Сабий ахъшэр

КъЧР-м и 1этащхьэ Темрезов Рэшид иригъэк1уэк1а «эфир зэ1уха» зэпсэлъэныгъэм сабий зи1э унагъуэхэм кърат пособэхэм яхьэл1а упщ1эхэр къыща1этащ. Ат1э, нэхъыбэу анэхэр щ1эупщ1ащ мазэм сабийм техуэ ахъшэр къыщрат махуэ хэха и1эу зэрыщымытым и щхьэусыгъуэм, апхуэдэ п1алъэ и1эу гъэпсыным щ1элъэ1уу.

Иджыблагъэ мы 1уэхумк1э журналистхэм зэпсэлъэныгъэ ядригъэк1уэк1ащ КъЧР-м гуащ1эдэк1ымрэ социальна зыужьыныгъэмрэк1э и министр Щак1уэ Руслан.

— Ди хэгъуэгум деж сабий зи1э унагъуэхэм къатехуэ социальна ахъшэхэр
дэмыхуу, и п1алъэм адэ-анэхэм я1эрохьэ. Абык1э хэгъуэгум щ1ыхуэ телъкъым. Ауэ нобэ анэхэр зыщ1элъэ1у п1алъэ хэха (фиксированная дата) и1эу ахъшэ тыгъуэм дытеувэну лъэк1ыныгъэ диIэкъым. Мазэм къриубыдэу ахъшэр унагъуэм къылъос, тегъэчынауэ махуэ хэха имыIэми.

Дызэрыщыгъуазэмк1э, ди гъунэгъу хэгъуэгухэм дежи мы 1уэхугъуэм хуэгъэзауэ я лэжьыгъэр апхуэдэщ зэрызэтегъэпсыхьар. Сабийм хуэгъэзауэ унагъуэм къьйэрьгхьэ пособэм щьпцу хэгъуэгум кърит ахъшэ 1ыхьэм къинэмыщ1ауэ, абы федеральна ахъшэу хэлъым и процентыр куэдк1э нэхъы-
бэщ. Абы къыхэк1к1э, ахъшэ тыгъуэр зэлъытар хэгъуэгу закъуэракъым, ат1э федеральнэ ахъшэр хэгъуэгум къыщьйэрыхьэри къыхэлъытапхъэщ.

Мы иужьрей мазэхэм къыхэзгъэщыну сыхуейщ унагъуэхэм ахъшэр мазэм и к1эм зэраIэрыхьэнур. Нобэ абы хуэгъэзауэ лэжьыгъэхэр йок1уэк1, — жи1ащ министрым.

Зэригъэнэ1уамк1э дыгъэгъазэм (декабрым) и 25-м нэс унагъуэхэм сабий ахъшэр я1эрыхьэнущ. Ипэк1и абы хэк1ып1э къызэрыхуагъуэтынум пылъынущ.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.