Лэжьыгъэм пащэнущ

КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид хэгъуэгум и Правительствэм хэтхэм зэІущІэ ядригъэкІуэкІащ. Ар теухуауэ щытащ лъэпкъ проектхэр хэгъуэгум щыпхыгъэкІыным.

«Нобэ тегъэчынауэ жытІэфынущ хамэ къэралхэм урысей экономикэм и лъэр щІаудынымкІэ, ди къэралым и зыужьыныгъэм лъакъуэщІэдз зыхуащІынымкІэ я мурадхэр къазэрыдэмыхъунур.

УФ-м и Правительствэм унафэ зыбжанэ къихьащ къэралым щыпсэухэм, экономикэм и къудамэхэм, хыхьэхэкІ цІыкІумрэ ику итымрэ защІэгъэкъуэным теухуауэ.  Абы ипкъ иткІэрэ, лъэпкъ проектхэр дгъэлэжьэным гулъытэ хэха хуэтщІын хуейщ, сыту жыпІэмэ ахэр цІыхубэм и псэукІэр едгъэфІэкІуэным и лъабжьэщ. Проектхэр пхыгъэкІынымкІэ дэтхэнэми жэуаплыгъэ дохь икІи ди къару псори етхьэлІэн хуейщ абыхэм къыпэкІуэныгъэфІ яІэным», — Телеграм каналым щиІэ напэкІуэцІым щитхащ Темрезов Рэшид.

ЗэІущІэм хэтахэр тепсэлъыхьащ мы гъэм хуагъэнэІуа къалэнхэр зэрызэфІахыну Іэмалхэм. Апхуэдэу, «Безопасные и качественные дороги» лъэпкъ проектым ипкъ иту мы гъэм республикэм гъуэгу километр 40-м щелэжьынущ.

«Формирование комфортной городской среды» программэм ипкъ иткІэрэ, пщІантІэ 50-м, цІыхухэр куэду щызэхуэс щІыпІэ 13м елэжьынущ. Карачаевск къалэм деж «ХытІыгу ЩхъуантІэ» паркыр щызэрагъэзэхуэнущ. «Чистая вода» проектыр и лъабжьэу, Къэрэшей, Хьэбэз, Абазэ, Адыгэ-Хьэблэ, Нэгъуей районхэм псыр къабзэу, пэрыхьэту яІэрыхьэн папщІэ, ухуэныгъэ зэхуэмыдэхэр щрагъэкІуэкІынущ. «Тебэрды-Домбай» ТРК-р псыкІэ тыншу къызэрагъэпэщынущ.

«Образование» лъэпкъ проектым тету Учкекен деж еджакІуэ 960м ятегъэпсыхьа еджапІэшхуэ щаухуэнущ.

«Спорт — норма жизни» проектым и фІыщІэкІэ, зыпсыхьыпIэ ІуэхущІапІиплІ ящІынущ.

УстьЖэгуэтэ деж мы гъэм хьэзыр хъунущ «Демографие» лъэпкъ проектым тету яухуэ сабий ІыгъыпІэр.

«Культура» лъэпкъ проектыр и лъабжьэу ІуэхущІапІиплІ мы гъэм  зэрагъэзэхуэжынущ: Черкесск къалэм, Псыжь жылагъуэм — гъуазджэхэмкІэ сабий еджапІэр, Зеленчук, УстьЖэгуэтэ — щэнхабзэмкІэ Унэхэр. Марыхъу, Домбай, Первомайскэ, Ботэщей — щэнхабзэмкІэ Унэхэр щаухуэнущ.

«Модернизация первичного звена здравоохранения» программэм тету медицинэ ІуэхущІапІитхум елэжьынущ. Апхуэдэу, Ипщэ Учкулан къуажэм ФАП дащІыхьынущ, амбулаторэщІэхэр дагъэувэнущ Преграднэрэ Октябрьскэрэ, МалоКъэршей район сымаджэщым, Тебэрды сымаджэщым я поликлиникэхэр зэрагъэзэхуэжынущ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.