэ, лагерым кIуэным хущIата уасэм и зэхуэдитIыр зыпшыныж программэм зыри зэран къыхуэмыхъуу лэжьэн хуейщ. Лагерыр Урысейм и дэтхэнэ хэгъуэгуми къыщыхах хъунущ.
Гу зылъытапхъэщи, программэм хагъыхьа лагерхэр мирпутешествий.рф сайтым фихьэмэ къыщывгъуэтыфынущ. Псалъэм папщIэ, нэгъабэ апхуэдэ лагеру 1300-рэ хэтащ. Мы гъэм, кешбэк программэм лагерхэр езыр-езыру хохьэ. КъинэмыщIауэ, ахъшэ щIатын ипэ, адэ-анэхэм зэхагъэкIыпхъэщ къыхаха лагерыр программэм хэтрэ хэмытрэ.
ЛЫХЬ Тимур