Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр гъэбыдэнымкIэ, зэгурыгъэIуэнымкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Зорин Владимир иджыблагъэ хэтащ Къэрэшей-Черкес Республикэм къыщызэрагъэпэща «Iэнэ хъурей» зэпсэлъэныгъэм. Ар щекIуэкIащ республикэм и Жылагъуэ палатэм.
Мыбы къыхашащ зыгъэзащIэ власть къулыкъухэр, республикэм щылажьэ дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
УпщIэ нэхъыщхьэу зэпсэлъэныгъэм къыщаIэтащ унагъуэм щызэрахьэ хабзэфIхэр хъумэным хуэгъэзауэ зыгъэзащIэ власть къулыкъухэр, жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ зэрызэдэлажьэр.