Иджыблагъэ КъЧРм и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид зэІущІэ дригъэкІуэкІащ Къэрэшей Черкес Республикэм финанс экономикэ, социально экономикэ зыужьыныгъэхэмкІэ и оперативнэ штабым хэтхэм.
ЗэІущІэм хэлэжьыхьащ Правительствэм хэтхэр, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я Іэтащхьэхэр.
КъинэмыщІауэ, зэІущІэм къеблэгъащ республикэм и ФСБ. Прокуратурэ, МВД, ФНС, Росстат, банк, ОНФ, хыхьэхэкІым щылажьэхэм я Зэгухьэныгъэ, антимонопольнэ къулыкъухэм къабгъэдэкІа лІыкІуэхэр.
ЗэІущІэм къыщаІэта упщІэ куэдым ящыщщ мыхьэнэшхуэ зиІэр — ерыскъыхэкІхэм, хущхъуэхэм, ухуэныгъэ пкъыгъуэхэм, хьэпшыпхэм я уасэхэмрэ абы теухуа политикэмрэ.
Къызэрыхагъэщащи, нобэ зэрыкъэралу зыхэт Іуэхухэм япкъ иткІэрэ, псори хуопабгъэ урысей экономикэм и льабжьэр гъэбыдэным, социальноэкономикэ щытыкІэр зэпІэзэрыту къызэтегъэнэным, жылагъуэмрэ хьэрычэтымрэ защІэгъэкъуэным. Мыхьэ нэшхуэ иІэщ сондэджэр сату Іуэхухэр къэмыгъэ хъуным, хамэ къэрал хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкІымрэ я пІэ ди къэралым щащІар игъэувауэ сатущІапІэхэр щызу къызэгъэпэщыным.
ЗэІущІэм хэтахэр тепсэлъыхьащ республикэм и ІуэхущІапІэхэмрэ хьэрычэтымрэ дэІэпыкъуныгъэ егъэгъуэтыным. Федеральнэ купсэм деж къыщахьа унафэхэм япкъ иткІэрэ, къэралым и экономикэм фІыуэ зыщІагъэкъуэнущ.
«Апщыгъуэми, хэгъуэгум дежи къару псори зэгъэуІуауэ, лъэкІыныгъэу щыІэ псори къэдгъэсэбэпын хуейщ, экономикэм хуэунэтІауэ. ЛэжьапІэхэр зэхуамыщІыжыным и Іэмал псори зехьэпхъэщ. Лъэпкъ проектхэр гъэзэщІэным гулъытэ хэха егъэгъуэтыпхъэщ», — къыхигъэщащ Темрезов Рэшид.
Илъэс къэс Къэрал Думэм и пащхьэ УФм и Правительствэм къищІ Къэпщытэжыныгъэр иджыблагъэ ирагъэкІуэкІащ.
Къапщытэжащ илъэс кІуам ирагъэкІуэкІа лэжьыгъэр, ягъэнэІуащ къалэныщІэхэмрэ гулъытэ пажэ зэгъэгъуэтыпхъэ лъэныкъуэхэмрэ.
Урысейм и Правительствэм и тхьэмадэ Мишустин Михаил и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ къэрал экономикэм зыужьыныгъэфІ зэригъуэтар.
Абы и щыхьэтщ бжыгъэхэр. Апхуэдэу: ВВПм проценти 4,7кІэ хэхъуащ. Экономикэм хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщІар промышленность, сату къудамэхэращ.
Машинэ ухуэныгъэ къудамэм проценти 10кІэ къехъуащ.
2021 гъэм и фокІадэ (сентябрь) мазэм лэжьапІэншагъэр проценти 4,3м хуэкІуащ икІи иужьрей илъэсхэм я гъэлъэгъуэныгъэ нэхъыфІ дыдэ хъуащ.
Пандемие илъэситІым къриубыдэу, урысей экономикэм, нэхъ зызыужьауэ къалъытэ къэралхэм елъытауэ, хуэдитхукІэ зиІэтащ.
«Апхуэдэ щытыкІэм и фІыщІэкІэ,—жиІащ Мишустин Михаил, — экономикэм лъабжьэ быдэ хуэдгъэтІылъащ».
Мишустин Михаил и гугъу ищІащ медицинэ къудамэм зыужьыныгъэфІ зэригъуэтам…
ЗэІущІэм зытепсэлъыхьа лъэныкъуэщ хамэ къэралхэм къраш ерыскъыхэкІхэр, хьэпшыпхэр, къинэмыщІхэр ди къэралым щащІамкІэ зэхъуэкІыным, хамэ къэралхэм къытхуагъэув санкцэхэмрэ абыхэм Урысейр зэрыпэщІэувэнумрэ, пособэхэм, инфляцэм, хьэрычэт цІыкІумрэ ику итымрэ къэрал дэІэпыкъуныгъэу ирагъэгъуэтынум, мэкъумэш хъызмэтым и зыужьыныгъэм, нэгъуэщІ куэдми. Къэпщытэжыныгъэм нэхъ убгъуауэ зыщывгъэгъуэзэфынущ газетым и къыкІэлъыкІуэ къыдэкІыгъуэм.