Утыку гъэщIэгъуэныщэ

ШыщхьэIум (августым) и 10-13 махуэхэм Къэрэшей-Черкесым макъамэмрэ щIэныгъэмрэкIэ «Другой звук» (Altersono) зи фIэщыгъэцIэ фестиваль щекIуэкIынущ. 

Архъыз деж фестивалым ипкъ иту утыкуи 6 къызэIуахынущи, дауэдапщэ 30-м щигъу ирагъэкIуэкIынущ.  Апхуэдэщ классикэ макъамэм и концертхэр, щIэныгъэ-макъамэ зыщIэт бгы дэкIыгъуэхэр, макъамэ перформансхэр, иммерсивнэ экскурсиехэр.

Махуищым къриубыдэу фестивалым и хьэщIэхэр Хэха Асрономическэ Обсерваторэм, X-XI лIыщIыгъуэхэм хиубыдэ члисэхэм, археологие зыплъыхьакIуэхэм, зэпсэлъэныгъэхэм, нэгъуэщI куэдым хэтынущ.

Концертхэращи жанр, лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщаубыдэнущ: Бетховен ван Людовигрэ Вивальди Антониорэ я деж щегъэжьауэ Чайковский Пётр, иджырей урысей композиторхэм я макъамэхэм деж щыщIэкIыжу.

Къыхэгъэщыпхъэщи, музыкант ныбжьыщIэхэм папщIэ скрипкэмкIэ, фортепианомкIэ мастер-классхэр ирагъэгъэкIуэкIынущ.

Мы фестиваль гъэщIэгъуэным хэтынущ Москва къалэм щыщ музыкант, уэрэджыIэ 13. Ахэр, дэтхэнэри, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я лауреатщ.

КъинэмыщIауэ, мы Iуэхугъуэхэм хэтынущ УФ-м и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ институтхэм я щIэныгъэрылажьэхэри.

Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэщ «Будущее время» фондыр. Дауэдапщэхэр екIуэкIынущ Къэрэей-Черкесым щэнхабзэмкIэ и Министерствэм, «КАВКАЗ.РФ» АО-м, «Романтик» ГК-м я дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.

«Другой звук» фестивалыр – ар цIыхумрэ дыкъэзухъуреихь щIыуэпсэмрэ классикэ макъамэм и IэмалкIэ зэрызэпсалъэ, зэрызэрыщIэ утыку гъэщIэгъуэнщ. Проектым и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр дыкъэзухъуреихь дунейм нэгъущI нэкIэ егъэплъынращ.

КъызэгъэпэщакIуэхэмрэ фестивалым еблэгъахэмрэ я зэпсэлъэныгъэхэр теухуауэ щытынущ щIыуэпсым, хьэршым, нэгъуэщI темэ гъэщIэгъуэнхэм.

Мы фестивалым еблэгъэну гукъыдэж зиIэхэм билетхэр къащэхуфынущ бадзэуэгъуэм (июлым) и 10-м щегъэжьауэ altsono.ru сайтым деж.

«Другой звук» дауэдапщэр Черкесск къалэм шыщхьэIум (августым) и 10-м къыщызэIуахынущ. Абы ипкъ иту Altersono оркестрым, Къэрэшей-Черкесым и музыкантхэм концерт ятынущ. ИужькIэ макъамэм, щIэныгъэм теухуауэ зэпсэлъэныгъэхэр щыIэнущ.

Фестивалым хэтыну хуейм, упщIэ зиIэм Александровэ Анастасие зыпищIэ хъунущ: a.aleksandrova@futuretime.ru

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.