Урысейр — мамырыгъэм и телъхьэщ

Черкесск къалэм щыІэ хытІыгу ЩхъуантІэ паркым и ехыпІэ лъагапІэм тет, цІыхубэ зэныбжьэгъугъэм и Стеллэр мэлыжьыхьым (апрелым) и 7м КъЧРм щыпсэу цІыхубэм ДНРр (Донецкая Народная Республика) и щхьэ хуитыж хэгъуэгуу къызэрагъэщІрэ илъэсий зэрырикъуам, Украинэм нобэ щекІуэкІ спецоперацэр зэрыдащтэм и нагъыщэ   хъуащ.

Абы и щыхьэту щытащ зэхыхьэм хэтахэм яІыгъа плакатхэр, абыхэм тетха псалъэхэр, ныпхэр, ныбжьыщІэхэм къэрал ныпым и плъыфэхэмкІэ зэхэщІыхьауэ ящхьэрыгъа пыІэхэр, нэгъуэщІ теплъэгъуэхэри.

Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсалъэкІэрэ, республикэ Жылагъуэ палатэм и унафэщІым и къуэдзэ Псэун Аслъэн къыхигъэщащ Украинэм щекІуэкІ хьэргъэшыргъэхэм къэралыр, зэрыдунейуэ икъукІэ щытыкІэ зэхэщІыхьам зэрырагъэувар, ауэ сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми, зэфІэзэрыхьыгъуэми дыкъызэрикІынумкІэ фІэщхъуныгъэ цІыхубэм зэрыхэлъыр.

— Хамэ къэралхэм къытхуагъэув санкцэхэр экономикэм, жылагъуэм, банкым, хьэрычэтым, дэнэ лъэныкъуэкІи ди лъэр щІаудыным наІуэу хуэунэтІащ. Ар цІыхубэм къыгурыІуэу, бэшэчагъ, шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ. ЖыІэпхъэщи, дэнэкІи щынэры  лъагъущ цІыхубэм и зэкъуэтыныгъэмрэ зэкъуэувэныгъэмрэ. Мазэ хъуауэ Украинэм щокІуэкІ спецоперацэр. Ди зауэлІхэм къэралым и пащхьэм я къалэн щагъэзащІэ, гужьеигъуэм хэхуахэр кърагъэл, — жиІащ Псэуным.

Украинэ Іуэхур къызэрыхъейрэ, илъэсий хъуауэ Жылагъуэ палатэм лэжьыгъэшхуэ ирегъэкІуэкІ, Донбасс и цІыху мамырщІэкъухэр къригъэлын, абыхэм ирах леягъэхэр дэфтэрхэмкІэ щІагъэбыдэн папщІэ.

— Илъэсий хъуауэ Урысейм дипломатическэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкІуэкІ, мамыр щытыкІэр зэфІигъэувэжын, зэгурыІуэныгъэр щыгъэІэным хущІэкъуу. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, Урысейм и жыІэр зэхахакъым, зэхахынуи хуеякъым.

Къыхэгъэщыпхъэщ нобэ ди къэралым и экономикэм къызэрымыкІуэу къызэрытракъузэр. Ауэ, зыми емылъытауэ, УФм и Правительствэм хэкІыпІэр къегъуэт хыхьэхэкІ цІыкІумрэ ику итымрэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэхэми защІигъэкъуэнымкІэ, — къыхигъэщащ Псэун Аслъэн.

Абы и къэпсэлъэныгъэм и кІэм власть къулыкъу псори къыхуриджащ федеральнэ унафэхэр, къыхэлъхьэныгъэхэр фейдафІэу ягъэлэжьэну.

— Сыту жыпІэмэ, ахэр псори зыхуэунэтІар экономикэ зыужьыныгъэрэ жылагъуэм и фІыгъуэрэщ. Сыт щыгъуэ зэмани Урысейр мамырыгъэмрэ къэгъэщІыныгъэмрэ я телъхьэщ. Нобэ нэхъри мыхьэнэшхуэ иІэщ дызэкъуэувэным, цІыхугъэ зыхэдгъэлъыным, гулъытэкІэ дызэпэджэжыным, Іей зи мурадхэм ди акъылхэр ядмыгъэгъэутхъуэным,—къыпидзэжащ абы.

Апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэм, гупсысэхэм пэджэжащ утыкум щыІуа лъэпкъыпсэ, хэкупсэ уэрэдхэр, еджакІуэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, флешмобыр.

 

 

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.