Къызэрагъэпэщынущ

Къызэрагъэпэщынущ

УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу СКФО-м щыIэ Чайка Юрий мы махуэхэм яIущIащ Луганск, Донецк ЦIыхубэ республикэхэм къикIыу Псыхуабэ (Пятигорск) щетIысэха беженцхэм.
Жэщ-махуэ имыIэу Украинэ Къару Узэдахэр Iэщэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ къызыхэуэ хэгъуэгухэм щыпсэухэм я бынхэр зэщIакъуэри, я щхьэр мафIэсым къыхахащ.
Нэхъыщхьэу ахэр зыхуэныкъуэмкIэ, я къэкIуэнум хуаIэ еплъыкIэхэмкIэ, зыщIэхъуэпсымкIэ беженцхэр полпредым къы­дэгуэшащ. Бзылъхугъэхэм зыжьэу зэды­жаIащ илъэс куэд хъуауэ я гум шынагъэр илъу зэрыпсэур, зэрамыгъэтыншыр.
«2015 гъэм щыгъуи ди хэгъуэгум щекIуэкIа зауэ Iуэхухэм я щхьэусыгъуэкIэ, ди Iыхьлы зыщыпсэу Псыхуабэ дыкъэIэпхъуауэ щытащ. ГъащIэр мамыр хъужакIэ дыгугъэу апщыгъуэм декIуэлIэжат ди псэупIэхэм. Ауэ, нэхъри нэхъыкIэ хъуауэ къыщIэкIащ… Нобэ Урысейм и цIыхуу дыкъи­хьэфащ мы къэралым. Ар тхузэфIэкIынымкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуауэ хъуам фIыщIэ ин фхудощI, — жаIащ бзылъхугъэхэм.
«Конституцэм къигъэув Хабзэм ипкъ иту Урысейм и Президентым ехъумэ ди хэкуэгъухэр. ИкIи, нобэ фыкъыздикIа хэгъуэгум щекIуэкI спецоперацэр Iэмал имыIэу къызэгъэпэщыпхъэт, Луганск, Донецк ЦIыхубэ Республикэхэм щыпсэухэр хъумэн папщIэ. Иужьрей илъэсхэм Украинэм и властым мамыру псэу цIыхухэм яхуэгъэзауэ ящIам — лъэпкъгъэкIуэд мыхъумэкIэ уеджэфынукъым.
КъухьэпIэр хуейкъым къарууфIэ, зи щхьэ Iуэху зыцIыхуж Урысей къэрал лъэрыхь. Аращ нобэ къэрал куэд зыкъуигъэувэу къыщIытпэувар. Ауэ абыхэм зы­ри яхузэфIэкIынукъым. Дэ дыкъикIуэты­нукъым, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэмрэ ди пщэрылъхэмрэ дгъэзэщIэнущ, Донбасс хэгъуэгум мамыр псэукIэр щызэфIэдгъэ­увэжынущ, — къыхигъэщащ Чайка Юрий.
АдэкIи полпредым и гугъу ищIащ Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум щыпсэухэр сыт щыгъуи хьэщIагъэкIэ зэрыфIыр, гузэвэгъуэ ихуам зыщIагъэкъуэныр я пщэрылъ пажэу зэралъытэр. Абы щыхьэт техъуэуи къигъэлъэгъуащ УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу СКФО-м щыIэ аппаратым и къыхэлъхьэныгъэкIэ зэхаубла, «КавкаZ Zа наших» акцэм къы­пэкIуа IуэхуфIхэр. Ар хуэгъэзащ Ищхъэрэ Кавказ хэгъуэгум икIыу Донбасс ирагъа­шэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэм, ар кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм.
ЩытыкIэ хьэлъэ ихуа унагъуэхэм Чайка Юрий щхьэихауэ яжриIащ ахэр зыхуэныкъуэу хъуамкIэ: дэфтэрхэмкIи, лэжьапIэкIи, бытовой IуэхугъуэхэмкIи, къызэрызэрагъэпэщынур. Полпредым къыбгъэдэкIыу мы унагъуэхэр саугъэт лъа­пIэхэмкIэ ягъэгуфIащ.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован.