Тхыдэ махуэщІ

Мы гъэм, накъыгъэм (майм) и 3-м хыщІрэ етхуанэу къэрэшей лъэпкъым игъэлъэпІащ я къэщІэрэщІэжыныгъэм и Махуэр. Тхыдэм хыхьа, а махуэм ипэ ита, къэхъукъащІэ хьэлъэхэмкІэ гъэнщІауэ щыта илъэсхэр ягу къагъэкІыжу, фэеплъым я щхьэ хуагъэщхъыу накъыгъэм и 3-м республикэм махуэщІ Іуэхугъуэ куэд щрагъэкІуэкІащ.

ХабзэфІ зэрыхъуауэ, а махуэм цІыхубэр щызэхуэсащ Карачаевск къалэм дэт, хэкум ирагъэкІа лъэпкъым щыщу хамэщІхэм зи гъащІэр щызыухахэм я фэеплъым деж. КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид удз гъэгъахэр щигъэтІылъащ къэрэшей лъэпкъ депортацэм ихьахэм я фэеплъ сыным и пащхьэм. Удз гъэгъахэмрэ блэрхэмрэ ягъэтІылъащ республикэм и Правительствэм хэтхэм, власть къудамэхэм щылажьэхэм, динырылажьэхэм, жылагъуэхэм я лІыкІуэхэм. КъЧР-м и муфтий, ДУМ-м и тхьэмадэ Бердиев хьэжы Исмэхьил къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщІащ.

Къэрэшей лъэпкъым къыхэкІа, цІыхубэ усакІуэ Семенов Исмэхьил и фэеплъ а махуэ дыдэм Карачаевск къалэм къыщызэІуахащ. Ар—къэрэшей литературэм и лъабжьэр зыгъэтІылъахэм ящыщщ, усэ, уэрэд мащІэкъым къигъэщІар. Абыхэм ящыщщ «Минги-Тау» цІыхубэ уэрэдри.

МахуэщІым теухуа Іуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр республикэм и хытыгу ЩхъуантІэ зыгъэпсэхупІэ паркым щыІэ амфитеатрым щекІуэкІащ. ЗэІущІэм къеблэгъащ КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм  и ЦІыхубэ ЗэІущІэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, хэгъуэгум и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат, УФ-м и Федеральнэ ЗэІущІэм ФедерацэмкІэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкІыу хэт сенаторхэу Къэзэнокъуэ Кърымрэ Салпагаров Ахъмэтрэ, Къэрэшей-Черкесым и Іэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщІ Уэз Мурат, федеральнэ, хабзэхъумэ къулыкъухэм я унафэщІхэр, Правительствэм хэтхэр, депутатхэр, динырылажьэхэр, жылагъуэ, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лІыкІуэхэр, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ къикІа гупхэр, республикэм щыпсэухэмрэ хьэщІэхэмрэ.

Къызэхуэсахэм дин хабзэм тету Бердиев хьэжы Исмэхьил дыуэ яригъэщІа нэужь, псоми захуигъэзащ Къэрэшей-Черкесым и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид.

—Илъэс 65-кІэ узэІэбэкІыжмэ, 1957 гъэм и накъыгъэ мазэм тхыдэ пэжыгъэр зэфІагъэувэжащ. Илъэс 14-кІэ хамэщІхэм щыпсэуа къэрэшей лъэпкъым и япэ лъэбакъуэхэр и щІыналъэм къыхуичыжащ. Илъэс куэдкІэ зыпэплъа гъуэгур хузэІуахащ! Къэрэшей-Черкес Республикэм и илъэсищэр щыдгъэлъапІэм мыхьэнэ хэха иІэщ ди блэкІа тхыдэр тцІыхужыным, ар къэтпщытэжыным, ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ яшэчам дапхыплъу къэкІуэным дегупсысыным. Къэрэшей-Черкесыр—зэкъуэшу зэдэпсэу лъэпкъ куэдым я зы унэщ икІи абы и хуабагъэмрэ гуапагъэмрэ зэгъусэу тхъумапхъэщ, лъэпкъ зырызхэм къахэкІа, дин зэхуэмыдэ зезыхьэ щІэблэкІэрэ зэгурыІуэныгъэр яку дэлъу, ди Хэку цІыкІумрэ ди къэрал уардэ Урысеймрэ я зыужьыныгъэмрэ щІэрэщІэныгъэмрэ я телъхьэу псэуным папщІэ!

Сывохъуэхъу мамырыгъэ, угъурлыгъэ, зэІузэпэщыныгъэ фыщымыщІэну! Къэрэшей-Черкесым— щІэрэщІэныгъэ! —жиІащ хэгъуэгум и Іэтащхьэм.

Хъуэхъу псалъэхэмкІэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ Иванов Александри. Абы къыхигъэщащ къэрэшей лъэпкъым республикэм къигъэзэжа нэужь абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищІар, гуащІэдэкІ ехъулІэныгъэфІхэр къудамэ зэхуэмыдэхэм зэрыщызыІэригъэхьар.

—Зэгъусэу ди республикэр духуащ икІи нобэ тегъэчынауэ жытІэфынущ Къэрэшей-Черкесым и гуащІэрылажьэ цІыхубэм, зэкъуэтыныгъэмрэ быдагъэмрэ я фІыщІэкІэ мамырыгъэмрэ зэгурыІуэныгъэмрэ здэтепщэ, Урысейм и зы хэгъуэгу щІэращІэу ди къэрал уардэм и зы Іыхьэу дызэрыщытыр,—жиІащ Иванов Александр.

АдэкІэ утыкур яІэтащ республикэм и къэфакІуэхэмрэ уэрэджыІэхэмрэ.

А махуэ дыдэм екІуэкІа Іуэхугъуэ куэдым ящыщ зы хъуащ Учкекен къалэм деж, республикэм и Іэтащхьэм и жэрдэмкІэ къыщызэрагъэпэща шыгъажэхэр. Хэгъуэгум и Іэтащхьэм, и щхьэкІэ къыбгъэдэкІыу шыгъажэм хэтхэмрэ абы еплъыну къекІуэлІахэмрэ хъуэхъу псалъэхэмкІэ захуигъэзащ КъЧР-м и Іэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщІым и къуэдзэ Семенов Ахъмэт.

Зэдэжэгъуибл екІуэкІащ, дэтхэнэм дежи текІуэныгъэм нэрыгъыу щыщІэбэнащ, бжьыпищыр зыхьахэри ягъэнэІуащ. Зыри саугъэтыншэу утыкум ирагъэкІыжакъым. Шыгъажэм щытекІуахэм псори зэхэту ахъшэ фІыщІапщІэу сом мин 800 иратащ.

ГуфІэгъуэкІэ гъэнщІа махуэщІ Іуэхугъуэхэр щрагъэкІуэкІащ Черкесск къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ паркым дежи.

КъинэмыщІауэ, къэрэшейхэм къыщагъэзэжам, мафІэгухэр япэу зытехьа Эркин-Щыхьэр станцым дежи фэеплъ Іуэхугъуэхэр щекІуэкІащ.

ТУАРШЫ Ирэ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.