Иджыблагъэ УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Новак Александр видео-зэпыщIэныгъэм ипкъ иту иригъэкIуэкIа зэIущIэм ди республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид хэтащ.
Нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар социальнэ унэтIыныгъэ зиIэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ сэбэп къэзыхьыну, газификацэмкIэ системэм пыщIа упщIэхэращ, къэралым и хэгъуэгухэр, къуажэхэр, жылагъуэхэр щIыуэпс гъуэзкIэ къызэгъэпэщыныр, здынэмыса щIыпIэхэм ешэлIэнращ.
НобэкIэ Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм лъэIу 1950-рэ къабгъэдэкIащ «догазификацэ» программэм хуэгъэзауэ. Абыхэм ящыщу лъэIу 1172 –м деж ухуэныгъэ – монтаж лэжьыгъэхэр зэлъэщIагъэхьащ, цIыхухэм я псэупIэхэм ирашэлIащ. Апщыгъуэми, республикэм щагъэзащIэ цIыху щхьэхуэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ, Iуэхум халъхьа ахъшэр субсидировать яхуэщIынымкIэ программэр. ЗэрыхъумкIэ, ахъшэр зытрагъэкIуадэр щIыупэс гъуэз къэзыгъэсэбэп оборудованэ е щIыуэпс гъуэз зэрыкIуэ бжьамийхэр зыIэрыгъэхьэнращ, абыхэм пыщIа ухуэныгъэхэращ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ Урысей Федерацэм и хэгъуэгухэм деж социальнэ догазификацэмкIэ проектыр зэрыщагъэзащIэмкIэ, Къэрэшей-Черкесым ещанэ увыпIэр зэрыщиIыгъыр.