Сатум кIэлъыплъынущ
КЪЭРЭШЕЙ-ЧЕРКЕСЫМ промышленностымкIэ, энергетикэмрэ транспортымрэкIэ и Министерствэм, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и Министерствэм, мэкъумэш хъызмэтымкIэ и Министерствэм, ОНФ-м, Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум (ФАС-м) и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм зэгъусэу махуэ къэс щIаплъыкI социальнэ мыхьэнэ зиIэ ерыскъыхэкI хьэпшыпхэм я уасэр.
НэIэм щIэт дэфтэрым хохьэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ерыскъыхэкI хьэпшып лIэужьыгъуэ 32-рэ, моторхэм къыщагъэсэбэп гъэсыныр.
Абы къинэмыщIауэ, уасэхэм псынщIэу кIэлъыплъын щхьэкIэ къызэрагъэпэщащ хэгъуэгу зэпыщIэныгъэ псын- щIэр («горячая линия»). АбыкIэ къаIэрыхьэ хъыбархэм тещIыхьауэ Министерствэхэм лэжьыгъэ ирагъэкIуэкI. Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъум и лэжьакIуэ- хэр ящIыгъуу къызэхакIухь сату предприятэхэр, гуры- Iуэгъуэ ящI уасэхэм ирисондэджэр зэрымыхъунур, абы санкцэ къызэрыпэкIуэнур.
Социальнэ мыхьэнэ зиIэ ерыскъыхэкI хьэпшыпхэм я уасэхэр зэпIэзэрыту щытыныр нэIэ ткIийм щIэтщ. Хэгъуэгу зэпыщIэныгъэ псынщIэм («горячая линия») и телефоныр — 8 (8782) 28-03-28.