Урысейпсо жармыкIэр — ЛэжьапIэ лъыхъуэхэм

Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм  мэлыжьыхьым (апрелым) и 14-м «Работа России. Время возможностей» Урысейпсо жармыкIэм и япэ Iыхьэр щекIуэкIынущ.

КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Гербековэ Иринэ а Iуэхум теухуауэ  зэрыжиIамкIэ,  жармыкIэр зыхуэунэтIар лэжьапIэншэ закъуэхэракъым, атIэ зи къэухьым зезыгъэужьу, нэгъуэщI IэщIагъэхэм зыхуезыгъэсэну, я лэжьапIэр зыхъуэжыну хуейхэми ар ятегъэпсыхьащ.

— 2023 гъэр  ди республикэм промышленностым зегъэужьынымкIэ и Илъэсу зэрагъэнэIуам ипкъ иту, догугъэ лэжьапIэщIэхэмкIэ нэхъыбэу республикэр къызэгъэпэща хъуну. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр хуэныкъуэщ дохутырхэмрэ ику ит персоналхэмрэ. Апхуэдэ къабзэу ди хэгъуэгум деж туризмэм зэрызиужьым елъытауэ IэщIагъэщIэхэмрэ IэщIагъэрылажьэ хэхахэмрэ отраслым къегъэхъу.

КъытхукъуэкI лъэкIыныгъэхэм ялъытакIэрэ, нобэ лъэныкъуэ куэдкIэ цIыхухэм зэрызаужьыфынур ядгъэлъагъуну дыхуейщ.  ЖармыкIэм и япэрей Iыхьэм мыхьэнэшхуэ идот, икIи дыхуейт ди республикэм щыпсэухэм гулъытэ хуащIу,  абы къарит лъэкIыныгъэр къагъэщхьэпэну.

ГуащIэдэкI сатум къыхилъхьэ IуэхущIапIэщIэхэмрэ лэжьапIэщIэхэмрэ зыщывгъэгъуазэрэкIэ, фи гъащIэр гъуэгущIэмкIэ фыунэтIыфынущ, —  жиIащ Гербековэ Иринэ.

КъЧР-м щыпсэухэм лэжьапІэ къахуэгъуэтынымкІэ Купсэм (УГСЗН) и унафэщI Къумыкъу Хъызыр жармыкIэр зэрекIуэкIыну щIыкIэм дыщигъэгъуэзащ:

— IыхьитIу гуэшауэ екIуэкIыну жармыкIэм и хэгъуэгу Iыхьэм папщIэ утыкуи 6 къызэдгъэпэщынущ.

Мыбдежым лэжьапIэтхэм я IуэхущIапIэхэм къикIа лIыкIуэхэр къыщытепсэлъыхьынущ ябгъэдэлъ лъэкIыныгъэхэм, мастер-классхэмрэ «Iэнэ хъурей» щIыкIэм ит зэпсэлъэныгъэхэмрэ щрагъэкIуэкIынущ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я класс нэхъыжьхэм хэс еджакIуэхэм профориентацэ лэжьыгъэр драгъэкIуэкIынущ.

Мы жармыкIэм къыхыхьэкIэрэ лэжьапIэтхэми лэжьапIэ лъыхъуэхэми зыхэдэнрэ къызыхахынрэ ягъуэтынущ.  Мыпхуэдэ лэжьыгъэм и къэухьым хэгъуэгу къудейракъым къызэщIиубыдэнур, атIэ зэрыкъэралу лэжьапIэтхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэр мыбдеж щагъэнэIуэнущ. Абы ипкъ итуи нэгъуэщI хэгъуэгум щылэжьэну хуейхэми лэжьапIэ къалъыхъуэфынущ мы жармыкIэм деж, — жиIащ УГСЗН-м и унафэщIым.

КъинэмыщIауэ, къыхагъэщащ республикэм и IуэхущIапIэхэр жану мы Iуэхум къызэрыхыхьар. Апхуэдэу, нобэкIэ лэжьапIэ 600-м нэс порталым щагъэнэIуащ, абы щыщу «Южный» агрокомбинатым IэщIагъэрылажьэ 300-м нэс хуэныкъуэу къыщагъэлъэгъуащ.

Хэгъуэгу жармыкІэр Черкесск къалэм щэнхабзэмкIэ  Унэм щрагъэкIуэкIынущ, лэжьапIэ цIыхухэм къахуэ-гъуэтынымкIэ районым щылажьэ купсэхэри зэпыщIэныгъэкIэ жармыкIэм къыхыхьэфынущ.

ЩIыдгъужынщи, «Зыуэ щыт Урысей» партымрэ лэжьапIэ къахуэгъуэтынымкIэ къулыкъумрэ ирагъэжьа проектыр зи жэрдэмыр УФ-м гуащІэдэкІымрэ социальнэ хъумэныгъэмрэкІэ и Министерствэращ.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.