Гъатхэпэ (март) мазэм къыщегъэжьауэ, илъэси 8-16-м къриубыдэ сабий зиIэ, куэдым хуэныкъуэу псэу цIыхухэм зэрадэIэпыкъуну мардэщIэхэр УФ-м и Правительствэм Iуэхум хэгъыхьащ. Ахъшэ тыгъуэхэр зылъысыну къызытехуэ унагъуэхэр ищхьэкIэ зи гугъу тщIа сабийхэр зиIэхэращ, е ахэр зыпIхэращ (опекунхэм). ИкIи унагъуэм щыщ дэтхэнэми ику ит и хэхъуэр нэхъ мащIэу щытыпхъэщ — хэгъуэгум деж цIыхур ирипсэуну зыхуэныкъуэм нэхърэ (прожиточный минимум). Апхуэдэ унагъуэхэм я сабий къэс къытехуэ ахъшэр къратынущ накъыгъэм (майм) и 1-м щегъэжьауэ.
Абы папщIэ, фи лъэIу тхылъыр МФЦ-м щыщIэфлъхьэн, е «Госуслуги» порталыр къэвгъэсэбэпу зыщывгъэгъуэзэн хуейщ: унагъуэхэм щыщ дэтхэнэми и паспортым итхэм, щхьэж хэкIыпIэу, хэхъуэу иIэм, здэлажьэмрэ еджапIэу къиухамрэ, «МИР» банк счетым и реквизитхэм, къинэмыщIауэ, хэт хуэгъэкIуэтэныгъэ къылъысыну къытехуэми зрагъэщIэфынущ.
Евгъэхь лъэIу тхылъыр щыщIаплъыкIкIэ еплъынущ:
— хэт сыт хуэдэ хэхъуэ иIэми: улахуэм, щхьэхуэу нэгъуэщI щIыпIэ лажьэмэ, бэджэнду ит псэупIэм ахъшэу къыхуихьым, алимент итмэ, и пенсэр зыхуэдизым, хэлъхьэныгъэ ищIа ахъшэм къыхуахь процент бжыгъэм, нэгъуэщIхэми;
— хэт сыт хуэдэм ылъку бгъэдэлъми: псалъэм папщIэ, зы фэтэрым е машинэм нэхърэ нэхъыбэ иIэмэ, и автомобилым и лъапIагъым;
— лэжьапщIэ щIиIэм, ар имыIэмэ, абы и ущхьэгъумрэ —«хэхъуэ зэримыIэм» и гъэпсыкIэхэр.
Накъыгъэм и 1-м лъэIу тхылъ щIэфлъхьэмэ,накъыгъэ — мэлыжьыхь мазэхэм къыватыпхъэр зэ тыгъэу фи картэм къыфхуагъэкIуэнущ. Ауэ, накъыгъэм и кIэрамэ щыщIэфлъхьар, мэлыжьыхь, накъыгъэ, мэкъуэуэгъуэ мазэхэр зэрыIыгъыу къыватынущ.
Илъэсым техуэну ахъшэ дэIэпыкъуныгъэхэр къбжри зэуэ ягъэув, ауэ мазэм деж зэщ зэратыр. Адэ-анэхэм тхылъхэр щӀалъхьа нэужь, хэгъуэгум деж цӀыхур ирипсэуну зыхуэныкъуэр зэрагъэувам и къэухьым иту, сабий къэс къратыпхъэщ процент 50-м къыщегъэжьауэ 100-м нэс. Псалъэм папщӀэ,
процент 50 къыхуагъакӀуэкӀэрэ, унагъуэм ику ит и хэхъуэр цӀыхур ирипсэуну хэгъэгум къритым нэхърэ нэхъ мащӀэмэ, процент 75-м нэс хухагъэхъунущ, ауэ къыхуагъэкӀуар процент 75-уэ, ари минимальнэм нэмысмэ — проценти 100-р ирагъэкъунущ.