ФОКIАДЭМ И 28-Р АДЫГЭ ФАЩЭМ И МАХУЭЩ

ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ!
Си къуэшхэ, си шыпхъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа унафэм ипкъ иткIэ, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Адыгэ фащэм и махуэщIыр фокIадэм и 28-р щагъэлъапIэ ди лъэпкъэгъухэр зыщыпсэу щIыпIэхэм: Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Апхуэдэуи хамэ къэрал 50-м щIигъум щыпсэу ди къуэшхэм Адыгэ фащэм и махуэр къыддаIыгъ.
Дунейм лъэпкъыу тетым зыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI дамыгъэ иIэжщ. Дэ ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ адыгэ фащэр. Щыгъын къудейкъым, ар — лъэпкъым и тхыдэ, гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызыхэщыж IэдакъэщIэкIщ. Кавказыдж, этнограф цIэрыIуэ Студенецкая Еленэ итхащ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу – апхуэдэщ адыгэ цейм и дыкIэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр икъук1э зэкIуж щIэхъур». Фащэр адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэхэм – Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми – къащтащ. Ди лъэпкъыр дуней псом къызэрыщацIыхуу щыта фащэр тхъумэжыну, нобэми къэтхьэсыну тхузэфIэкIащ ди нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ.
ФIыщIэ ин яхузощI ди япэ итхэм, тхыдэтххэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм ди щIэблэр я лъэпкъ тхыдэм щыгъуазэу, зэман жыжьэм къыщежьауэ нобэми дгъэлъапIэ хабзэхэр ящIэу, зэрахьэу гъэсэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIым пащIэ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи, си щхьэкIи си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ фащэм и махуэмкIэ!
Сохъуахъуэ нобэрей махуэшхуэр угъурлы хъуну. ИрефIакIуэ дыщыпсэу Урысей Федерацэр, Кавказ Ищхъэрэр, адыгэ лъэпкъыр! Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр быдэ ирехъу! Мамырыгъэ, узыншагъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ псоми диIэну Тхьэм жиIэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.